Къалэн хьэлъэ

Къэбэрдей щIэблэщIэр къызэрыушар, лъагъуэщIэ зэрытеувар, хэпщIыкIыу и зэхэщIыкIым зэрызиужьар тхакIуэм Уэсмэн и образ закъуэмкIэ къыдигъэлъэгъуамэ, фIэщ тщымыхъункIэ е лъэпкъым абы и закъуэпцIий къыхэкIауэ къытфIэщIынкIэ хъунт. Ауэ абы гъусэ зэрикуэдыр, езым нэмыщI и къуажэм нэгъуэщIхэри къызэрыдэкIар наIуэ къытщищIын папщIэ, тхакIуэм и драмэм щызэфIегъэувэ Уэсмэн и ныбжьэгъу зыкъомым я образ гукъинэжхэри. Мусэ, Инардыкъуэ, Азэмэт сымэ къызэрыгуэкI къуажэдэс мэкъумэшыщIэхэщ, абыхэм щIэныгъэ зрагъэгъуэтыну яхузэфIэкIакъым, ауэ ахэр цIыху акъылыфIэхэщ, и зэманым и цIыху пэрытхэщ, Iуэху еплъыкIэщIэ къэунэхуахэм тетхэщ, я щIыхьыр, нэмысыр япэ ирагъэщу мэпсэу. Езыхэм зыIэрагъэхьэн яхузэфIэмыкIами, абыхэм щIэныгъэм я нэ къыхуокI, и мыхьэнэр псэкIэ зэхащIэ, я къуажэм къыщызэIухыну еджапIэр я хъуапсапIэщ, я бын абы щеджэнухэм я насып къикIауэ къалъытэ. И ныбжь фIыуэ хэкIуэтами, зытет и зэхэщIыкIкIэ, и гупсысэкIэ къуажэ щIалэгъуалэм зыкIи къыкIэрыхуркъым Азэмэт лIыжьыр. Абы и нэгу куэд щIэкIащ, ар джэгуакIуэ акъылыфIэщ, пэжыгъэм, цIыхугъэм и бэнакIуэ ерыщщ, къуажэ унафэщIхэм зэрахьэ хьэгъэщагъэхэм къикIуэт имыIэу пэщIэтщ.

Гупсысэ куу щIэлъщ, гукъинэжу пьесэм щызэфIэгъэуващ Хьэжмырзэ и образыр. ЦIэ зэхуэмыдэ зэрихьэми, а тхыгъэм щешэжьа IуэхугъуитIми ар хэтщ. ЩIагъыбзэ нэхъыщхьэуи а тIум ящIэлъри зыщ – зи адэм телъа лъыр зыщIэжыну зи пщэ къыдэхуэ щIалэм и натIэ хъурщ, зыхэхуэ бэлыхь мыухыжхэрщ, и насыпыр езым и IэкIэ зэрикъутэжырщ. И насыпыншагъэр къокIри, а щIалэм илъ зытелъ лъэпкъым щыщу къэнар фIыуэ илъэгъуа Гулэ и закъуэу къыщIокI, и адэм и уэсятыр гъэзэщIэныр фIытокIуэри, псэуэ илъагъу и хъыджэбзыр бгым щедзри ирегъэукI.

IэщIэщIа щIэщхъум хущIегъуэжа Хьэжмырзи иужькIэ зыри фIыуэ хуэлъагъужыркъым, унагъуэ хузэгъэпэщыжыркъым, а насыпыншагъэр къыщыхъуа жылэр псоми ябгынэ, и закъуэ фIэкI дэмысыжми, а жылэжьыр абы къыхуэгъанэркъым. Илъ ищIэжын хуейуэ и адэм къалэн хьэлъэ и пщэ къыдилъхьам ар бэлыхь мыухыжхэм хагъэт, зыри зэпщIэж мыхъуну IэщIэщIа щыуагъэм игъэхыщIэу и гъащIэр егъакIуэ.

Ахъмэтыкъуэм и рассказхэм хэт адрей лIыжь образ зыкъомым ещхьу, Хьэжмырзи щIэпсэури гурыфIыгъуэу гъащIэм щиIэри адыгэ лIыхъужь гъащIэ блэкIарщ. Мамыр псэукIэ къэунэхуар абыи фIэкъабылкъым, къищтэркъым, иджырей и лъэпкъэгъухэр адэжь щIыналъэм, Iуэху ин абы пасэм щагъэхъахэм епцIыжауэ, зэфIэкI-лъэкIыныгъэ щIагъуи ахэм яхэмылъыжуи къелъытэ. ЗэрыцIыкIурэ ицIыху, фIыуэ илъагъу пэтми, а лIыжьым апхуэдэфэ иреплъ Уэсмэни, жьэкIэ жримыIэ щхьэкIэ, ар игукIэ хуошхыдэ къуажэ писарым и шыпхъу ФатIимэ къриха лейр лъыкIэ абы зэримыгъэзэкIуэжым щхьэкIэ. Абы къыдэкIуэуи Хьэжмырзэ иужькIэ ищIэри гурыIуэгъуащэкъым: езым и щхьэм кърикIуар, лъыщIэжыныгъэм мыгъуагъуэу къыхуихьар щогъупщэжри, Уэсмэн а гъуэгу пхэнжым трегъэувэ, «уи лейр умыгъэгъу» къикIыу, и къамэр абы IэщIелъхьэ, Заурбэч иукIыныр зэрыфIэкъабылыр псалъэншэу и ныбжьэгъум гурегъаIуэ.

«Къалэн хьэлъэм» нэгъуэщI образ гъэщIэгъуэн зыкъом щызэфIэгъэуващ. Абыхэм я нэхъыбэр екIуэкI гъащIэм и цIыхухэщ, и зэманым я нэпкъыжьэ IупщI тыболъагъуэ, цIыху щхьэхуэу, пыухыкIауэ уи пащхьэм къоувэ, реализмэм и хабзэхэм тету ахэр зэхэлъхьащ. Ауэ, абы къыдэкIуэуи, щIыпIэ ин пьесэм щеубыд бгырыс гъащIэ блэкIами. А тIур зэманкIэ зэпэмыжыжьащэми, а лъэхъэнитIым я цIыхухэр зэхуэдэкъым, зэщхьэщыкIыныгъэ куэд а зэман кIэщIым абыхэм яку къыдэхъуащ.

ТхакIуэми адыгэ лIыхъужь зэманыр егъэлеяуэщ, Iэтауэщ къызэригъэлъагъуэр, апхуэдэм дежи абы къигъэсэбэпыр романтизмэм и художественнэ Iэмалхэрщ. ЕтIуанэ Iыхьэм и лIыхъужьхэм ящыщу гум нэхъ къинэжыр, адыгэ зауэлI нэсым и лIыгъэр, хьэл – щэн гъуэзэджэ хэлъахэр Iэзагъ хэлъу, нэхъ щызу тхакIуэм зыхипщар Увжыкъуэ и образырщ. И ныбжькIэ ар иджыри щIалэщ, ауэ ар и хэкур и псэм емыблэжу зыхъумэхэм яхэтщ, нэхъыщIэхэм щапхъэ яхуэхъуу, зауэ IэнатIэхэм лIыгъэ къыщегъэлъагъуэ. И лъэпкъым и хьэл-щэн нэхъыфIхэр абы и псэм апхуэдизкIэ куууэ хэлъщи, и зэмани и гугъуехьи емыблэжу ахэр абы сытым щыгъуи егъэзащIэ, ахэм емызэгъыу зыгуэр ищIэнуи игуи и щхьи къэкIыхэркъым. Псом хуэмыдэу ар хьэщIэкIэ егъэлеяуэ нэхъуеиншэщ, тхьэм и лIыкIуэу къилъытэ къыхуеблагъэхэр абы зыхуей хуимыгъэзауэ, хабзэм тету нэсу псори ахэм яхуимыщIауэ и щхьэ Iуэху яужь ихьэнукъым.

Романтизмэм и нэщэнэхэр зыдэплъагъу а образым, зэрыхабзэщи, зы хьэл нэхъыщхьэ къыхэгъэщхьэхукIащ – ар Увжыкъуэ и хэкум хуиIэ лъагъуныгъэм и инагъырщ, и къабзагъырщ. Аращ ар щIэпсэур, къулыкъу нэс абы хуэщIэнырщ гъащIэ къалэну къилъытэр. И адэжь щIыналъым абы лъагъуныгъэ хуиIэр езым мыпхуэдэу къыжеIэ: «О, си адэжь щIыналъэм си псэр сэ щIэстынщ, бэлыхьу щыIэр абы щхьэкIэ зыхуэзгъэшэчынщ зыуи къизмыдзэу… Ар фIыуэ солъагъу, солъагъу Алыхьым хуэдэу, солъагъу дибгхэр, ди губгъуэхэр, дипсхэр – солъагъу гурэ псэкIэ, абы щхьэкIи сэ зызгъэлIэфынущ …сэ ар сощIэ…».

Бгырыс лъэпкъхэм я цIыху къызэрыгуэкIхэм я лъахэм пасэм лъагъуныгъэ къабзэ хуаIар, абы и щхьэхуитыныгъэр я псэм и пэ ирагъэщу къызэрыгъуэгурыкIуар Увжыкъуэ и образымкIэ тхакIуэм куууэ къигъэлъэгъуэныр хузэфIэкIащ.

«Къалэн хьэлъэм» нэхъ ехьэжьауэ къыщыгъэлъэгъуар, и цIэ пыухыкIауэ къыщимыIуами, къэбэрдей къуажэ пхыдзахэм ящыщ зыщ, зи гугъу нэхъыбэуи щыщIар абы дэс цIыхухэм я псэукIэрщ, я зэхущытыкIэрщ. Пьесэм къызэрыхэщымкIэ, тхакIуэр гурэ – псэкIэ зи телъхьэр, зи лъэныкъуэр зи гуащIэкIэ псэуж мэкъумэшыщIэхэрщ, ахэрщ лъэпкъым и хьэл-щэн нэхъыфIхэр абы зыдилъагъур, абыхэм я дежщ ахэр абы къыщигъуэтыр. Ауэ зи гуащIэдэкIкIэ псэуж а лэжьакIуэ псэемыблэжхэм я гъащIэр гугъу ящызыщIыр а жылэм и унафэщI щхьэхуещэхэрщ, пцIыIуэпцIышэхэрщ. Ахэр я къулыкъум яхуэфащэкъым, я лъабжьэ щIагъэувахэр хуиту, тыншу ягъэпсэуным ипIэкIэ, ахэм я щхьэ Iуэху фIэкI зэрахуэркъым, жэщи махуи зэгупсысыр къуажэдэсхэм къалэжьыр зэрыфIашхынырщ.

КЪЭБАРТ Мирэ.
Поделиться:

Читать также: