НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 13, мэрем

♦ЩIыуэпсым къыщыхъу къэхъукъащIэ шынагъуэхэм къашэ гузэвэгъуэхэр гъэмэщIэным и дунейпсо махуэщ

♦1904 гъэм Тэрч-Псыжь полкым хыхьэ адыгэ сотням хэтхэм зыкъаIэтащ.

♦1891 гъэм къалъхуащ къэрал, парт лэжьакIуэ, нартыхугъэкI цIэрыIуэ, КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ГуащIэдэкIым и Бэракъ Плъыжь орденищ зыхуагъэфэщауэ щыта ХьэщIэлI Мухьэмэд.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ.  Хуабэр махуэм   градус 16 - 19, жэщым градуси 6 - 8 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Хьэм хэсыр хумкIэ маплъэ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

06.05.2024 - 13:11 НОБЭ
03.05.2024 - 09:08 НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ