|
|
ЗэIущIэхэр
29 декабря, 2024 - 07:01
ЩIыналъэм и цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным и IуэхукIэ советым и зэIущIэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ. Абы щытепсэлъыхьащ Лъэпкъ жылагъуэ жэрдэмхэр щIыпIэм зэрыщагъэзащIэ щIыкIэм, къищынэмыщIауэ, Стратегие жэрдэм-
хэмкIэ къулыкъущIапIэм щIыналъэ социальнэ мардэхэр хэпща зэрыхъунуми и гугъу щащIащ.
29 декабря, 2024 - 06:00
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеоконференц IэмалкIэ хэтащ УФ-м и Правительствэм щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и президиумым и зэIущIэм. Илъэсым яхузэфIэкIар къыщапщытэжа зэхуэсыр иригъэкIуэкIащ вице-премьер Хуснуллин Марат.
14 декабря, 2024 - 09:55
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм щыщ ныбжьыщIэ 19-м паспортхэр щратыжащ Правительствэм и Унэм.
14 декабря, 2024 - 06:30
Дыгъэгъазэм и 12-м Урысей Федерацэм и паспортхэр КъБР-м и Парламентым щратащ республикэм и курыт школхэм щеджэ цIыху 32-м. НыбжьыщIэхэм япэщIыкIэ хабзэубзыху IуэхущIапIэм зыщрагъэплъыхьащ, депутатхэм я лэжьыгъэм щагъэгъуэзащ.
14 декабря, 2024 - 06:05
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ ПсапащIэхэм (волонтёрхэм) я махуэм и щIыхькIэ зэхэта пшыхьым.
13 декабря, 2024 - 11:15
ЛIэужьыгъуэ куэду зэхэт каратэмкIэ, апхуэдэуи зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэмкIэ (ММА) дуней псомрэ Урысей Федерацэмрэ пашэныгъэхэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ екIуэкIа зэхьэзэхуэхэм теухуа зэIущIэ иджыблагъэ щызэхашащ Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм.
Республикэм и журналистхэм яхуэзащ КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Хэжь Заур, КъБР-м ММА-мкIэ и федерацэм и унафэщI ПщыукI Залым, КъБР-м лIэужьыгъуэ куэду зэхэт каратэмкIэ и федерацэм и тхьэмадэ Сэбаншы Мурат сымэ, зэпеуэм хэта спортсмен ныбжьыщIэхэр, абыхэм я тренерхэмрэ адэ-анэхэмрэ.
7 декабря, 2024 - 10:00
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налшык и гъуэгухэмрэ гъуэгу хозяйствэмрэ зэрызаужьыпхъэм теухуа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ республикэм транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэнрэ Налшык къалэ администрацэм и унафэщI Ахъуэхъу Таймуразрэ.
7 декабря, 2024 - 09:00
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Москва щекIуэкIа «Дэ дызэкъуэтщ» дунейпсо зэхыхьэ иным.
7 декабря, 2024 - 07:57
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Президентым и деж щыIэ Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ советым и зэIущIэм кърикIуам зэреплъыр къигъэлъэгъуащ:
30 ноября, 2024 - 10:40
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. Абы Iуэхугъуэ 13-м щыхэплъащ, республикэм и бюджетыр 2025, 2026 - 2027 гъэхэм зыхуэдэнур къыщыгъэлъэгъуа дэфтэрри яхэту.
Страницы
|