Куэд ди пащхьэ кърилъхьэжащ

Кавказ бзэщIэныгъэм елэжьахэм я нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщщ Къумахуэ Мухьэдин Iэбубэчыр и къуэр. Ар 1928 гъэм бадзэуэгуэм и 29-м Лэскэн районым хыхьэ Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэ нэужьым Тбилиси дэт къэрал университетым кавказыбзэхэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьащ. 1952 гъэм ар фIы дыдэу къиухри, СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием БзэщIэныгъэмкIэ и институтым и аспирант хъуащ. Еджэныр зэфIигъэкIа нэужь, а институт дыдэм кавказыбзэхэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэу ягъэуващ икIи адэкIэ Къумахуэм зэпича щIэныгъэ гъуэгуанэр зэрыщыту а институтым епхауэ екIуэкIащ. Абы япэщIыкIэ кандидат диссертацэр, иужькIэ доктор диссертацэр ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIащ. ЛIэщIыгъуэ ныкъуэм къриубыдэу Къумахуэ Мухьэдин адыгэбзэхэм я фонетикэм, грамматикэм, стилистикэм теухуа щIэныгъэ лэжьыгъэу 200-м щIигъу, абыхэм монографиеу 14 яхэту, игъэхьэзыращ. IуэрыIуатэм и бзэр джыным теухуауэ щIэныгъэлIым иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр ди хэкум и филологие щIэныгъэм лингвофольклористикэ цIэр щызыгъуэта унэтIыныгъэм лъабжьэ хуэхъуащ.

Къумахуэ Мухьэдин хэхауэ иджащ кавказыбзэхэр тхыдэм къызэрыщызэдэгъуэгурыкIуар. Абы и лэжьыгъэхэм дуней псом пщIэ къызэрыщыхуащIам и щыхьэтщ Европэм щынэхъыжь икIи щынэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщ Лунд университетым (Швецие) и доктор цIэ лъапIэр къызэрыфIащар. Ар Урысейм Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ и академием, Куржым ЩIэныгъэхэмкIэ и академием, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием я действительнэ члент.

Къумахуэ Мухьэдин и монографие зыбжанэ, статья куэд Швецием, Великобританием, Германием щытрадзащ. ЩIэныгъэлIым фIыщIэ ин бгъэдэлъщ томитI хъу «Къэбэрдей-шэрджэсыбзэр», адыгэхэм я япэ лъэпкъ щIэнгъуазэр дунейм къызэрытехьамкIэ. Аращ а тхылъхэм я проектхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIар, я редактор нэхъыщхьэу, щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ унафэщIу щытар. Къэхутэныгъэ лэжьыгъэм, щIэныгъэм ехьэлIа къызэгъэпэщыныгъэ Iуэхухэм къадэкIуэу ар егъэджэныгъэми егугъуащ.

Къумахуэ Мухьэдин и унафэм щIэту кавказыбзэхэр джыным пыщIа Iуэхухэм ятеухуа доктор, кандидат диссертацэу 30-м щIигъу ятхащ икIи пхагъэкIащ. Абы къызэригъэпэщащ щIэныгъэм и IэнатIэм пщIэшхуэ щызыгъуэта филологие къэхутэныгъэм и унэтIыныгъэ хэха. Къумахуэ Мухьэдин зэи и нэIэ тригъэкIакъым Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым папщIэ кадрхэр гъэхьэзырыным, а республикэхэм я щIэныгъэлIхэм быдэу япыщIауэ, ядэIэпыкъуу, ядэлажьэу екIуэкIащ.

Филологие щIэныгъэм зегъэужьынымкIэ иIэ фIыщIэхэм папщIэ Къумахуэ Мухьэдин Iэбубэчыр и къуэм Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и щIыхь тхылъхэр къратащ, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIащащ.

Адыгэбзэм теухуауэ Мухьэдин и Iэдакъэ къыщIэкIахэр гупитIу бгуэш хъунущ: япэр бзэм и нобэрей щытыкIэр щызэпкърыхахэрщ, етIуанэр – бзэм и блэкIар зэфIэзыгъэувэжхэрщ. Бзэм грамматикэ хуитхыну япэу яужь ихьауэ щыта Нэгумэ Шорэ сыт ищIауэ щытар? Абы адыгэбзэр япэщIыкIэ иригъэпщащ урысыбзэм. Псалъэм папщIэ, урысыбзэм а зэманым къыхагъэкIыу щыта падежиблыр ди бзэми къыхигъуэтэн и гугъэу икъукIэ елIэлIауэ щытащ. ИтIанэ адрей бзэ зыщыгъуазэмкIэ – хьэрыпыбзэмкIэ – зигъазэри, абы и къупхъэми иригъэзэгъэну пылъащ. Шорэ абыкIэ емыкIу хуэпщI хъунукъым: япэрауэ, абы «щIыпIэ нэщIым» къыщригъэжьэн хуейт, адыгэбзэм теухуауэ зэи зыми къэхутэныгъэ иригъэкIуэкIатэкъым, етIуанэрауэ, езыми апхуэдизу щIэныгъэ куу бгъэдэлътэкъым. Ауэ иужькIи адыгэбзэм елэжьахэри, мащIэми куэдми, а гъуэгу дыдэм ирикIуащ – щхьэж езыр нэхъ зыщыгъуазэ бзэм и мардэхэмкIэ адыгэбзэр яджыну яужь итахэщ.

Ауэ нэрылъагъут абхъаз-адыгэ бзэ гуп жыхуаIэр зэбгъэпщэни зэбгъэщхьыни дунейм зэрытемытыр, абы къыхэкIкIи мыбыхэм езым я бгъэдыхьэкIэ къахуэгъуэтыжын хуейт. Ар икIэм нэсу зыхулъэкIар Къумахуэ Мухьэдинщ. Абы и лъэныкъуэкIэ щIэныгъэлIым хузэфIэкIам тхылъ псо тептхыхьыфынущ, ауэ мыбдеж зы щапхъэ закъуэ нэхъ мыхъуми къэтхьынщ.

Бзэм и тхыдэр нэхъ зэфIэгъэувэжыгъуафIэщ, абы лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ тхыгъэ иIэу къэгъуэгурыкIуамэ, е, индоевропеибзэхэм ещхьу, зэIыхьлы бзэ Iэрамэшхуэ хъурэ абыхэм ящыщ зым фIэкIуэдар адрейхэм я деж къыщыпхуэгъуэтыжмэ. Адыгэбзэм а лъэныкъуитIымкIи «и насып къикIакъым»: ди бзэмкIэ тхэн зэрырагъажьэрэ лIэщIыгъуэрэ ныкъуэм фIэкIакъым, мыдэкIэ нэхъ Iыхьлы гъунэгъу дыдэу диIэ бзищымрэ – абазэбзэ, абхъазыбзэ, убыхыбзэ – дэрэ апхуэдизкIэ дызэпэщIэкIащи, ахэр тегъэщIапIэ щыпщIыфыр зэзэмызэххэщ. Къэнэжа Iэмал закъуэр – езы бзэм и щIыпIэ псэлъэкIэ щхьэхуэхэр (диалект, говор жыхуэтIэхэр) арати, мис ахэр IэкIуэлъакIуэу зэригъапщэкIэрэ пасэрей адыгэбзэм и фонетикэри, морфологиери, синтаксисри ди пащхьэ кърилъхьэжащ Мухьэдин. Ауэ Къумахуэм зэфIигъэувэжар ди бзэм и тхыдэм и закъуэкъым. Бзэм къыдит IэмалхэмкIэ абы игъэнэIуащ IуэрыIуатэми, лъэпкъ тхыдэми, щэнхабзэми я проблемэ зыбжанэ.

1970 гъэхэм Мухьэдин итхауэ щытащ нарт Сосрыкъуэ и цIэр этимологие и лъэныкъуэкIэ зэпкърыхыным теухуа тхыгъэ мыин дыдэр. Ар инагъкIэ къызэрыгуэкIми, мыхьэнэуэ иIэмкIэ зэи зи пщIэр емыхуэхын лэжьыгъэ щыпкъэщ, сыту жыпIэмэ, бзэщIэныгъэм и хабзэ ткIийм темыкIыу абы къыщыгъэлъэгъуащ нарт цIэрыIуэм и цIэр шэч лъэпкъ къытумыхьэжыну зэрыадыгэбзэр. ЗэрытщIэщи, нобэми нарт эпосыр зралъэфэлIэну нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщ Iэджи къыхузэпощэ. Абдежым эпосым и лIыхъужь курыхым и цIэр зыщыщ бзэр гъэнэхуэным мыхьэнэшхуэ иIащ. Илъэс бжыгъэ я зэхуакуу Къумахуэ Мухьэдинрэ абы и щхьэгъусэ пэж икIи и IуэхущIэгъу IэкIуэлъакIуэ Зарэрэ зэдатхащ IуэрыIуатэм и бзэмрэ гъащIэмрэ я зэпыщIэныгъэм теухуа тхылъищ. Авторхэм а тхылъищымкIэ щIэныгъэрылажьэ псоми хьэкъ щащIащ нарт эпосым и лIыхъужь нэхъыщхьэ зыбжанэмрэ абыхэм ехьэлIа сюжетхэмрэ къыгуэпх мыхъуну адыгэбзэм, адыгэ тхыдэм, адыгэ щэнхабзэм епхауэ къызэрыгъуэгурыкIуэр. Абы щыгъуэми, ар зытххэм нэгъуэщI лъэпкъ гуэри ягъэпудыркъым, зыми и Iыхьэ къытрахын гуращэ яIэкъым, атIэ дэтхэнэми я пщIэр зэрахъумэным пылъщ.

УблэкIынкIэ Iэмал иIэкъым лъыкIи, хабзэкIи, бзэкIи ди Iыхьлы дыдэ убыххэм ятеухуауэ Къумахуэм хузэфIэкIам. Аращ СССР-м щыщ щIэныгъэлIхэм ящыщу ХХ лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэм убыхыбзэм ирипсалъэу дунейм къытенэжауэ щыта цIыху закъуэм – Теффик Эсенч деж кIуэфауэ щытар, иужькIэ а лIыжьыр къезыгъэблагъэу и адэжь хэкур езыгъэлъагъужари Мухьэдинщ. Теффик дэлажьэурэ, итIанэ хамэ къэралхэм щыщ щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэхэр, убыхыбзэкIэ щыIэ тхыгъэхэр куууэ зэпкърихыурэ Къумахуэм япэщIыкIэ убыхыбзэм теухуа очерк япэ дыдэу ди къэралым къыщыдигъэкIауэ щытащ, иужькIэ а унэтIыныгъэм зригъэубгъуурэ, зэпымыууэ елэжьурэ убыххэм ятеухуа тхылъ псо итхащ.

Абырэ Адыгэ щIэнгъуазэм (энциклопедием) убыххэм ятеухуауэ ит Iыхьэмрэ (ари Мухьэдинщ зи IэдакъэщIэкIыр) убых лъэпкъым я энциклопедие пэлъытэ хъуащ, ахэр дунейм текIуэдыкIыжа лъэпкъым я фэеплъ игъащIэкIэ мыкIуэдыжынщ.

Апхуэдэкъабзэу адыгэбзэм теухуа энциклопедиещ, а бзэм теухуауэ лэжьа хъуа псори къызэщIэзыкъуэж тхылъщ псом япэу Мухьэдин и фIыщIэкIэ дунейм къытехьа, ищхьэмкIэ зи цIэ къыщитIуа «Къэбэрдей-шэрджэсыбзэ» томитIыр. Аращи, зы энциклопедиекIэкъым Къумахуэр къызыхэкIа и лъэпкъым зэрыхуэупсар…

БищIо Борис,

филолоие щ/эныгъэхэмк/э доктор.

 

Поделиться: