|
|
Щэнхабзэ
4 сентября, 2026 - 10:26
1950 гъэхэм КIыщокъуэ Алим итхауэ щытащ «Уи дыхьэшх макъыр» зыфIища усэр. АтIэ дауэ ар уэрэд зэрыхъуар? Аращ зытеухуар «Зы уэрэдым и хъыбар» теленэтыным и зи чэзу къыдэкIыгъуэр. Абы дыщегъэгъуазэ нэтыныр езыгъэкIуэкI КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ:
3 сентября, 2026 - 08:11
ЩоджэнцIыкIу Iэдэм и тхыгъэхэм я пщIэмрэ я мыхьэнэмрэ зэи кIащхъэ щыхъунукъым ди литературэм. Апхуэдэуи лъэпкъ щэнхабзэм и тхыдэм ар къыхэнащ цIыхугъэшхуэ зыхэлъ лIы щыпкъэу. ЩоджэнцIыкIум и дуней тетыкIам, ар цIыху гъэщIэгъуэну зэрыщытам теухуащ философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Эфендиев Сэлихь и тхыгъэр.
3 сентября, 2026 - 07:00
«Дуней нэху», «Дуней дахэ», «Дунеишхуэ» - сыту плъыфэ куэд щIыдгъурэ ди нэхэр къызэтетхыху дыкъыщыхутэ гъащIэ Iыхьэм. А псалъэ дыдэхэмкIэ фIыуэ тлъагъу цIыхухэр догъэщIэращIэ, дунеймрэ абы и теплъэмрэ яхуэдгъадэу. Нобэ дызытепсэлъыхьыну бзылъхугъэм псэуныгъэм и IэфIыр зэрызыхищIар нэгъуэщI гъуэгукIэщ.
1 сентября, 2026 - 08:18
ЦIыхухэр зэрызэмыщхьым дэтхэнэ зыми гъащIэм япэ щригъэщыр къыхрегъэх. Бын зи куэдым мылъкур фIэнэхъапэщ, мылъку зи куэдым абы пщIэ къыхущIэкIыну хуейщ. Зэщхь дызыщIыр псори дызэрыпсэумрэ дызэрылIэжынумрэщ.
«ЦIыхухэр лIэужьыгъуищу зэхедз: губзыгъэхэр, ныкъуэделэхэр, делэ дыдэхэр. Губзыгъэм и къарур дунеягъэми ахърэтми ятрегъэкIуадэ. Ныкъуэделэр е дунеягъэм, е ахърэтым фIэкIа телажьэркъым. Делэ дыдэм а тIури къыфIэмыIуэхуу, и щхьэр трегъэу» - мы жыIэгъуэ цIэрыIуэр щыпщыгъупщэ махуэ къыпхуимыхуэмэ, нэхъыфIщ.
31 августа, 2026 - 11:45
«И гуэныхь Тхьэм къыхуигъэгъу» фIэкIа хужумыIэми, дунейм ехыжам псэум и тхьлъэIур хуэщхьэпэу жаIэ. Абы узэрыхуэлъэIуэну псалъэхэр зэманым къыпхыкIауэ щыщытым деж, и къарури нэхъ инщ.
Алыхьу си Тхьэ! Узэрызакъуэм, уи ЛIыкIуэ Мухьэмэду щэлатымрэ сэламымрэ зэхам къихьа щIэныгъэр зэрыпэжым щыхьэт техъуарэ муслъымэн диным иту дунейм ехыжа псоми, цIыхухъухэми цIыхубзхэми, я гуэныхьхэр къахуэгъэгъу.
Алыхьу си Тхьэ! КъухьэпIэр КъуэкIыпIэм зэрыпэIэщIэм хуэдэу, щIы ахэр я щыуагъэхэм япэIэщIэ.
30 августа, 2026 - 09:03
КъБР-м и Лъэпкъ музейм щокIуэкI республикэм и сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса «Легенды осени» гъэлъэгъуэныгъэр.
28 августа, 2026 - 13:26
КъБР-м и Лъэпкъ музейм, Вовчок Маркэ и цIэр зезыхьэм, и къудамэ унэ-музейм гъэм и сыт хуэдэ зэманми цIыхушхуэ щызэблокI.
28 августа, 2026 - 11:22
УсакIуэ Гъубжокъуэ Лиуан ящыщщ зи къалэмыпэм усэ купщIафIэ куэд къыщIэкIахэм. Дауи, абыхэм гу лъамытэу къэнакъым ди композиторхэми. «Уи цIэр Мадинэ, хьэмэ Маринэ» уэрэд цIэрыIуэр къызэрыунэхуам журналист КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ и гугъу къыщытхуещI «Зы уэрэдым и хъыбар» теленэтыным:
27 августа, 2026 - 10:09
Къэбэрдей-Балъкъэрым и киноиндустрием щытыкIитI иIэу къыхэбгъэщ хъунущ: зы лъэныкъуэкIэ, ди щIыналъэм фильм куэд щытрахауэ тхыдэ къулей къыдокIуэкI, адреймкIэ - республикэм езыми къыдигъэкIхэм иджыпсту жыджэру иужь щитщ. ШыщхьэуIум и 27-р Урысей кином и махуэу зэрыщытырщ мы Iуэхум дыщIытепсэлъыхьыр.
27 августа, 2026 - 09:06
ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ и къалэмыпэ къыщIэкIащ лъэпкъ тхылъеджэхэр дихьэхыу зыщIэджыкI повестхэр, романхэр. Ахэр ди лъэпкъ прозэм и фIыпIэм хабжэ. Хьэмыщэ къызэралъытэу щытар прозаик, драматург къудейтэкъым, атIэ ар икIи лирик нэсу, усакIуэ-уэрэдусу щытащ. Абы и литературэ творчествэм теухуащ Жылэтеж Сэлэдин и тхыгъэр.
«ТхакIуэм и гъащIэм, абы и творчествэм утетхыхьыну мурад щыпщIкIэ, Iэмал имыIэу уогупсыс: сыт хищIыхьа абы, сыткIэ къыхэува лъэпкъ литературэм? Тхэн зэрыщIидзэрэ и къалэмыпэ къыщIэкIахэм я нэхъыфIыр дэтхэнэра, дауи къыщыхъуа ар тхылъеджэм?
Страницы
|