Щхьэгъум Мурат и фэеплъу

Бахъсэн щIыналъэм и стадион нэхъыщхьэм щекIуэкIащ ныбжьыщIэхэм мини-футболымкIэ я республикэ зэхьэзэхуэ. Ар и фэеплъу щытащ полицэм и подполковник Щхьэгъум Мурат. Зэхьэзэхуэм кърихьэлIащ 2009 - 2010 гъэхэм къалъхуахэр зыхэта командэу 12 - псори зэхэту сабии 170-рэ.

         Зэхьэзэхуэхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь япэ увыпIэр хуагъэфэщащ Налшык и командэм, етIуанэ увыпIэр иратащ Бахъсэн къалэм щыщ цIыкIухэм, ещанэ хъуащ Къубэ-Тэбэ къуажэм къикIа ныбжьыщIэхэр. Зэхьэзэхуэм и топджэгу нэхъыфIу къэлъытащ Къанщауэ Ролан.

         Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Тохъутэмыщ Мухьэмэд зэхьэзэхуэм кърихьэлIахэм псалъэ гуапэхэр яжриIащ, ныбжьыщIэхэм ехъуэхъуащ я Iэзагъэм хагъэхъуэну, спортым ехъулIэныгъэщIэхэр щызыIэрагъэхьэну, ефIэкIуэну.

Зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щызыубыдахэм кубокхэр, медалхэр, щIыхь тхылъхэр иратащ.

         Щхьэгъум Мурат и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ фIыщIэ хуащIащ зэпеуэр къызэзыгъэпэщахэм, езыгъэкIуэкIахэм, я щIалэр зэращымыгъупщэм, абы и цIэр зэрагъэлъапIэм папщIэ икIи мамыру, зэгурыIуэу цIыхухэр псэуну зэрагуапэр къыхагъэщащ.

                                                        БЭВЫКЪУЭ Алыдж.

 

 

 

 

 

Поделиться: