Ахъмэт Мусэбий и фэеплъ зэпеуэм

УФ-м ДзюдомкIэ и федерацэм и пресс-IуэхущIапIэм къы­зэ­ритамкIэ, Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексыш­хуэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIы-хъужь Ахъмэт Мусэбий и фэ-еплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

Къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 12-м я дзюдоист ныбжьыщIэу (илъэс 21-рэ иримы­къуа­хэр) 200-м щIигъу кърихьэ­лIащ абы. ЩIалэхэри хъыджэбзхэри я хьэлъагъ елъытауэ гуп 13-у гуэшауэ щытащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэ ныбжьыщIэхэм медаль 11 къыщахьащ а зэхьэзэхуэм. Килограмм 55-рэ хъухэм я деж япэ увыпIэр щиубыдащ Байрамкулов Алим. ЕтIуанэ увыпIэм дэкIуеящ Уэсмэн Алихъан (кг 55-рэ), Жангоразов Солтан (кг 73-рэ), Мэ­къуауэ Рустам (кг 81-рэ), Апхуд Сулеймэн (кг 100) сымэ. Дом­беякъ­ медалыр къахьащ Мисировэ Каринэ (кг 52-рэ), Жэмы­хъуэ Марат (кг 66-рэ), ТекIужь Астемыр (кг 81-рэ), Къанкъул ­Давид (кг 90), Къуныжь Ролан (кг 100), Балъкъыз Залым (кг 100) сы­мэ.
Къыхэдгъэщынщи, Ахъмэт Му­сэбий и фэеплъ зэхьэзэхуэм и кIэух зэIущIэм нэсахэм Iэмал ягъуэтащ Урысей Федерацэм пашэныгъэр щыубыдыным хуэу­нэтIауэ щэкIуэгъуэм и 23 - 26-хэм Тулэ къалэм щек1уэк1ыну зэпеуэм хэтыну.
 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: