|
|
Спорт
6 марта, 2026 - 10:39
Уэзрокъуэ Минарэ ятокIуэ

5 марта, 2026 - 13:00
Урысейпсо зэпеуэм зыхуагъэхьэзыр
Дагъыстэным иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ КИФЩI-м и спортсмену 300-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 16-м щIимыгъуауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэхэм медаль 15 зэхьэзэхуэм къыщахьащ. Зыхэта гупхэм щытекIуащ Хьэбылэ Идар, Чыл Имран, Хъущт Сэлим сымэ.
Дыкъынэ Русланрэ Щынахъуэ Данилрэ дыжьын медалхэр къахьащ.
3 марта, 2026 - 12:00
Урысей Федерацэм боксымкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Фархутдинов Виктор я пашэу тренер гуп иджыблагъэ щыIащ Щхьэлыкъуэ къуажэм и спорт базэм. ХьэщIэхэм зрагъэлъэгъуащ нэгъабэ а жылэм къыщызэIуаха, спорт лIэужьыгъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ -гимнастикэмкIэ, боксымкIэ, дзюдомкIэ, нэгъуэщIхэмкIи - зэхьэзэхуэхэр щебгъэкIуэкI хъуну комплексымрэ волейболым, футболым, баскетболым хуэщIа стадионымрэ, ахэр Iэмэпсымэхэмрэ оборудованэхэмкIэ къызэрызэгъэпэщар.
3 марта, 2026 - 08:51
Медаль 19 къахь
Кавказ Ищхъэрэм самбэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Владикавказ къалэм щекIуэкIащ иджыблагъэ. Зэхьэзэхуэм хэтащ КИФЩI-м и спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэгъусэу, 400-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 16-м щIимыгъуауэ. Апхуэдэуи, абы щекIуэкIащ зэзауэ зыхэт самбэмкIэ зэпеуи.
28 февраля, 2026 - 13:00
Къэрэшей-Шэрджэсым и Лъэпкъ зэхуэсым и депутату щыта, дуней псом и чемпион Къуныжь Мухьэмэд и фэеплъу самбэмкIэ 10-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэ Черкесск къалэм и «Юбилейный» спорт комплексым щекIуэкIащ иджыблагъэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым, Абхъазымрэ Узбекистанымрэ я бэнакIуэу 300-м нэблагъэ.
28 февраля, 2026 - 08:37
Къэбэрдей-Балъкъэрым и суд приставхэм екIуу зыкъыщагъэлъэгъуащ Урысей ФССП-м унэтIыныгъэ зыбжанэкIэ зэхэт и чемпионатым. Зэхьэзэхуэр екIуэкIащ олимп щытыкIэм тету, я хьэлъагъкIэ 8-уэ гуэшауэ икIи япэу къыхагъэщIахэр хагъэкIыжу.
26 февраля, 2026 - 09:26
УФ-м иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ урысейпсо зэпеуэрэ Киров къалэм щекIуэкIащ иджыблагъэ. Абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 17-м я спортсмен 300-м щIигъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр иIэту зэхьэзэхуэхэм щыIащ Хьэкъул Тимур икIи и зэфIэкIхэр щигъэлъэгъуащ псы есынымкIэ метри 100 зи кIыхьагъ гъуэгуанэр нэхъ псынщIэу зэпычынымрэ къызэдэжэнымкIэ зэпеуэхэм.
25 февраля, 2026 - 15:50
КIыщ Аслъэнбэч япэщ
Урысей Федерацэм тэмэму зэхэзымых спортсменхэм я деж алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Орел къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 17-м я спортсмен 70, я ныбжькIэ илъэс 23-м щIимыгъуауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зэхьэзэхуэм щыIащ КIыщ Аслъэнбэч икIи килограмм 72-рэ зи хьэлъагъхэм я деж дыщэ медаль къыщихьащ.
Ди щIалэм и тренерхэр КIыщ Муратрэ Къардэн Анзоррэщ.
Боксер цIэрыIуэм и щIыхькIэ
25 февраля, 2026 - 11:53
Самбэм зэхуешэс

Къэбэрдей-Балъкъэрым самбэмрэ зэзауэ зыхэт самбэмкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Шэджэм къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ республикэм и командэу 8, псори зэхэту спортсмен 200-м нэблагъэ.
Страницы
|