IулъхьэНовеллэ Бжей жыгхэм я пщIащэр жьым зэрихьэрти, уэчылым, Хьэжы Намыкъ, и тхылъымпIэхэр зэщIикъуэжащ, жьым ирихьэжьэнкIэ шынэри. Щхьэгъубжэр хуищIащ, бжэри къридзылIэжынути, бжэщхьэIум нэсауэ, лIы лъахъшэ цIыкIу пщIантIэм къызэрыдыхьэр илъэгъуащ. И плIэм хъуржын зэпедзэкI илъщ лIы лъахъшэ цIыкIум, шыди IумпIэкIэ иIыгъщ. – Еблагъэ, Алий Хъуэжэ! – къицIыхужащ уэчылым лIы лъахъшэр. – Сытым укъытхуихьа? Бэзэрым махуитI иIэжщ иджыри, щхьэ укъежьа? И нэр щIиукъуанцIэри, лIы лъахъшэ цIыкIум тхьэмыщкIафэ зытригъэуащ. – Си Iуэху щIагъуэкъым, зиусхьэн. Бэлыхь сыхэхуащ. Аращ сыкъезыхужьар… – жери зриIуэнтIыхьащ лIы лъахъшэ цIыкIум. – Сыт пщIэн-тIэ, къыщIыхьэ… Нэхъ зэхэщIыкIыгъуэу къызжеIэт. – БжесIэнкъэ… Аращ сыкъыщIэкIуар. – Къэхъуар сыт? – Уэр фIэкIа сызэчэнджэщын сиIэкъым. ЧэнджэщакIуэ сыкъэкIуащ. Алий Хъуэжэ шыдыр ирипхри уэчылым кIэлъыщIыхьащ. Уэчылым чысэ къыхуишияти, тутын ишыхьащ, и хъужынри иригъэувэхащ, тутыным екъуурэ, и Iуэху зытетыр Хьэжы Намыкъ хуиIуэтащ. Къуажэ мухъутарым, Сойсузоглу, едауэрт Алий Хъуэжэ. Мухъутарым и щIы кIапэм унэ трищIыхьыгъащ Алий Хъуэжэ. Иджыри къэс къеныкъуэкъуакъым мухъутарыр. Иджы къодауэ, унэ трихын мурад ищIащи. «ЩIыр зейм унэри ейщ», – къыжреIэ. Ар Алий Хъуэжэ идэркъым: «Унэр зейращ щIыри зейр!» – жери пэуващ. Хьэжы Намыкъ, и жьакIэм хэпэщэщыхьри, заулрэ гупсысащ. Иужьым жиIащ: – Узахуэкъым, Алий Хъуэжэ! – Сэра мызахуэр? – Уэращ. Узахуэкъым. – Сызахуэщ. Унэр щысщIым зыри щхьэ жимыIарэ мухъутарым? – АбыкIэ хуитщ – къыбжиIэнIами къыбжимыIэнIами. – СызахуэкIэ тхьэ щысIуэжынщ! СыпикIуэтынукъым! Сызэрызахуэр и фIэщ сщIынщ! Седэуэнущ! – Уедауэмэ, ухилъэфэнщ. – Сыхрелъафэ! ИтIани седэуэнущ! Алий Хъуэжэ зэрыхилъэфэнум шэч къытрихьэртэкъыми, Iуэхум хэIэбэнутэкъым Хьэжы Намыкъ. ИтIани сыт ищIэн: игъэщIэхъу хъунукъым, Бозоюкъ къуажэм дэсхэм яхуэуэчылщ илъэс тIощIрэ пщIырэ хъуауэ. КъэзымыцIыху дэскъым Бозоюкъ, Iуэху къалъыкъуэкIамэ, зэжалIэр Хьэжы Намыкъщ, я уэчылщи. ПщIэншэу ягъэуэчыл ффIэщIрэ – ишхын щагъащIэркъым, гу къылъатэ зэпытщ, гъавэр хъуамэ. И щхьэм ечэнджэщыжри, Хьэжы Намыкъ жиIащ: – Хъунщ, уи Iуэхур си пщэ дэслъхьэжынщ, ауэ ухилъафэмэ, уигу къызумыгъабгъэ: мыр Iуэху цIыкIуфэкIукъым. – Уэзгъэбгъэнкъым. Ауэ сыт сыхилъэфэнкIэ ущIэшынэр? – Узахуэкъыми, аращ сыщIэшынэр. – ХеящIэм зы щынэ пшэр хукъуэзгъэплъмэ-щэ? – Дауэ пIа?! – Си кIэн къикIынкIэ хъункъэ итIанэ? – Уи кIэн къикIын сщIэркъым, ущыхилъэфэпэнур абы щыгъуэщ! – Сыт щхьэкIэ? – Нобэ ди хеящIэр япэрейм хуэдэжкъым, ухэзэгъэнкIэ Iэмал зимыIэщ! Iулъхьэ хукъуэбгъэплъакъэ – узахуэми, ухригъэлъэфэнущ. Бий къыпхуэхъунущ, уигъэтIысыпэнри хэлъщ! ПцIыхуркъым уэ ар! Нэхъ цIыху къабзэ срихьэлIауэ сщIэжыркъым. Iулъхьэ хэзэгъэнукъым, кIэщIу бжесIэнщи. «Щынэ пшэр хукъуэзгъэплъмэ!» жыбоIэ… Алий Хъуэжэ и щхьэр ищIащ: – Апхуэдэ цIыху къабзэм тхьэм дыщимыгъащIэ! – Тхьэм жиIэ! Зы сыхьэт хуэдэкIэ зэбгъэдэсащ уэчылымрэ Алий Хъуэжэрэ. Алий Хъуэжэ зэрыхилъэфэнум шэч лъэпкъ къытримыхьэми, Iуэхур и пщэ дилъхьащ уэчылым: Бозоюкъ жылэм яфIэлIыкIащ, езы Алий Хъуэжэи пщIэ хуищIырти, хуэгъэщIэхъуакъым. – Хъунщ, сыхыхьэнщ уи Iуэхум, – къыжриIащ, – ауэ укъысщымыгугъыщэ: узэрыхилъэфэнур сызэрылIэжынум хуэдэу сощIэ, уи жагъуэ умыщIыж иужькIэ, уи Iуэхум зыри къимыкIмэ. Ар зэраухылIэри, Алий Хъуэжэ ежьэжащ. ТхьэмахуитI дигъэкIри къытригъэзэжащ. Уэчылыр матхэри стIолым бгъэдэсщ. Алий Хъуэжэ къыщыщIыхьэм, Хьэжы Намыкъ и щхьэр къиIэтащ, и нэгъуджэри дригъэкIуэтеящ. – Къеблагъэ, къеблагъэ, Алий Хъуэжэ! Ди кIэныр къикIащ, пщIэркъэ? Си фIэщ хъуртэкъым ди кIэныр къикIынкIэ! – КъыщIикIар пщIэркъэ? – еплъащ Алий Хъуэжэ уэчылым. – Сыт къыщIикIар? – и нэр къригъэжащ уэчылым. – ХеящIэм хуезгъэша щынэ пшэрыращ ди кIэныр къыщIикIар, – къыфIэмыIуэху - къыфIэмыIуэхуу жэуап итыжащ Алий Хъуэжэ. – Дауэ пIа? Щынэ хуебгъэша хеящIэм? – Хуезгъэшащ. – Епкуащ сытми? – Ескуащ. Уэракъэ къызжезыIар: «ХеящIэм Iулъхьэ хэзэгъэнукъым, Iулъхьэ къыхукъуэзыгъэплъыр, захуэми, хригъэлъэфэнущ»? Ы? – Сэращ… – Щынэ хуезгъэшащ, ауэ хуезыгъэшар сэрауэ зыкъезгъэщIакъым. – НтIэ?.. – Мухъутарым хуригъэшауэ жрезгъэIащ хеящIэм. Уэчыл лIыжьым къалэмыр IэщIэхуащ, и жьэр иущIа фIэкIа, зы псалъэ хузэпыщэжакъым. Жьы мащIэ къыкъуэури, жыгей пщIащэм и макъыр щхьэгъубжэм къыдэлъэтащ... Хьэтыкъуэ Умар.
Поделиться:
Читать также:
07.05.2024 - 14:31 →
Къэбэрдейм цеипхъэжь джанэр зэрыщаха щIыкIэр
06.05.2024 - 16:22 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
06.05.2024 - 13:00 →
ЛIыгъэр зыгъэунэхуар
03.05.2024 - 15:00 →
Гъатхэпежьэ удз гъэгъахэр
03.05.2024 - 13:22 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
|