«Дунеижьыр кIуэцIрыкIыбжэщ»

УсакIуэр зэбгъэцIыхуну ухуеймэ, ар къыщалъхуа щIыпIэр зэгъэлъагъу, жаIэ. Пэжу, ар сыт щыгъуи пхузэфIэкIын Iуэхуу щыткъым. Псалъэм папщIэ, Тагор и хьэтыркIэ Индием, Шекспир и хьэтыркIэ Инджылызым, Гёте и хьэтыркIэ Германием умыкIуэфынри хэлъщ. Ауэ укъимыгъэпцIэжыну Iэмал телъыджэ щыIэщ: усакIуэр зэбгъэцIыхуну ухуеймэ, абы итхахэр гупсэхуу щIэджыкI.

АтIэ, сыт зыхэпщIэр икIи узригъэгупсысыр IутIыж Борис и тхыгъэхэм ущеджэкIэ е къытебгъэзэжурэ щыщIэбджыкIыжкIэ? Езы Борис и псалъэкIэ жытIэнщи, «Поэзием и дахагъэ псор акъылым къыхузэщIэкъуэнукъым… Поэзиер къызэрахутэр гукIэщ. Гум къыхуэбжкъым. Къыхуэпщкъым. ШэчыкIи ищIэркъым. Гум зыхищIэу аркъудейщ… Уэ плъэкIмэ, къэпщ гур зэрыхъуапсэм и инагъыр! Нэр зэрыхъуэпскIым и лъэщагъыр! ГукъэкIыж нэхухэм я хьэлъагъыр! Поэзиер яхуэмыIуэтэщI гуэрщ. ГъащIэм и IэфIагъым къыщIэхузыкIа телъыджэщ».

Дэ дызэреплъымкIэ, IутIыж Борис и усыгъэхэр лIэужьыгъуищу бгуэш хъунущ:

Лъагъуныгъэ усэхэр. «Лъагъуныгъэ» псалъэм и мыхьэнэр икъукIэ бгъуфIэщ: мы лIэужьыгъуэм хохьэ гухэлъ усэхэм я мызакъуэу, лъахэм, ныбжьэгъугъэм, дахагъэм, уафэм, щIылъэм, гуапагъэм, нэгъуэщI куэдми ятеухуа усэхэр.

Сонетхэр. Сонетхэм я мызакъуэу, мыбы хохьэ, зэрыжаIэщи, зыхэщIэм нэхърэ зэхэщIыкIым нэхъ епха усэхэр.

Гуапагъэрэ гушыIэкIэ псыхьа хъуэхъу шаржхэр. Ахэр пкъыгъуэ-пкъыгъуэу зэтопщIыкI, пкъыгъуэ къэскIи езым и нэщэнэ щхьэхуэ иIэжщ.

IутIыж Борис къызыхуалъхуар дахагъэм хуэусэнырт. Ауэ дахагъэ жыхуэтIэжыр сыт? Ар псоми къыдолъыхъуэ. АрщхьэкIэ… дахагъэр щымыIэххэмэ-щэ!

Хьэуэ! ЩыIэщ, щыIэщ а Дахагъэр. Ауэ, щыIэ щхьэкIэ, ар къэбгъуэтыныр (къэплъагъуныр)… Ар – уэращ зэлъытар:

         Уи гущIэм исмэ псэ щIыIагъэр,

         Къоубзэу щытми, къихужыф.

         ИтIанэ уи гур къэпсэлъэнущ:

         «Зэрыдахащэ мы дунейр!»…

         КIэлъыплъыт модэ нэр дэкIуатэу

         БлэкIа хъыджэбзым…

ЩIэщыгъуэщ IутIыж Борис и гухэлъ усэхэри. Абыхэм щIэдзапIэ яхуэхъуар «Си Дахэнагъуэ» усэ гупырщ. ГъэщIэгъуэнщ ахэр усакIуэм прозэкIэ зэрызэпищIар. Пэжу, апхуэдэ прозэри мыусэу жыIэгъуейщ:

«Уэмрэ щIымрэ я зэхуакум макъ бжыгъэншэхэр щызэрызохьэ! А макъ куэдыкIейм ящыщу зэгуэгъухэр, къызэхуигъэщIахэр къэзыхутэр усакIуэхэрщ. Абыхэм макъ зэгуэгъухэр къагъуэт. Макъ къызэхуигъэщIахэр зэрашалIэ… Макъ къызэхуигъэщIа зэрыгъуэтыжхэр зозэгъ. Макъ къызэхуигъэщIа зэрыгъуэтыжхэр къогъагъэри, пшыналъэ дахэ къагъэщI…»

Дахэнагъуэ хьэщыкъ хуэхъуа лирическэ лIыхъужьыр, зи щIалэгъуэ дахэр, дауи, узэхъуэпсэнщ. Зэрыхабзэуи, абы и акъылри, и гупсысэри зытеухуар фIыуэ илъагъурщ.«Ущызмылъагъуми усщIыгъущ», – жеIэ абы. Дахэрэ гуапэу мы дунейм тет псом хилъагъуэри зыми хуэмыдэн и мыгъуэ закъуэм и сурэтщ:

          Мазэр изогъэщхьыр уи напэм,

         Пшэхэр – уи щIыфэ щабэм,

         Дыгъэм и бзийхэр – уи щхьэцым,

         Уафэм и хъуэпскIхэр – уи набдзэм,

         Хьэуар – уи Iубахъэ гурыхьым,

         Лэгъупыкъур – уи бгъэ къэухьым…

IутIыжым и лирическэ лIыхъужь зи гур лъагъуныгъэм иIыгъыр къызэрымыкIуэу хуэжумартщ и пщащэм: дахэм я нэхъ дахэжыр абы хуегъэфащэ, фIым и фIыжымкIэ абы хуоупсэ. ИтIани псори фIэмащIэщ. Аргуэру икIи аргуэру нэхъыфIыж, нэхъ дахэж къигъуэтыну хэтщ – зыми яхимылъхьэ закъуэр нэхъри игъэдэхэн, иIэтын мурадкIэ:

         ЯIуэтэжыуи уэ зэхыумыха

         Ауз дахэ гуэр къыщыткIухьынщ.

         Гухэлъ мэзым дыхэгъуэщыхьынщ.

         Псысэ налъэ защIэу зэхэща

         Лъагъуныгъэ пщыIэм ущIэсшэнщ.

Зэгъэпщэныгъэу щыIэнкIэ хъунум я нэхъ гуакIуэхэр, эпитетрэ метафорэу къыпхуэгупсысынум я нэхъ лъагэмрэ лъапIэмрэ IутIыжым хузэблех лъагъуныгъэм, цIыхум зэ къылъыс хабзэ лъэхъэнэ телъыджэм: «си дуней гъэпщкIуа», «си гухэлъ пшыналъэ», «гухэлъ хадэ»…. АрщхьэкIэ, пасэрейм гу зэрылъитащи, пэ зиIэм кIэ иIэщ. Ди жагъуэ хъу-мыхъуми, лъагъуныгъэми мардэ иIэу къыщIокI. УсакIуэм и псалъэхэмкIэ жыпIэмэ,

         ЗэблокIыр гъэхэр…

         ЗэблокIыр гъуэгухэр…

         ЗэблокIыр цIыхухэр…

         ЗэблокIыр нэхэр…

         ЗэблокIыр гухэр…

         ЗэблокIыр гурылъхэр…

         ЗэблокIыр гухэлъхэр…

Зэ зэблэкIахэр зэхуэзэжыркъым, зэфIэкIуэдахэри зэрыгъуэтыжыркъым, аращ усакIуэм и гуауэр къызыхэкIыр: «Мы цIыхум лъысыр сыту мащIэ! Зыхуейри сыту хуабжьу ин!» Сыт иджы лирическэ лIыхъужьым къыхуэнэжыр? ГукъэкIыжхэрщ:

         КъэкIуатэ мыдэ, си гупсысэ.

         Мы бжьыхьэ пшагъуэм къыхэкIуэт.

         ЩIалэгъуэ лъахэм къина псысэм

         Иджыри мащIэу сыхэгъэт.

         Зэгуэрым, пщIэжкъэ, дамэ стету

         Сэ уи уафэгум сибгъэтаи.

         Гугъэ хужьыпсхэр къат зэтету

         Уи ауз дахэм къыдэзнаи!

 

ГъащIэм къытхуигъэув упщIэхэм я жэуап куэд щыбгъуэтынущ IутIыжым и тхыгъэхэм, сыту жыпIэмэ, ахэр щхьэтехауэ уи пащхьэ къримылъхьэми, усакIуэм и философие лирикэм лъабжьэ нэхъыщхьэ хуэхъур нобэ цIыхухэр нэхъ зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэрщ:

         ГъащIэр зэман-жыгым къыпытIысхьэ пцIащхъуэщ:

         Ажал-къашыргъэжьыр къэсмэ, - пымысыж.

         Дуней мылъкур хуэдэщ Iэгу ущIам илъ пшахъуэм:

         Iэгум зегъэгъази, - занщIэу йощэщыж.

          АтIэ сыт мыкIуэду къэнэжынкIэ хъунур?

         Хыхьэрэ «нэужьым» гъащIэм и Iэужь?

 

         Уи псэм и нэщэнэ гуэрхэр далъагъуну

         ЩыIэу пIэрэ, ярэби, лъэужь?

УсакIуэм и гупсысэхэм упщIэ нагъыщэ пигъэувэми, абы хьэкъыу пхыкIауэ ещIэ а зыщIэупщIэ псори зэрыщыIэр. Пэж дыдэуи, щыIэм къыщынэжыркъым. Абы и щыхьэткъэ лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ цIыхухэм зэхуахьэса Iущыгъэхэр ди деж къызэрысар? Езы IутIыж Бориси абы щыхьэт тохъуэж мыпхуэдэу:

         ЦIыхум и цIэ лъапIэр къызэрилэжьар

         НатIэм къритхахэм къыдищIыкIыфарщ.

БАБЫГУЕЙ Залинэ.
Поделиться: