УвыIэпIэ къыхуагъуэтащ

Урысейм зы къали иIэкъым щхьэрыутIыпщу къэна хьэхэм я увыIэпIэ хъунум иримыпIейтейуэ. Абыхэм фыщрихьэлIэнущ паркхэм, лъэс зекIуапIэхэм, уэрамхэм, тыкуэн бжэIупэхэм. Абыхэм я нэхъыбэр мамырщ, цIыхухэм ебэн, епхъуэну зызыщI къахэкIыу куэдрэ урихьэлIэркъым - итIанэ, ахэр зэрышынагъуэншэм икIи зэрыкъабзэм щыхьэт техъуэ дамыгъэхэр (биркэхэр) нэхъыбэм я тхьэкIумэм хэгъэуащ. Волонтёрхэм я нэIэм щIэт хьэхэр нэхъыбэу здэщыIэр ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэрщ: гъуэгурыкIуэхэр ятолъэщIыхь, я шхын хуахь… Урысейм и хабзэгъэувхэм къаIэтауэ щытщ къалэдэсхэм я унэхэм щIэсу яIыгъ хьэхэр гъэбелджылын зэрыхуейр. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ гъэбелджыла хъунут щыхуэмеижым деж унэм къыщIаху, лей зылъыс псэущхьэхэр, апхуэдиз хьэ екIуэлIэпIэншэри къалэ уэрамхэм къыщыхутэнутэкъым. Псом нэхърэ нэхъ гугъур щIымахуэ мазэхэрщ. Хьэхэми хуабапIэ къалъыхъуэ икIи щIымахуэ жэщ щIыIэхэм абыхэм я тIысыпIэр псы пщтырыр зэрыкIуэ бжьамийхэм хуэзэ люк хуабэхэрщ.

 Мызэ - мытIэу волонтёрхэр иужь ихьащ хьэхэм я увыIэпIэ къызэрагъэпэщыну, арщхьэкIэ зэман кIэщIым къриубыдэу ахэр зэхуащIыжын хуей хъуащ лэжьыгъэр тэмэму зэтеубла зэрымыхъум къыхэкIыу: къалэм пыIуха щIыпIэр зы цIыху-цIыхуитIкIэ пIыгъыныр тынштэкъым, абыхэм я шхыным я къэгъуэтынми гугъуехь щхьэхуэхэр пыщIат. Къалэ унафэщIхэр иужь ихьа нэужьщ Iуэхур щыкIуэтар.

Хьэхэм я увыIэпIэм и ухуэныгъэр 2021 гъэм къыщрагъэжьауэ щытащ Прохладнэ узэрыкIуэ гъуэгум пэмыжыжьэу, арщхьэкIэ щхьэусыгъуэ щхьэхуэхэм я зэранкIэ Iуэхур кIыхьлIыхь хъуат. Къалэ администрацэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэм дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, хэщIапIэр къыщрагъэжьа щIыпIэм щIыр зэрыщыщабэм къыхэкIыу унэ лъабжьэхэр быдэу хамыгъэжыхьу хъуакъым, аращ щаухуэн хуей пIалъэр гувэныр къызыхэкIари. А псори ягъэзэкIуэжыху хьэ хьэулейхэм я бжыгъэм къыхэхъуащ,  ахэр цIыхухэм щатезэрыхь, уеблэмэ щедзакъэ куэдрэ къэхъуу. Иджыблагъэ хьэзыр ящIа унэм хэтщ псэущхьэхэм щеIэзэ, кIэлъыплъакIуэхэр зыхуеину псомкIи къызэгъэпэща вольер, административнэ унэ щхьэхуэ. ИджыпстукIэ абы щIэхуэнур псэущхьэ 132-рэщ, арщхьэкIэ ихъуреягъым щIы IэнэщIышхуэ иIэщ, хэщIапIэм иужькIэ къыхагъэхъуэн хуэдэу.

Шэрэдж Дисэ.

Поделиться: