ЗэIущIэхэр

ИрагъэкIуэкIащ къызыхуэтыншэрэ шынагъуэншэу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ Къэрал Думэмрэ щIыпIэ само­управленэхэмрэ я депутатхэм я хэхыныгъэр къызэзыгъэпэща щIыналъэм и хэхакIуэ комиссэм хэтхэм, щIыпIэхэмрэ участкэхэмрэ щылэжьахэм. 

Дохутырхэр КъБР-м щызэхуэсащ

ФокIадэм и 25-м Налшык къалэм щызэхэтащ цIыхум и психикэ узыншагъэмрэ афиян зэзыхьэлIэхэмрэ ятеухуа дунейпсо зэIущIэ. ЩIалэгъуалэм я унэм щызэрихьэлIат Къэзахъстан, Беларусие, Осетие Ищхъэрэ - Алание, Тэтэрстан, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Ставрополь крайм, Саратов, Ростов, Архангельск, Тулэ, Сахалин областхэм, Москва, Санкт-Петербург щыщ дохутырхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ. 
ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи хьэщIэхэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Дзэлыкъуэ районым щыпсэухэм яIущIащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и депутатхэу Геккиев Заур, Родинэ Викторие, Щхьэгуэш Адэлбий сымэ иджыблагъэ яIущIащ Дзэлыкъуэ районым и цIыхухэм. ЩIыналъэ администрацэм щызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ цIыхухэм я псэукIэм, экономикэм, жылагъуэ Iуэхухэм, егъэджэныгъэм, медицинэм, спортым. Къызэрыхагъэщащи, иужьрей илъэситхум къриубыдэу Дзэлыкъуэ районым IуэхуфI куэд щызэфIахащ щIэблэм хуэгъэзауэ: курыт еджапIэхэр, сабий садхэр яухуащ, жьы хъуахэр къагъэщIэрэщIэжащ.

Хабзэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм Хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ и зэзыгъэуIу гупым и зэIущIэ. 

Аруан щIыналъэм и зыужьыныгъэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэу Геккиев Заур, ­Родинэ Викторие, Щхьэгуэш Адэлбий сымэ и гъусэу лэ­жьыгъэ IуэхукIэ Аруан райо­ным щыIащ.

Хабзэхэм щы­хэплъащ, зэхъуэкIыныгъэхэри халъ­хьащ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим 2026 гъэм и гъатхэ лэжьэгъуэм и иужьрей зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. Абы республикэм и мылъкум, псэупIэ-коммунальнэ IуэхущIапIэм, щэнхабзэм, ухуэныгъэм, лэ­жьы­гъэ IэнатIэхэм епха хабзэхэм щы­хэплъащ, зэхъуэкIыныгъэхэри халъ­хьащ. 

ЩIэпхъаджагъэхэр къызэпауд

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIа брифингыр теухуат наркотикхэкIхэмрэ Iэщэрэ хабзэншагъэкIэ игъэ­кIыным пыщIа щIэпхъаджагъэхэр къэмыгъэхъу­ным, апхуэдэу ялэжьахэр къыщIэгъэщыным. 

Хэхыныгъэхэм зыхуагъэхьэзыр

Къэбэрдей-Балъкъэрым ЦIыхухэм я хуиты­ныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис деж щыIэ Эксперт советым и зи чэзу зэIущIэ мэкъуауэгъуэм и 30-м КъБР-м и Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ.

Министерствэм щрагъэблагъэ

IэнатIэм щрагъэкIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм я фIыгъэкIэ

КъБР-м Узыншагъэр хъу­мэнымкIэ и министерствэм Налшык дэт къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м дыгъуасэ щригъэкIуэкIащ бл­э­кIа илъэ­сым, мы гъэм и япэ мазищым зэр­ы­лэжьар къыщапщытэжа, адэкIэ я мурадхэр щагъэнэIуа зэIущIэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр