|
|
Махуэгъэпс
17 июля, 2026 - 12:59
ГъущIгъэткIу-гъуэщIгъавэхэм я махуэм гулъытэ хуащIу къыщаублар Хрущёв Никитэ Совет Союзым и Iэтащхьэу щыщытарщ. Ар щытета илъэсхэм ящыщу 1957 гъэм, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ, Металлургым и махуэр хагъэунэхукIащ. Абы лъандэрэ бадзэуэгъуэм и ещанэ тхьэмахуэм ар щагъэлъапIэ къэралышхуэм хыхьэу щыта адрей хэгъэгухэм я нэхъыбэми.
17 июля, 2026 - 09:26
Бадзэуэгъуэм и 17, мэрем
Уголовнэ щIэпхъаджагъэ зылэжьахэм я хьэкумыр щIэным епха IэнатIэхэм я дунейпсо махуэщ
1942 гъэм къалъхуащ КъШР-м и Правительствэм и УнафэщIу лэжьа, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ Уэз Анатолэ.
1948 гъэм къалъхуащ шэрджэс сурэтыщI Къардэн Мухьэдин.
Дунейм и щытыкIэнур
16 июля, 2026 - 14:00
Сыт хуэдэ лъэхъэни щыIащ нэгъуэщI хэгъэгухэм ярыс лъэпкъхэм я щыIэкIэ-псэукIэр, хабзэ-бзыпхъэу зэрахьэр зыфIэтелъыджэу къэгъуэгурыкIуахэр.
Дунейр къызэригъэщIрэ цIыху гумызагъэхэм куэду къахокI, зыщыщ лъэпкъым къинэмыщIа, адрейхэм я къэунэхукIэр, фIэщхъуныгъэу къадекIуэкIыр, зэман жыжьэм къыщыщIэдзауэ зэрыс щIыгур зымыхъуэжу зи щIыналъэ зезыгъэубгъуахэр зэзыгъэщIэну хущIэкъухэр.
16 июля, 2026 - 06:00
Бадзэуэгъуэм и 16, махуэку
1922 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ КIэрэф Мухьэмэд.
1935 гъэм къалъхуащ СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, къэралым щэнейрэ и чемпион, КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къуэдзокъуэ Анатолэ.
1940 гъэм къалъхуащ искусствоведенэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Мэлбахъуэ Борис.
Дунейм и щытыкIэнур
15 июля, 2026 - 08:25
Бадзэуэгъуэм и 15, бэрэжьей
♦ЩIалэгъуалэр IэпщIэлъапщIагъэм хуэгъэсэным и дунейпсо махуэщ
♦1939 гъэм Бахъсэн, Аруан, Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэм район газетхэр къыщыдэкIыу хуежьащ.
♦1924 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и юрист Шакъ Беслъэн.
♦1925 гъэм къалъхуащ IуэрыIуатэдж, литературэдж, критик, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, профессор Пщыбий Инал.
14 июля, 2026 - 08:18
Бадзэуэгъуэм и 14, гъубж
1945 гъэм Париж къалэм ТекIуэныгъэм и парад щекIуэкIащ. Япэ иту уэрамым ирикIуащ Франджым и ЛIыхъужь адыгэ бзылъхугъэ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан.
1957 гъэм Налшык щекIуэкIащ СССР-м ис лъэпкъ псоми я тхакIуэхэм я лIыкIуэхэр зыхэта пшыхь гъэщIэгъуэн.
1965 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэдымрэ къафэмкIэ и «Кабардинка» къэрал ансамблыр къафэмкIэ «Кабардинка» ансамблу зэрахъуэкIащ.
13 июля, 2026 - 08:23
Бадзэуэгъуэм и 13, блыщхьэ
Акъылым зезыгъэужь джэгукIэхэм я дунейпсо махуэщ
1937 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ, тхакIуэ, журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым жэуап зыхь и секретарым и къуэдзэу илъэс куэдкIэ лэжьа Брай Адэлбий.
1972 гъэм къалъхуащ сурэтыщI-график, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ художник Пащт-Хъан Алим.
Дунейм и щытыкIэнур
12 июля, 2026 - 08:00
Ди планетэм цIыхуу тетым я бжыгъэр псынщIэ дыдэу зэрыхэхъуэм къишэнкIэ хъуну гуныкъуэгъуэм ООН-м хэтхэм нэхъ зэIухауэ икIи щхьэтечу тепсэлъыхьын щыщIадзар XX лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэрщ.
10 июля, 2026 - 10:00
Бадзэуэгъуэм и 10, мэрем
♦1922 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ, Абхъазым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хьэнфэн Алим.
♦1931 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и юрист Щоджэн Iэбу.
♦1932 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Срыкъуэ ХьэмщIасэ.
9 июля, 2026 - 06:53
Бадзэуэгъуэм и 9, махуэку
1917 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Къубатий.
1931 гъэм къалъхуащ АР-м и цIыхубэ усакIуэ, драматург, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бэрэтэр Хьэмид.
1932 гъэм къалъхуащ сурэтыщI Iэзэ, СССР-м и Художникхэм я зэгухьэныгъэм хэт Хьэжу Руслан.
1941 гъэм къалъхуащ адыгэ еджагъэшхуэ, ботаник, жылагъуэ лэжьакIуэ Хьэкъун Барэсбий.
Страницы
|