Лъэужь дахэ къигъэнащ

Хуабжьу хъыбар гущIыхьэ къытIэрыхьащ. И ныбжьыр илъэс 50 фIэкIа мыхъуу дунейм ехыжащ адыгэ бзылъхугъэ щыпкъэ ХьэфIыцIэ (Шыфэкъуж) Данэ Мухьэмэд и пхъур
Данэ къыщалъхуари къыщыхъуари Налшыкт, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къиухат. Илъэс 25-рэ хъуа нэужь, Иорданием, Амман щыщ адыгэ щIалэ дэкIуэри, унагъуэу абы щыпсэуащ, зыпхъу иIэщ. Данэ и адэ, Кавказ Ищхъэрэм, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу  къэрал куэдым фIыуэ къыщацIыху ХьэфIыцIэ Мухьэмэд ещхьу хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ нэхъри зэпыщIа хъуным и Iыхьэ хилъхьащ. Ар илъэс 23-кIэ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу щылэжьащ пащтыхьыкъуэ Хьэмзэ и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм. 
Иорданием щыпсэу ди къуэшхэм я щIэблэр хабзэм хуэгъэсэным, адыгагъэр яхэлъхьэным, анэдэлъхубзэр егъэщIэным и гъащIэр тыхь хуищIащ. И лэжьыгъэр игу дыхьэу, хьэрыпхэм адыгэхэм къыхуащI пщIэм ирипагэу, абы щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр хамэхэм яхэмышыпсыхьыжыным и къару хилъхьэу, и Хэкур, и адэр, адэшыпхъухэр зыпищI щымыIэу псэуащ Данэ, лъэужь дахи къигъэнащ. 
ХьэфIыцIэ Данэ и цIэр «зыгъэпсэун» зэчий бгъэдэлъащ. Усыгъэм дихьэхырт бзылъхугъэр. Абы и тхыгъэхэр къытрадзащ «Адыгэ псалъэ», Советская молодежь», «Черкес хэку» газетхэм, «Iуащхьэмахуэ», «Литературная Кабардино-Балкария», «Нарт» (хьэрыпыбзэкIэ), журналхэм.
Сэ сфIэфIт си усэр куэдрэ мылIэжыну. 
Сэ сфIэфIт ар хъуну мыкIуэдыж фэеплъ. 
Иухмэ Тхьэшхуэм сэ сыщIалъхьэжыну, 
Усэ сатырхэм къыпхуаIуатэм еплъ...
Данэ нобэ тхэкIыжами, абы и IэдакъэщIэкIхэр иджыри куэдрэ псэунущ гъащIэм и купщIэмрэ гурыщIэм и щэхухэмрэ шэрыуэу къаIуатэу.

 

Поделиться: