Шэджэмдэсхэр зэпоуэ

Шэджэм щIыналъэм бильярдымкIэ и чемпионату иджыблагъэ екIуэкIам хэтащ цIыху 30-м щIигъу. Ар къызэрагъэпэщат Шэджэм районым и щIыпIэ администрацэмрэ бильярд клуб №1-мрэ. Спортсменхэр зэхьэзэхуащ урыс бильярдымрэ пирамидэ зэхэгъэувэкIэмкIэ икIи зэпеуэхэр екIуэкIащ сыхьэтипщI хуэдизкIэ.

Чемпионатым щытекIуащ псом нэхърэ нэхъ щIалэу абы хэта, Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм щыщ Балъкъыз Албэч. ЕтIуанэ увыпIэр къихьащ щхьэлыкъуэдэс Мудрэн Сослъэн, ещанэ хъуахэщ Шэджэм ЕтIуанэм щыпсэу Борсэ Ислъамрэ Шэджэм къалэм дэс Тхьэмокъуэ Ислъамрэ.

Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэр ягъэпажащ кубокхэмкIэ, медалхэмкIэ, саугъэтхэмкIэ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: