НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 10, гъубж

         Психикэ узыншагъэр хъумэным и дунейпсо махуэщ.

         ЦIыхум и судыр укIкIэ ящIэу мыдэным и европэпсо махуэщ

         1910 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Щомахуэ Амырхъан.

         1925 гъэм къалъхуащ франджы балеринэ цIэрыIуэ, адыгэ лъэпкъым къыхэкIа Черинэ (Щамырзэ) Людмилэ.

         1928 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Iулыдж Iустырхъан.

         1930 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КIуантIэ Iэзид.

         1935 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэу лэжьа Елгъэр Кашиф.

         1939 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, техникэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тхьэгъэпсо Хьэжысмел.

         1940 гъэм къалъхуащ КъБР и цIыхубэ артист Куэт Къанщобий.

         1941 гъэм къалъхуащ Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ тхакIуэ, КъБР-ми КъШР-ми щIыхь зиIэ я журналист, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэу илъэс куэдкIэ лэжьа Дэбагъуэ Мухьэмэд.

         1942 гъэм къалъхуащ уэрэдус, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щомахуэ Хьэсэнбий.

         1942 гъэм къалъхуащ КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Шорэ Ахьмэд.

Дунейм и щытыкIэнур

         «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ.  Хуабэр махуэм   градус 11, жэщым градуси 6 щыхъунущ.

 

Лъэпкъ Iущыгъэ:

ХамэIэр Iэгъэзагъэ щхьэкIэ, гугъэзагъэкъым.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.

 

Поделиться:

Читать также:

06.05.2024 - 13:11 НОБЭ
03.05.2024 - 09:08 НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ