Президент хэхыныгъэхэр къоблагъэКъэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм и зи чэзу зэIущIэ иджыблагъэ екIуэкIащ. Абы къыщызэрагъэпэщащ 2024 гъэм къэралым щызэхэтыну Президент хэхыныгъэхэр зэрекIуэкIым кIэлъыплъын, ныкъусаныгъэ хэлъхэр сэтей къэзышIын ЩIыналъэ жылагъуэ штабыр. ЗэIущIэм хэтахэр хэплъащ штабым хагъэхьэнухэм я кандидатурэхэм, апхуэдэуи абы и зэхэлъыкIэнумрэ зэрылэжьэну щIыкIэмрэ. ЩIыналъэ жылагъуэ штабым и тхьэмадэ Маслов Николай къызэрыхигъэщамкIэ, Урысей Федерацэм и Президент хэхыныгъэу етIанэгъэ екIуэкIынур къэралым и политикэ гъащIэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ.
Поделиться:
Читать также:
06.05.2024 - 17:00 →
ПэIущIэм нэсахэщ
06.05.2024 - 16:55 →
Пшадэрэ Пщыщэрэ
06.05.2024 - 16:09 →
ЦIыхум зезыгъэузэщI
06.05.2024 - 15:22 →
Сом меларди 3,3-рэ хухах
06.05.2024 - 15:17 →
Адыгэбзэр зыгъэшэрыуа тхьэмадэ
|