Гуп хэхам я махуэм

Урысей гвардием и Управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI, полицэм и полковник Васильев Сергей СОБР-м и лэжьакIуэхэм ехъуэхъуащ я махуэмкIэ икIи я къалэнхэр щагъэзащIэм къыхэжаныкIа зауэлIхэм дамыгъэхэр, фIыщIэ тхылъхэмрэ тыгъэ лъапIэхэмрэ яритащ.

- Фэ фщыщ куэдым ящIэж гупыр зэрызэфIэувам и тхыдэр, а илъэсхэм мыкIуэдыжын щIыхь къэзылэжьыфахэр. Кавказ Ищхъэрэм терроризмэмрэ экстремизмэмрэ щыпэщIэтыным фэ уасэ зимыIэ хэлъхьэныгъэ хуэфщIащ, щIыналъэм и зэпIэзэрытыныгъэри куэдкIэ фи фIыщIэщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, хэщIыныгъэхэри диIэщ. ХэкIуэда ди ныбжьэгъу зауэлIхэм я цIэхэр мыкIуэдыжыну тхыдэм хыхьащ. Фызыпэрыт IэнатIэм ехъулIэныгъэшхуэхэр фыщиIэну, фи унагъуэхэм сыт щыгъуи мамырыгъэ илъыну си гуапэщ. Псоми узыншагъэ фиIэну, лъагапIэщIэхэм фынэсыну сынывохъуэхъу. ФIыщIэ фхузощI фи къалэныр нэсу зэрефхьэкIым папщIэ! - жиIащ полицэм и полковник Васильев Сергей.

Зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда я лэжьэгъухэм я фэеплъым пщIэ хуащIу, къызэхуэсахэр зэIущIэм и кIэухым дакъикъэкIэ щымащ.

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.
Поделиться: