Нартхэуэ къызэришар

Абхъаз таурыхъ

Нартхэуэ щIалэм Гундэ тхьэIухудыр зэрилъагъурэ и нэгум щIэт зэпытт, и гупсысэм хэкIыртэкъым.

Ар Iэхъуэ факъырэт, ауэ  лIыгъэкIэ къыпэхъун къэгъуэтыгъуейт, и гъуэгу къытехьам хуигъэгъунутэкъым.

Зэгуэрым ар и анэм деж щIыхьэу:

- Нысашэ сокIуэри хэт къыпхуэсшэн, - щыжриIэм.

- Уэмрэ щIымрэ бгъэзми, зыщ пхуэфэщэну слъагъур, ауэ, къуатыну пIэрэ уэ ар? - къитащ анэм жэуап.

- Хэт къызамытынур? И цIэр къипIуэну фIэкIа сыхуейкъым, - зытригъэхьэркъым къуэм.

- Нарт пелуанищэм нэ лей къытрамыгъаплъэу, уафэм лъэIэсу къыпщыхъу сэрейкIэ къэухъуреихьауэ, абджыпс чэщанэм я шыпхъур щахъумэ. Хъыджэбзым и дэлъхухэр зыцIыхухэр лъыхъун тегушхуэркъым.

Нартхэуэ зыри жимыIэу кIуэри и адэм и шыр къыщIишащ.

- Ди анэ, сэ нарт зэшхэм я шыпхъур къэздыгъуну сокIуэ, хъыджэбзыр къэзмыхьауэ сыкъэкIуэжынкъым,- жиIэри ежьащ.

Арати,  Нартхэуэ щIалэр Хъыжьэрыпс зылъыхъуа Гундэ тхьэIухудыр унэидзыхьэ ищIыну ежьащ.

Жьым нэхърэ нэхъ псынщIэу, шы лъакъуэр щIым емыIусэу мажэ псэлъыхъур. КIуэм-кIуэурэ, щIалитI зэщыхьауэ ирохьэлIэ. Щысхь ямыщIэу зэрыукIыжхэр щилъагъукIэ:

- ЛIо фхуэмыгуэшар? - жеIэри и макъым зригъэIэтауэ щIоупщIэ Нартхэуэ.

- Ди адэр дунейм щехыжым сэшхуэ, щIопщ, щIакIуэ къытхуигъэнащи, ахэр зы­лъысынур тхузэхэгъэкIыркъым, - къатыжащ жэуап щIалэхэм.

- Сэ сывдэIэпыкъунщ, - жиIэщ щIалэми сэшхуэмрэ щIопщымрэ къатрихри, щIакIуэр цIыкIу-цIыкIуу ичэтхъащ.

- СщIам и мыхьэнэр къывгурыIуа?

- КъыдгурыIуащ, - къатыжащ жэуап зэшхэм.

ЩIалэм и гъуэгу хигъэщIу ежьэжащ. Куэдрэ кIуа, мащIэрэ кIуа, Жьабрэ губгъуэ хуитым нэсмэ, нэм къиплъыхьыр дахагъэщ. Плъэмэ, губгъуэ куэщIым цIыхухъуитI итщи, зэрымыщIэжурэ я бгым нэс щIым зэрыхэ­хуащ.

- Ей щIалэфIхэ, фыукIытэкъэ? - жиIэурэ щIалэхэр зэбгришыжри, езыр и гъуэгу теувэжащ. АрщхьэкIэ, щIалэхэм аргуэру зызыраупсеяуэ япэрейм нэхърэ нэхъ гуащIэжу зозауэ. ГъуэгурыкIуэм къигъэзэжщ, зэзауэхэр фIыуэ иудыныщIэри ежьэжащ. Абы иужькIэ щIалэхэр зэзэуэжакъым.

Аргуэру щIалитI зэрыукIыу ирихьэлIащ Нартхэуэ, пщIэнтэкъым мыхэр абы и гъуэгум зыгуэрым къытригъэхьэ фIэкIа.

- Фэри щхьэ фызэфIэна? - йоупщI щIалэр абыхэм.

- Ди адэм къыщIэнауэ жьэгум фIадзэ кIапсэ диIэщи, тхуэгуэшыркъым, - къыхуотхьэусыхэ Нартхэуэ ахэр.

- ЗыкъэфщIэж напэ зимыIэхэ!

Нартхэуэ Iэбэщ, кIапсэр зэпиупщIри, ныкъуэ-ныкъуэу яритыжащ.

Абы хэту нартхэм хьэщIэ къахуэкIуэуи гурыщхъуэ ямыщIу, топ джэгуу пщIантIэм дэтт. Я анэ Сэтэней гуащэ аддэ жыжьэу бжьэпэм къытеува фIыцIагъэ цIыкIум гу лъитэри къэгузэват.

- Си щIалэхэ, топ джэгуныр къэвгъани, хьэщIэм фыпежьэ, - егуоуащ ар и къуэхэм.

- Къэсмэ, дыпежьэнщ, - ятыжырт жэуап нартхэм, я джэгуныр зэпамыгъэууэ.

- ЦIыху бзаджэ къакIуэу къыщIэкIмэ, фIы щIэфхынкъым, - жиIащ Гундэ нэщхъейуэ.

- Хэт дэ мышынэу къыдэзыкуфынур? - жаIа щхьэкIэ, шыпхъум и псалъэхэм едаIуэри, куэбжэшхуэхэр ягъэбыдэщ, пхъэрыгъажэр ирагъэжыжри, бжэгъухэри кIэщIагъэкъуэжащ.

Уащхъуэдэмыщхъуэу, къыздикIари къыздихуари ямыщIэу, уафэгъуагъуэ хуэдэ шы лъакъуэхэмкIэ тепкIэрэ макъышхуэ иригъэщIу Нартхэуэ шыбгъэмкIэ куэбжэр ирихащ, и гъунэгъуу щыта псори щIипIытIэу.

- Фи махуэ фIыуэ, нартхэ! - макъ IэтакIэ захуигъэзащ Нартхэуэ къыпежьахэм.

ХьэщIэм и къыдыхьэкIэр ягу зэрыримыхьар къагъэлъа­гъуэу­ нартхэр щымт.

- Фигу срихьми сримыхьми хьэщIэу сыкъыфхуепсыхащ.

Хуэмей-хуэмейуэрэ нартхэм щIалэм и шы IумпIэр яубыдри, шы фIэдзапIэм фIадзати, шыр абы егъун щIидзэри куэд дэмыкIыу щIым хихуащ. И щхьэр щиутхыпщIым, шы фIэдзапIэр къыхичыжри аддэ жыжьэу Iуи­дзащ. Ари ягу ирихьакъым нартхэм.

- Нартхэ, - захуигъэзащ къызэхуэсахэм Нартхэуэ. - Сэ фи шыпхъур сшэну, благъэ зыфхуэсщIыну сыкъэкIуащ.

- КъэтIыси дызэгъэпсалъэ, - къатыжащ абыхэм мыарэзыуэ жэуап.

ХьэщIэр ауэ щыт шэнтым щытетIысхьэм, абы и лъакъуиплIри щIым хихуащ.

- Сыщытмэ нэхъыфIщ, - жиIэри и Iэщэ-фащэр зэшхэм яхуишиящ, ахэр гъущI пкъом щыфIадзэм, ари кIуэцIрыхуащ.

- Сэ зэзгъэзэхуэжмэ нэхъыфIщ, - жиIэщ хьэщIэми, и Iэщэ-фащэр зэпщIэхилъхьэжщ, и шым зридзри хъуаскIэхэр и лъэгум къыщIихыу зричащ. Нартхэм зыкъыщащIэжам, Нартхэуэ абджыпс чэщанэм нэсщ, Гундэ къипхъуатэри губгъуэшхуэм ихьэжат.

КIэлъыпхъэращ зэшхэр емыкIу къезыщIа щIалэм, нэхъ макъ жьгъырууэ яхэтхэм бгы лъагэм тес Хъыжьэрыпс еджэн щIадзащ.

- Хъыжьэрыпсу лIыхъужь, дызэхэх, дызэхэх, уи нысащIэр ядыгъу, - ар щызэхихым, Хъыжьэрыпс и шым зридзри и лъэ къызэрихькIэ зричащ. Мес ар нартхэм ялъэщIыхьэжащ, дыгъум лъэщIыхьэнми иIэж щыIэкъым.

- Ей, сызэхэпхрэ, цIыхубз IэлъэщI птемылъмэ, къэувыIэ.

Нартхэуэ а псалъэхэр зэхимых хуэдэт.

- Ей, маржэ хъужыхэн, къэувыIэ си нысащIэр зыдыгъуар, къызэтеувыIэ сызыгъэунэхъуар.

- Сыщытщ, - къэувыIащ щIалэр.

- Хъыджэбзыр къэутIыпщи, лъы дымыгъажэу дызэIэпыкIынщ.

- Хьэуэ, дызэзэуэнущ, - икIуэтакъым Нартхэуэ.

Арати, псалъэ лей къыхэмыкIыу шабзэхэмрэ шабзэшэхэмрэ ягъэхьэзырри, зэбийхэр зэпэщIэуващ.

- Япэ уэгъуэр ууейщ, - жиIащ Хъыжьэрыпс.

Арати, шабзэшэхэм зэблэлъэтын щIадзэри махуэ енкIэ щытащ апхуэдэу, Гундэ пщащэри а псом кIэлъыплъа фIэкIа зыри жиIакъым. Нартхэуэ щIалэр игу ирихьу пIэрэт? АрагъэнкIи хъунщ, абы и пэжыпIэр, иджы къыздэсым зыми ищIэркъым.

Нартхэуэ губжьауэ шэр щиутIыпщым, Хъыжьэрыпс и щхьэку дыдэм техуэри, тIууэ зэгуигъэхуащ.

- Уэ уцIыхухъур пэжмэ, сэ гъукIэм деж сынэсу си щхьэр зэгуезгъэпхэжыху къызэжьэ, - жиIащ Хъыжьэрыпс.

- Хъунщ, сэри апщIондэху си шхужьым хэна шабзэр къыхэсхыжынщ, - арэзы хъуащ Нартхэуэ.

И щхьэр иIыгъыу Хъыжьэрыпс гъукIэм деж псынщIэу нэсащ. Гъуаплъэ тхьэмпэхэр щхьэм ирикIуэу къыхибзыкIри, ар гъущI IунэкIэ иригъэубыдыжащ.

Аргуэру зэпэщIэувэжащ зэбийхэр. Хъыжьэрыпс и шабзэр иутIыпщри, и жагъуэгъум и Iэм техуащ, Нартхэуэ и шабзэр Хъыжьэрыпс и лъэгуажьэм ­хэнащ. Къарууншэ дыдэ хъуат тIури. Нартхэуэ Гундэ къищтэжу адэкIэ я гъуэгу хагъэщIыну теувэжа щхьэкIэ, къарууэ иIэр иухри, гъуэгущхьиблыр щызэхэкIым къытенащ.

ЗэзыдзэкIар ЩОМАХУЭ Залинэщ.
Поделиться: