Нэхъыбэ щыхъуакъым

ЦIыхум къеуалIэ узыфэ нэхъ хьэлъэхэм хабжэ гум епхахэр. Уеблэмэ, абы дуней псом щилIыкIхэм я бжыгъэр куэдкIэ нэхъыбэщ адрей узыфэхэр я щхьэусыгъэу дунейм ехыжхэм нэхърэ. Республикэ сымаджэщым щIэлъу инфарктым къахуемыгъэлахэм я бжыгъэм хэхъуакъым. Апхуэдэу къитащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм.
«Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Гу, лъынтхуэ узыфэхэм япэщIэтын» къэрал программэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, гууз зэхуэмыдэхэм илIыкIхэм ящыщу инфарктым ихьыр проценти 5,1-м щIигъун хуейкъым, атIэ республикэм ар проценти 4,8-рэ нэхърэ нэхъыбэ щыхъуакъым.
Абы и фIыгъэ хэлъщ цIыхур сымаджэщым нэсын ипэкIэ фIагъ лъагэ зиIэ япэ дэIэпыкъуныгъэ и чэзум ират зэрыхъуамрэ иджырей медицинэ Iэмэпсымэхэмрэ технологиехэмрэ.
Инфаркт къеуэлIауэ гурыщхъуэ зыхуащIхэр республикэм и Кардиодиспансерым ирашалIэ. Мыдрейуэ, я унэ щыIэжу зыкIэлъызыгъэплъхэм ахэр зыхуэныкъуэ хущхъуэхэмкIэ нэсу къызэрагъэпэщ. Псалъэм папщIэ, 2023 гъэм апхуэдэхэм ящыщу процент 97,5-м хущхъуэхэр пщIэншэу иратащ.
 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: