НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 11, бэрэжьей
Хъыджэбз цIыкIухэм я дунейпсо махуэщ
ЦIыхум лы лей зытрилъхьэным ебэныным и дунейпсо махуэщ
1956 гъэм къалъхуащ полицэм и генерал-майор, КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист Кумыщ Мухьэрбий.
1958 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, КъБР-м Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм и Жылагъуэ советым и тхьэмадэ, республикэм и ЩIыхь тхылъыр зыхуагъэфэща Бекъул Аслъэнбэч.
1967 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIу 2004-2010 гъэхэм лэжьа ПщыхьэщIэ Iэнас.
 
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэшх къыщешхынущ.  Хуабэр махуэм   градуси 7, жэщым градуси 4 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Напэм техуэр жьэм жеIэ.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

06.05.2024 - 13:11 НОБЭ
03.05.2024 - 09:08 НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ