Адыгэ нарт эпосым и ныбжьырКавказым ис лъэпкъ зыбжанэм, псалъэм папщIэ адыгэхэм, абхъазхэм, осетинхэм, нэгъуэщIхэми, ижь-ижьыж лъандэрэ къадогъуэгурыкIуэ нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ. Кавказым ис лъэпкъхэм ящыщ зыбжанэм яIэ нарт эпосыр пасэрей лIыхъужь эпоскIэ зэджэхэм ящыщщ. Ар хъыбару е пшыналъэ кIыхьу шэщIауэ хэтщ ди лъэпкъ IуэрыIуатэм. ЩIэныгъэм къызэрихутэмкIэ, нарт эпосыр, дунейпсо культурэм и фIыпIэм хохьэ; ар щыхьэт тохъуэ кавказ лъэпкъхэм я нэгу тхыдэшхуэ зэрыщIэкIам, абыхэм я ныбжьыр цивилизацэм и япэ лъэбакъуэхэм къызэрыдэбжэр. Лъэпщ и IэщIагъэр
А зи гугъу тщIы зэманырщ Лъэпщи нартхэм мэш къызэрахыжын гъубжэ щахуищIар. Нарт эпосым фIыкIэ къыхэщ лIыхъужьхэм ящыщ зыщ Лъэпщ. Мыр, адрей нарт лIыхъужьхэм ещхьу, зауэлIкъым, атIэ и гъукIэ IэщIагъэ бэлыхьымкIэ лъэпкъым хьэлэлу хуэлажьэ цIыхущ. Пасэрейхэм гъукIэм нэхъ пщIэ зыхуащI щыIакъым. ГъущI ягъавэ зэрыхъу лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуащ гъукIэхэм а пщIэр, абы псори фIэлIыкIырт, тхьэпэлъытэ къафIэщIырти. Лъэпщи фIэмылIыкIрэ и пщIэр зымылъытэрэ яхэтакъым нартхэм.Сосрыкъуэ зыпсыхьри, нартхэ Iэщэ, зэрылэжьэн Iэмэпсымэ яхуэзыщIри Лъэпщщ, псоми чэнджэщ ирахьэлIэ, и псалъэм йодаIуэ. Нартхэм зэралъытэмкIэ, Лъэпщ хузэфIэмыкIын щыIэкъым, гъущI щигъавэкIэ гъущI плъар Iэ пц1анэкIэ еубыд, абы ищIа джатэм мывэм я нэхъ быдэр зэпеупщI, Iэзэщи, имыгъэхъужыф щыIэкъым. Нартхэр дэнэ къэна, нартхэм я ужь къихъуахэми я фIэщ хъууэ щытащ Лъэпщ зэрытхьэпэлъытэр. Зыгуэр уIэгъэ хьэлъэ хъуамэ, щ1опщакIуэ хуащI я хабзэщ адыгэхэм – куэд щIакъым а хабзэр зэрызэханрэ. ЩIопщакIуэм щыгъуазэхэм зэратхыжымкIэ, уIэгъэ зэрылъ унэм и бжэщхьэIум ибгъукIэ сыджрэ вабдзэрэ ягъэтIылъырт, щIопщакIуэм кърихьэлIэхэр сыджымрэ вабдзэмрэ уадэкIэ теуIуэрти, Лъэпщ и цIэкIэ тхьэ елъэIурт. Адыгэхэм я гъащIэм гъукIэм пщIэуэ щиIам и щыхьэтщ Лъэпщ и махуэкIэ зэджэр нэхъ махуэ лъапIэ дыдэхэм хабжэу зэрыщытар. Адыгэ нарт эпосыр япэу хэIущIыIу щыхъуарИлъэси 150-м щIигъуащ адыгэ нарт эпосыр хэIущIыIу зэрыхъурэ. Абы и цIэ япэ дыдэ изыIуар Хъан-Джэрийрэ Нэгумэ Шорэрэщ. 1842 гъэм дунейм къытехьащ Хъан-Джэрий и зы тхыгъэ - «Адыгэхэм я диныр, хьэл-щэнхэр, хабзэхэр, я псэукIэр». А тхыгъэмкIэ Хъан-Джэрий щыхьэт техъуащ адыгэхэм нарткIэ зэджэ пасэрей лIыхъужьхэм я хъыбархэр къазэрыдэгъуэгурыкIуэм, абыхэм ящыщ зыбжанэм - Сосрыкъуэ, Тотрэш, Уэзырмэдж, Уэзырмэс, Батрэз сымэ я цIэ ириIуащ. Хъан-Джэрий гу лъитащ пасэрей лIыхъужьхэм - нартхэм я лъэужь куэд адыгэ лъахэ къызэрыщызэтенам. ЩIэныгъэлIыр, езыр щыхьэт зэрытехъуэжымкIэ адыгэ хъыбарыжь, пшыналъэ, уэрэдыжь куэд зэхуихьэсауэ щытащ; шэч хэлъкъым Хъан-Джэрий адыгэ IуэрыIуатэр щызэхуихьэсым нарт эпосым гулъытэ хуимыщIынкIэ Iэмал зэримыIам. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Хъан-Джэрий и Iэрытхыр ди деж къэсакъым, къэсами, зэкIэ дунейм къытехьэжакъым.
Поделиться:
Читать также:
26.04.2024 - 17:06 →
Тызылыкъуэр пэщIэдзэт
22.04.2024 - 16:16 →
Зы мащэм цIыху 233-рэ
22.04.2024 - 14:55 →
АдыгэлIым и цIэмрэ и картэмрэ
19.04.2024 - 16:34 →
Нартхэм я ныбжьыр
17.04.2024 - 12:43 →
Шуудзэ хъыжьэм и тхыдэ напэкIуэцI
|