НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 11, щэбэт
 

Энергиер зэгъэзэхуэным и дунейпсо махуэщ
Щэхуэным и дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ Экономистым и махуэр.

Япэ дунейпсо зауэр щиуха махуэщ. Ар екIуэкIащ 1914 гъэм бадзэуэгъуэм и 28-м къыщыщIэдзауэ 1918 гъэм щэкIуэгъуэм и 11 пщIондэ икIи къалъытэ къэрал нэхъыбэ зыхэта зауэхэм ящыщу.
1990 гъэм дунейм къытехьащ «Российская газета»-м и япэ къыдэкIыгъуэр.
1908 гъэм къалъхуащ полковник, Бэракъ Плъыжь ордену 6 зрата Шемякин (Къардэн) Михаил.
1917 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь, генерал-майор Къардэн Къубатий.
1920 гъэм къалъхуащ КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, балетмейстер Гальперин Григорий.
1937 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Жанджэрий Юрий.
1958 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Къэмбэчокъуэ Iэдэм.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 8 - 11, жэщым градуси 3 - 4 щыхъунущ. 

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Лъахъшэу тIысыну хуейкъым, лъагэу тIысыпIэ игъуэтыркъым.

 

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

03.05.2024 - 09:08 НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ