Хьэлыр ебгъэфIэкIуэнумэ

 «Пхъэр мафIэм зэрисым хуэдэ дыдэу, фыгъуэм цIыхум фIыуэ ищIар егъэкIуэдыж», - жиIауэ къаIуэтэж ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатрэ сэламрэ зэхам. Адыгэ псалъэжьри абы поджэж: «Хъуапсэ и псэ кIуэдкъым, фыгъуэр мыгъуэ мэхъу». 

 Сыт фыгъуэ хъужыр? Ар уэ пхуэдэ цIыхум иIэ гуэрым узэрехъуапсэм нэмыщI, ар абы хэбгъэкIыжыну узэрыхуейрщ. Фыгъуэр дыркъуэу уи фэм телъкъым, ар зытрищIэр уи гурщ, уи псэрщ, уи гупсысэкIэрщ. Уз зэрыцIалэм ещхьу, узыпэрыхьэ псори абы зэщIецIалэ. Уфыгъуэныр щIэIейр ар хабзэм е цIыхухэм зэрамыгъэдахэм дежи щиухыркъым. Ар езы цIыхум къызэрытехьэлъэрщ, гъащIэм и IэфIыр зэрыщIихырщ. Фыгъуэм фIы псоми пэIэщIэ уещI, псапэри мыпсапэу, динри мыдину, нэмэзри мынэмэзу, зыми зыри къимыкIыу къыпфIегъэщIри, гъащIэм и мыхьэнэ дахэр умылъагъужу уохъу. Фыгъуэ зыхэлъыр цIыху гугъущ, фIы псоми Iей гуэр къыщелъыхъуэ. 
 Руми Джэлалуддин жаIэри хьэлимышхуэ Тыркум щыпсэуащ. И кууагъкIэ КъурIэным хуагъадэу, абы персыбзэкIэ «Мэснэуи» зи цIэ тхылъышхуэ итхауэ щытащ. Абы къыщокIуэ фыгъуэнэд ухъуным зэрызыщыпхъумэным хуэгъэза чэнджэщхэр. «ФIыщIэ зымыщIам фыгъуэр къыкIэлъысынурэ, и пэр хупишхыкIынущ», - етх Руми. «Пэр пышхыкIыным» къригъэкIыр цIыхум Алыхьталэм зэрыбгъэдэтыну щIыкIэр зыхимыщIэжу, «диным и мэ IэфIыр къыщIимыхьэжу», захуэмрэ къуаншэмрэ пхэнжу къыгурыIуэу зэрыхъунурщ. Сыту жыпIэмэ, япэ гуэныхьу Алыхьталэм игъэувар Iиблис Iэдэм зэрефыгъуарщ:
Фыгъуэм уи тэмакъыр щиубыдкIмэ, 
Зыщумыгъэгъупщэ, Iиблис ар къобэкI. 
Фыгъуэращ абы Iэдэм и пащхьэм
И напэр щIыщызытрихыжар. 
 Фыгъуэ пхэлъыну ухуэмеймэ, фIыщIэ пщIы зэпыту, фIыр къыздикIыр плъагъуу ущытын хуейщ. ФIы гуэр къоуэлIарэ, ар къызыбгъэдэкIам фIыщIэ хуумыщIмэ, уи гум фыгъуэ жылэ ирещIэ. Дин лэжьыгъэр зэрыщыту фIыщIэщ. «ФIыщIэр Алыхьым ейщ», - псалъэхэрщ махуэ къэс къэдбж Iэлъхьэмым къызэрыригъажьэр. Хьэрыпыбзэр къапщтэмэ, «фIэщхъуныгъэ зыхэмылъ» мыхьэнэри «фIыщIэ зыхэмылъри» къызэраIуатэр зы псалъэщ: «кафир». ЦIыхуфIымрэ цIыху Iеймрэ зэрызэхэдгъэкIри аракъэ: гу хьэлэлым дэри дригъусэну тфIэфIщ. ФIы зигу имылъым дыпэIэщIэмэ, нэхъ къыдощтэ. 
 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: