Унэидзыхьэ

Къэмыгупсыса хъыбар
Мы хъыбарыр къэзыIуэтэжар си гуащэм и анэ Вэрыкъуэ Хулэщ. Ди жылэм и къекIуэкIыкIам, абы дэсахэм ятеухуа хъыбар гъэщIэгъуэн куэд ищIэу, акъыл жан иIэу дунейм тетащ а цIыхубзыр.
Хулэ и щхьэгъусэ Вэрыкъуэ Хьэтмырзэ къэзымыцIыху Псыгуэнсу дэстэкъым. ЦIыху хьэлэлт, хьэуэжьыуэт, Хулэ хуэдэу хъыбар куэд ищIэрт. Уеблэмэ тхьэрыIуэкIэ абы Мысостейм (Аруан) къафIихьауэ ягъэхъыбарырт лъэныкъуитIми езым яйуэ ябж щIыр - къуажитI зэхуакум дэлъ ныджэр. Хулэ и шыпхъу нэхъыщIэр Борыкъуей щашэм Хьэтмырзи яхэтащ нэчыхьытх ежьахэм. Iэнэм здыпэрысым цIыхугъэ хуохъу здэкIуа къуажэм щыщ зылI. Я псэукIэ, я Iуэху зытет сытхэмкIэ щызэщIэупщIэм, а тIур зэгуроIуэ гъавэкIэ зэхъуэжэну. Хьэтмырзэ щхьэл иIэт Шэрэдж псыхъуэ дэту, зыхуей зыгъуэту псэухэм ящыщт. 
Зэман докIри, зэрызэгурыIуам тету, гъавэ гулъэ къешэри Хьэтмырзэ деж хъуэжакIуэ къокIуэ нэчыхьытхым нэIуасэ щыхуэхъуа лIыр. Абы щIыгъут зи щIалэгъуэ и шынэхъыщIэр. Шыгум илъ нартыхур яунэщIри хьэщIитIыр щхьэлым щIыхьа къудейуэ, щхьэл пщIантIэм къыдохьэ зы хъыджэбз. Абы пхъэхькIэ нартыху пэгунышхуитI къихьат иригъэхьэжыну. Борыкъуей къикIа щIалитIым я нэхъыщIэм ар къилъагъури жиIащ: 
- Уэлей, Хьэтмырзэ, хъыджэбз хьэщIэ къыпхуэкIуам. 
- НтIэ, ар хъарзынэкъэ, уэлэхьи, игъуэ дыдэу къыдыхьам, дэри щIалэ хьэщIэ диIэщ. КIуэ, щIалэфI, къыхущIыхьэ абы и пэгунитIыр. 
ХьэщIэ щIалэр щIэкIри зэ IуплъэгъуэкIэ хъыджэбзыр игу ирихьащ. Набдзэ къурашэт, и щхьэцышхуитIыр и шхужьым фIэкIырт, кIуэаракъэ, хэбдзын щымыIэу, и нэкIукIи, и IэпкълъэпкъкIи зэкIужт. 
- НакIуэ, ныщIыхьэ, хъыджэбз дахэ, - жиIащ щIалэм. - Уэ Хьэтмырзэ ухуейуэ ара хъунщ. 
- Хьэуэ, - идакъым пщащэм, - сыныщIыхьэнкъым, си нартыхум сыкъыщыкIэлъыкIуэнур сщIамэ арат. 
Нэхъ пщыхьэщхьэу къыкIэлъыгъуэзэну къыщыжраIэм, хъыджэбзым дигъэзыкIыжащ псыхъуэм. 
Джылахъстэней къикIаитIыр Хьэтмырзэ игъэхьэщIэу здэщысым, щIалэ нэхъыщIэр, и шынэхъыжьым дежкIэ еплъэкIри, тIэкIуи укIытэу еупщIащ бысымым:
- Хэтхэ ящыщ а хъыджэбзыр? ИкъукIэ цIыхубз гъэса хуэдэщ, щэныфIэщ. 
Хьэтмырзэ къыпыгуфIыкIри абы жэуап иритыжащ: 
- Уэлей, ди пхъум - Вэрыкъуэхэ я хъыджэбзщ. Нэсри къэсыжауэ цIыхубз гъэсам, и адэ-анэри Iэсэлъасэм. Тхьэ сыгъыIэ, хэт ишэми ехъулIам а цIыкIур.
А псалъэмакъым адэкIэ къыпащакъым. ХьэщIэхэм я Iуэху зэфIэкIа нэужь, гъуэгу теувэжахэщ. Мазэ зытIу нэхъ дэмыкIыу аргуэру зэкъуэшитIым къытрагъэзащ Хьэтмырзэ деж, гъавэ къашэри. Ауэ ахэм я мурад нэхъыщхьэр хъыджэбзым щIэупщIэнурат. Ефэ-ешхэу Iэнэм здыпэрысым, зэшитIым я нэхъыжьым жеIэ: 
- Хьэтмырзэ, а зэ къыдыхьа уи унэкъуэщ хъыджэбзыр дигу ирихьащ. Псом хуэмыдэу си шынэхъыщIэм. Апхуэдэ нысэ сиIами зытезгъэгусэнутэкъым. КхъыIэ, хъунумэ, зыгуэрурэ дегъэпсалъэ. 
- А зи гугъу пщIыр ТIакIухуэщ, - жиIащ Хьэтмырзэ, - си фIэщ хъуркъым иджыпсту апхуэдэ Iуэху ар хэтыну, и адэ-анэри акъылэгъу къывдэхъуну. ТIэкIу щIалэIуэщ. ИтIанэ ди зы гъунэгъу щIалэ ерыщу иужь къитщ, Мызхэ ейуэ, ЛакIу жари. Абыи дэкIуэн идэркъым. Ауэ… фезгъэпсэлъэнщ, феплъ. 
Зы гъунэгъу щIалэ хьэщIэм гъусэ хуищIри игъэкIуащ и унэкъуэщ хъыджэбзым деж. «Хьэтмырзэ къоджэ» щыжраIэм, къэщтауэ хъыджэбзыр къыдэкIащ пщIантIэм. Я куэбжэпэм пэмыжыжьэу щыт щIалэр къицIыхужащ ТIакIухуэ. Ар Хьэтмырзэ и деж щилъэгъуат мазэ зытIу ипэкIэ. ЗыкъригъэщIакъым, армыхъуамэ, мо щIалэ екIур игу ирихьат пщащэм. Илъагъуну хуейуэ къызэрыкIуар къыщыжриIэм, ТIакIухуэ абы зыри пимыдзыжу дыхьэжащ и пщIантIэ. 
Куэд дэмыкIыу аргуэру Борыкъуей щIалэр къэкIуащ Вэрыкъуэхэ я деж. Къыдригъэшри епсэлъащ, къимыгъэщIэхъуну елъэIуащ. Ауэ ТIакIухуэ «хъуни мыхъуни» жиIэртэкъым. Апхуэдэурэ щIалэр къызэкIэлъыкIуащ мазитхукIэ. Иужьым, сытми, къытригъэхьэри пIалъэ зратащ. ЩIалэр Хьэтмырзэ деж еблагъэри жриIащ Iуэхур зытетыр, «пщэдей пщыхьэщхьэ сыкъэкIуэнурэ унэидзыхьэу схьынущ уи унэкъуэщ хъыджэбзыр» жиIэри. 
ЩIалэ хьэщIэр и гъуэгу теувэжа нэужь, Хьэтмырзэ цырибон стэчан игъэщIейщ, тегушхуэри кIуащ ТIакIухуэ и адэм деж, «Iуэхур зытетыр мыращ, Алыхьым иухати зэхуэзащ, зэгуэкIуащ, зэгурыIуахэщ, пщэдей жэщ яхьынущ, си зэран хэлъкъым» жиIэри. АрщхьэкIэ хъыджэбзым и адэм идакъым:
- А жыхуэпIэр хъункIэ Iэмал зимыIэщ. Борыкъуей жыжьэIуэщ. Iэмал имыIэми, а иужь къиту жыхуаIэ Мызхэ я щIалэр нэхъыфIщ. Гъунэгъущ, Iуэху диIэ сытми дызэпэIэбэфынущ. Хьэтмырзэ, ди дзыхь удогъэз, ЛакIу къэгъуэти Iуэхур зытетыр гурыгъаIуэ. 
Хьэтмырзэ кIуэуэ ар ЛакIу щыжриIэм, модрейри зыхуеиххэр арати, жэщ зэрыхъуу и ныбжьэгъу щIалитI Iухьащ ТIакIухуэхэ я унэ. «Хьэтмырзэ къоджэ» щыжраIэм, Борыкъуей щIалэр унэидзыхьэ къэкIуа фIэщIри, къыщIэкIащ. КъызэрыщIэкIыу щIакIуэр традзэщ, шыгум ирагъэтIысхьэри Мызхэ яхьащ. 
«Фи пхъур тхьащ» жаIэу ТIакIухуэ и адэ-анэм хъыбар щрагъащIэм, Хьэтмырзэ и пщэ иралъхьэри кIуащ хъыджэбзыр здашам. ТIакIухуэ дей щIыхьэри: «Ущымыуэ, си хъыджэбз, Борыкъуейр жыжьэщ, ущIегъуэжынщ, мы укъыздашар нэхъыфIщ, укIуэжын лъэпкъ Iуэхум къыхыумыгъэкI», - щыжриIэм, хъыджэбзыр гъуэга мыхъумэ, къыпидзыжаIакъым. А зэманым, колхозхэр къэунэхун ипэщ ар зыхуэзэр, хъыджэбзыр яхьамэ къыщIэкIыжу хабзэтэкъым, емыкIушхуэу ябжырт. 
ЕтIуанэ пщыхьэщхьэм Борыкъуей щIалэр къэкIуат Вэрыкъуэхэ, ауэ «укъыкIэрыхуащ, ар дыгъуэпшыхь яхьащ», - щыжаIэм, сыт ищIэнт, и щхьэр къыфIэхуауэ кIуэжащ. 
Борыкъуей дэс Хьэтмырзэ и малъхъэгъум къызэрыхуиIуэтэжамкIэ, фIыуэ илъэгъуа хъыджэбзыр зэрыIэщIахар щIалэм гущIыхьэ щыхъури, щIагъуэу яхуэмышхэу, зэманыфIкIэ а къращIам ирисымэджащ. ЩIэхи къахуишакъым. 
Абы иужькIэ илъэс зыбгъупщI докI. ЛакIурэ ТIакIухуэрэ бынищ зэдагъуэтауэ, я гъунэгъум нысэ къашауэ я хьэгъуэлIыгъуэти, макIуэ зэщхьэгъусэхэр. ГуфIэгъуэр зейм и нысэр Тэрч адрыщI кърашат. Нэчыхьытхыр къыщрагъэблагъэм ТIакIухуэ къецIыхуж зэгуэр къылъыхъуауэ щыта Джылахъстэней щIалэр - екIууи хуэпауэ, и бжьыфIагъкIи адрейхэм къахэлыдыкIыу апхуэдэт. Абы щыIуплъэм ТIакIухуэ и гулъащIэм гурыщIэ IэфIхэр къыщоушыж. АрщхьэкIэ сыт, зыми зыкъригъэщIакъым. 
ХьэгъуэлIыгъуэр икIэм нэблэгъауэ, хьэщIэхэр ирагъэжьэжыну бжэIупэ джэгу щащIым, Борыкъуей щIалэми къецIыхуж зэгуэр фIыуэ илъэгъуауэ щыта бзылъхугъэр. КъецIыхужри, утыкум къохьэ, абдеж щытхэм зэхахыу: «Уэлей, зэ зызмыгъэкIэрэхъуауэ сымыкIуэжын мыбы нэс сыкъыщыкIуакIэ», - жеIэри. Къохьэри, ТIакIухуэ гъунэгъу зыхуещI «къыздэфэ» жыхуиIэу. А лъэхъэнэм нысащIэхэр утыку къихьэу къафэ хабзэтэкъым, ауэ хьэщIэ щIалэм и жагъуэ имыщIын щхьэкIэ е зэгуэр иужь къызэритар текIуа, сытми, ТIакIухуэ къыдокI. Абы и щхьэгъусэр адэкIэ уэршэру щытт. «Уи щхьэгъусэр дахэу къофэ, ЛакIу», - щыжраIэм, джэгур щекIуэкIым гъунэгъу зыкъыхуещIри лIым жеIэ: «Ей, зытумыгъакIуэ Тэрч къикIа щIалэр, хъурейуэ къэфыхь». ТIакIухуэ утыкум здитым, «уэ сыт мыгъуэкIэ сыкъапщIэрэ, ЛакIу» хужиIэжырт и щхьэм…
Махуэ зыщыплI дэкIауэ ЛакIу йоупщI и щхьэгъусэм: 
- Ей, а Тэрч щIалэжьым укъыщыдэфэм «уэ сыт мыгъуэкIэ сыкъапщIэрэ, ЛакIу» щIыжыпIар сыт? Ар гъунэгъуу щытахэми зэхахащ. 
ТIэкIухуэ тегушхуэри пэжыр жиIащ: 
- Тхьэ, уэри ущыгъуазэу си гугъэм а Iуэхум. А щIалэм сихьыну дызэгурыIуауэ, Хьэтмырзэ сыкъигъапцIэри уэ сыкъуитауэ зэрыщытар пщIэжыркъэ? 
ЛакIу къыщылъэтри, къэгубжьауэ, унэ кIуэцIыр къызэхикIухьу щIидзащ:
- А сыхьэтым абы укъыщIыдэфар къызгурыIуакъым, ахъумэ, уэлэхьи, зы фочышэкIэ тIуми сабэр къыфхезмыгъэхтэм! 
И фызым къыжриIар щхьэжэ щыхъури, ЛакIу абы тхьэмахуэкIэ къепсэлъакъым. Иужьым ТIэкIухуэ и щхьэгъусэм бгъэдохьэри щабэу жреIэ: 
КхъыIэ, а уи щытыкIэ делагъэхэр къэгъанэ. Ар зы зэманти фIэкIащ, къэгъазэ имыIэу. Дыгъэм хуэдэу бынищ диIэщ, ахэр зэрытпIыжыным иужь дигъэт. 
ЛакIуи, и щхьэгъусэм нэмыплъ щIритын щхьэусыгъуэ зэрыщымыIэр къыгурыIуэжри, ифI зыкъришэжащ. 
КЪАРДЭНГЪУЩI Тосэ, Псыгуэнсу къуажэ. 2020 гъэ
Поделиться:

Читать также: