Iуэхутхьэбзэхэр ирагъэфIакIуэ

Лышх узыфэр зыпкъырыт сымаджэхэм медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр зэрыхуащIэ щIыкIэм зэхъуэкIыныгъэхэр игъуэтынущ 2022 гъэм и щIышылэ мазэм щегъэжьауэ. Ар хуэунэтIауэ щытынущ дунейпсо жыпхъэхэм тету фIагъ лъагэ зиIэ дэIэпыкъуныгъэхэр сымаджэхэм зэрырагъэгъуэтыным.
Абыхэм зэреIэзэну щIыкIэр щаубзыхунущ а узыфэмкIэ щыIэ медицинэ IуэхущIапIэ нэхъ лъэщхэм я дохутырхэр зыхэт консилиумым. Сымаджэщым зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIыр ямыIэмэ, телемедицинэ технологиехэр къагъэсэбэпу зыхуеину дохутырхэм ечэнджэщыфынущ. Апхуэдэ Iэмалхэр сэбэп хъунущ и чэзум узыр зыхуэдэр къэхутэнымкIи Iэзэгъуэ тэмэм игъуэтынымкIи.
«Сымаджэм здыщIэлъым нэгъэсауэ дэIэпыкъуныгъэр щимыгъуэтынумэ, псалъэм папщIэ, Iэмэпсымэ гуэр ямыIэмэ е зэреIэзэну щIыкIэкIэ къызэмыгъэпэщамэ, дохутырым и къалэнщ ар зыхуей Iуэхутхьэбзэр къыщыхуащIэну медицинэ IуэхущIапIэм игъэкIуэну», - жиIащ УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и штатым хэмыт онколог нэхъыщхьэ Стилиди Иван.
Iуэхур тэмэму зэфIэкIын папщIэ сымаджэхэр здагъэкIуэну медицинэ IуэхущIапIэхэр здэщыIэ хэгъэгухэм зэрадэлэжьэну хабзэхэр щыубзыхуа щIыналъэ актхэмкIэ зэгурыIуэныгъэхэр щIагъэбыдэжын хуейщ.
 

 

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться: