Хьэпшыр согуэш

Iуэтэж

А цIыкIухэр тху хъурт. ТхылъымпIэ ашыкым пщIэууэ илът, я лъэбжьанэ цIыкIухэмкIэ тхылъымпIэпсыр зэхафыщIэу. ПлIыр узыншэт, етхуанэр нэ лъэныкъуэт. Щыр занщIэу къащтащ. «Хьэпшыр согуэш» псалъэхэр тету нанэ къищта тхылъымпIэ кIапэм цIыхур «ду» жиIэу къришэлIащ. Къащтащ нэхъ дахэ цIыкIухэр, гъуафэ-хужьыфэхэр. Зы щхъуэ цIыкIурэ нэ лъэныкъуэмрэ къинащи, зэкIэщIэпщхьэжауэ илъщ, тIум язым еплъыну къыщащтэкIэ, адрейр щIыIэм есри – мэпщIэу. Щхъуэрат щIэх-щIэхыу къащтэр. Къеубзэрт, и дзэхэм еплъырти нанэм зыгуэрхэмкIэ къеупщIырт. Нэ лъэныкъуэр зыми къищтэртэкъым. Абы и къуэшыр зэрыкIэщIахыу пщIэурт, ашыкыр къипщыхьырт, хуабапIэ къилъыхъуэу. КъызэрырагъэтIысхьэжууи увыIэжырт.
- МакъыфI иIэщ, жиIэрт нанэм щхъуэ цIыкIур зыгуэрым къыщищтэкIэ.
- Ин хъуну пIэрэ?
- Хъунущ,- иритыжырт абы жэуап. 
- Бзаджэ хъуну?
- Ар уэ зэрыбгъасэщ, си щIалэ. Псори уэращ зэлъытэжар. Е ныбжьэгъу пэж пхуэхъунущ, е жагъуэгъу. Е уихъумэнущ, е щIэпхъуэжынущ.
- Мы сымаджэр сыт псым щIомыгъэтхьэлар? - бэяужыхэркъым зы щIалэр.
Нанэр нэщхъейуэ щIэгуфIыкIри, абы жэуап иритащ.
- Сымаджэми, ари фIыуэ зылъагъун гу пцIанэ гуэр къигъуэтынщ.
- Еуэ ар си ныбжьэгъум къыхуэсщтэнщ. Хьэлэмэт гуэрщ мыр.
- Уэстынукъым, - хэкъузауэ къэпсэлъащ нанэр.
- Ар сыт щхьа? Хэт абы хуейр? Ар сымаджэщ, умылъагъуура?
- Абы къыхуеи щыIэщ. Ауэ уэ уэстынукъым. Щхъуэр къащтэ, сымаджэм уемыIусэ.
- Хъунщ, къызощтэ щхъуэр, - арэзы хъуащ лIыр.
Арати, нэ лъэныкъуэ цIыкIур и закъуэу къэнащ. ЯпэщIыкIэ и къуэшым и джабэ хуабэр къилъыхъуэурэ пщIэуащ. Ауэ нанэм и IэлъэщI хуабэм кIуэцIишыхьу и гуфIакIэм дигъэтIысхьа иужь, бэяужащ.
Махуэхэр кIуэрт, нанэр а щIыпIэм емызэшу тетт, «Хьэпшыр согуэш» тхылъымпIэ кIапэр иIыгъыу. Щыму, сабыру тетт. Ауэ зыгуэр къэувыIэмэ, щабэу хуэгуфIэрти, хьэпшырыр хуишийрт.
- Сыт и уасэр?
- Ауэ узот.
- А... Нэ лъэныкъуэу ара? Сымаджэщи араи… ХыфIэдзи нэхъыфIщ мыр, ди анэ. Хэт ар къэзыщтэнур?
- Зыгуэрым къищтэнщ, уэр нэмыщI.
- Еуэ сэ къызэт. КIапсэкIэ еспхынщи, Iуэр езгъэхъумэнщ.
- Хьэуэ, - жиIащ нанэм, къыбгъэдыхьар зэпиплъыхьурэ. – Уэ ухуейкъым абы. Абы Iуэкъым ихъумэн хуейр, атIэ фIыуэ къэзылъагъу цIыхупсэщ.
- Уей, нанэ, умыгубзыгъэ уэ…
- Хъарзынэщ. Ауэ хьэр уэстынукъым, укъызэмылъэIу.
Апхуэдэу ар а щIыпIэм тетащ, набгъэ хъуа и нэмкIэ блэкI-къыблэкIыжхэр зэпиплъыхьу. Уэшх къешхми, дыгъэ къепсми, ар а щIыпIэм тетт. Ерыщу пэплъэрт. Пэплъэрт нэ лъэныкъуэри, IэлъэщI хуабэм хъурейуэ кIуэцIышыхьауэ.
- Уи махуэ фIыуэ! – къыбгъэдыхьа цIыхухъум нанэ къигъэщтащ. - Къысхуэгъэгъу, узгъэщтэну сыхуеякъым.
- Уэ сыт уи лажьэ, сэ сыхэгупсысыхьати аращ, армыхъу щхьэ сыпщыщтэн хуей.
- СщIэркъым, куэдым згъащтэу жаIэ, - ар здыжиIэм лIым Iулъ нэгъуджэ фIыцIэр дригъэкIуэтеижащ. Ар щабэу хуэгуфIащ, IэфIу жей хьэ пшырыр щилъагъум. ЩеIэбым, къэушри, лIым и Iэхэм къепэмащ, итIанэ щабэу къебзеин щIидзащ. 
- Ар игу урихьащи аращ. Сыт хуэдиз щIауэ сытетми, уэ пхуэдэу зыми хуэгуэпакъым.
- Ар дызэщхьщи аращ. Къасщтэ хъуну?
- Къэпщтэн хуейщ, си щIалэ. Ар апхуэдэу зыми хущыту слъэгъуакъым.
Ар хьэпшырым еубзэн зэрыщIидзэу, модрейм и кIапэ цIыкIур игъэумэрамэу хуежьащ.
- ЗэрыжаIэмкIэ, зыри къыпхуейкъым, ара?
- Къыхуейщ, ауэ сэ япэ къэсым есткъым армыхъу, - жиIащ бзылъхугъэм. 
- ИкIи пэжу бощIэ. Мы цIыкIум хуэдэхэр уIэгъуафIэщ, гупцIанэщ. Абыхэм уахуэсакъын, Iыхьэлейуэ уахуэгуэпэн хуейщ. Ауэ и нэхъыбэр апхуэдэхэм щощтэ.
- Пэжщ, си щIалэ, жыпIэр. Ар сымаджэу къызыщыхъухэращ езым лажьэ зиIэр. Мы цIыкIум цIыху фIыуэ зэрилъагъур уэри къыбгурыIуа хъунщ.
- КъызгурыIуащ. Ауэ зыри хуейкъым абы и лъагъуныгъэм. А и дагъуэм блэплъыкIыу и псэ къабзагъэм зыри еплъыркъым. Сэ жысIэр сощIэж, - жиIэри цIыхухъум и нэгъуджэ фIыцIэр зэIуихащ. Абы и нитIыр зэхуэдэтэкъым. Зыр къигуфIыкIыу къоплъырт, адрейр…
- КъызгурыIуащ…
- Дапщэ зэрыпщэр? - жиIащ лIым, и Iэгум щыжея хьэпшырымкIэ и щхьэр ищIри.
- Езым укъызэрилъагъум хуэдэу уэри лъагъуж. Аращ сэ уасэу сызыхуейр, - щабэу жиIащ нанэм. Сымаджэхэми, ныкъуэдыкъуэхэми фIыуэ къэзылъагъун къалъыхъуэ. Ахэращ абы псом хуэмыдэу хуэныкъуэр.
Уэшхышхуэ къригъэжьащи, нэри пэри ехь, абджыпс пIащIэхэр лыдыжу къретхьэщIэх. Уэшхыр ину Iэуэлъауэу тоуIуэ «Хьэпшыр согуэш» псалъэхэр зытет тхылъымпIэм, абы хьэрфхэр егугъуу тригъэкIыж хуэдэщ. Уэшхым ищIэрт хьэпшырыр IэфI зэрыIэрыхьар, гущабэ зэрырихьэлIар. Ныкъуэдыкъуэхэр абы зыуэ хуэныкъуэщи…
Интернетым къитхащ.

 

ЗэзыдзэкIар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться:

Читать также: