Календарь событий

19 апреля 2024

Я хьэлъагъ елъытауэ

«НэщIикIыжым и Кубок»-р самбэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Налшык» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ 2012 - 2014 гъэхэм къалъхуа  бэнакIуэ ныбжьыщIэхэр.

Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ ПкIэнашэ Аслъэн (кг 26-рэ), Чочаев Имран (кг 29-рэ), КъуэщIысокъуэ Сулеймэн (кг 33-рэ), Хьэмырзэ Аслъэнбэч (кг 35-рэ), Гындыгъу Амир (кг 38-рэ), ДыщэкI Дамир (кг 42-рэ), Дрогуэ Амырбэч (кг 46-рэ), Чочаев Инал (кг 50), Шыбзыхъуэ Басир (кг 55-рэ), Гавриш Денис (кг 55+) сымэ.

ЩIэблэ къабзэ къытщIохъуэ

«ЩIэблэ къабзэ-2024» къыхуеджэныгъэм щIэту дзюдомкIэ зэхьэзэхуэ Кэнжэ къуажэм и спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. Ар Къуэдз Борис и фэеплъ зэпеуэуи щытащ икIи абы хэтащ республикэм и бэнакIуэу 166-рэ, я ныбжькIэ илъэс 14-м щIимыгъуахэу.

Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ  Шыгъэлыгъуэ Аскэр, Темрокъуэ Идар, Уэщхъун Идар, Хъуран Къантемыр, БищIо Атхъан, Къашыргъэ Мухьэмэд, Мизиев Хьэжмусэ, КIэмпIарэ Азэмэт, ШэрыIужь Айдэмыр сымэ.

ГъэпцIакIуэр яубыдащ

Урысей МВД-м Дзэлыкъуэ районым щиIэ къудамэм зыхуигъэзащ Дзэлыкъуэкъуажэ щыпсэу цIыхухъум. Абы зэрыжиIамкIэ, 2021 гъэм къэрал IэнатIэм лэжьакIуэ увыну мурад ищIат. ЦIыхухъум и къуажэгъум къыхуигъэлъэгъуащ Iэмал имыIэу зыхуеину дэфтэрхэр хузэхуихьэсыну, сом мини 100 иритмэ. Илъэсым къриубыдэу цIыхухъум «дэIэпыкъуэгъум» ахъшэ хуиутIыпщащ лэжьапIэ увын папщIэ Iэмал имыIэу зыхуеину тхылъхэр хузэригъэпэщын папщIэ.

Iуэхур щызэфIэмыхьэм, дзэлыкъуэдэсыр республикэм икIащ, ауэ къигъэзэжа нэужь хабзэхъумэ органхэм захуигъэзащ.

Япон усэ зыбжанэ

 Япон лъэпкъым и усыгъэр къыгуэхыпIэ имыIэу япон литературэм гуэт къудамэшхуэщ. ЗэрыжаIэжымкIэ, зэман кIыхькIэ японхэр китаибзэкIэ фIэкIа мытхэу щытащ, хамэбзэр къазэрытекIуэм, езыхэри Китайм и унафэм зэрыщIэтым къыхэкIыу. Нэхъ пасэу ятха усэхэр японыбзэжь жыхуаIэ тхыкIэмкIэ ятхамэ, хуэмурэ усэкIэ хабзэхэр тIууэ зэщхьэщыкIащ. Зыр китаибзэм нэхъ пэгъунэгъу «канси» жыхуиIэращ, етIуанэр – езы бзэм и лъабжьэм екIуэлIэж «вакэ» гъэпсыкIэр.

Налог щIыхуэшхуэ

УФ-м и Следственнэ комитетым и Следственнэ управленэу КъБР-м щыIэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху хэхахэр зэхэгъэкIынымкIэ и езанэ къудамэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ налогхэр тыным зэрызыпыIуадзым ехьэлIауэ.

КъызэрыщIагъэщамкIэ, 2019 - 2021 гъэхэм фирмэм и унафэщIхэм налог декларацэм дыщIагъуа уасэмрэ хэхъуэмрэ пэкIуэ налогым ехьэлIа хъыбар нэпцIхэр я финанс-хозяйствэ лэжьыгъэм кърикIуахэм къыщагъэлъагъуэри, сом мелуани 151-рэ налогыу ятакъым.

Iуэхур зэхагъэкI, апхуэдэуи бюджетым хамылъхьа налогхэр зэрырагъэпшыныжыным яужь итщ.

Зыкъамыту хэкIуэдащ

УФ-м и Следственнэ комитетым и Следственнэ управленэу КъБР-м щыIэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэм Iэщэ яIыгъыу къазэрыпэщIэувам теухуауэ.

Нартхэм я ныбжьыр

Иджыблагъэ Тыркум къыщыдэкIащ тхылъ гъэщIэгъуэн, абы щыпсэу щIалэ Балъкъэр Селчук итхауэ. Ар адыгэбзэкIи тыркубзэкIи къыдэкIами, тыркубзэкIэ дунейм къытехьа тхылъ 4000-р зэбграхащ, адыгэбзэкIэ тхам щыщу 50 къудейщ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэсар.

Щыуагъэм щахъумэу

ЩIэпхъаджагъэ зрахьэу тутнакъэщым исауэ къикIыжахэм яIущIащ КъБР-и и УМВД-м и Жылагъуэ советым хэтхэр. Апхуэдэ зэIущIэхэр щIэх-щIэхыурэ къызэрагъэпэщ, икIи тутнакъэщым къикIыжахэм йопсалъэ, аргуэру щIэпхъаджагъэ хэмыпщIэн папщIэ.

Мы зи чэзу зэIущIэр ирагъэкIуэкIащ УМВД-м деж щыIэ Жылагъуэ советым и унафэщI Бэгъуэт Хьэмидбийрэ управленэм и инспектор, полицэм и майор Энеев Ильясрэ.

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 19, мэрем

♦Ажэгъуэмэм и махуэр щагъэлъапIэ дунейм и къэрал куэдым

♦Урысей полиграфием махуэщ

♦1929 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, АКъУ-м и профессор, УФ-ми АР-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу щыта Щхьэлахъуэ Iэбубэчыр.

♦1937 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, драматург, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Журт Биберд.

Ажэгъуэмэ - уэсхэкIыкI - уэсчэсей

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

ЩIышылэ мазэм щегъэжьауэ мэлыжьыхьым икухэм нэсыху (щIыпIэр зыхуэзэм елъытауэ) гъэгъа теплъэ зиIэу щIы щхьэфэм адэкIи-мыдэкIи къыщыхэж къэкIыгъэ пасэ цIыкIухэр щыгъуэлэжыр хуабэр щIыIэм текIуэу, гъатхэр къызэрихьар ипэжыпIэкIэ наIуэ хъуа иужькIэщ.

Дэчыхыныгъэм кърикIуар

Фронтым ныбжьэгъу щызэхуэхъуат куржы щIалэ Куржорэ адыгэ щIалэ Тэркъанрэ. Зауэм узыпэмыплъа куэд къыщохъу. Мазэ хъуауэ зызэфIамыхауэ, я щыгъынхэр зэрамыхъуэкIауэ, ахэр тылым пIалъэ кIэщIкIэ къагъэкIуат тIэкIу загъэкъэбзэну. Тэркъан цыбэти, и щIыфэм хьэпIацIэ цIыкIу хищIагъэнут. Хуэмышэчыжыххэ щыхъум, абы сэххэм, блынхэм зыщихъуэрт. Абы бгъэщIэгъуэни хэлътэкъым - зауэр зауэт, псори арат.  Жэщ-махуэ ямыIэу бийм пэщIэт зауэлI тхьэмыщкIэхэм зыкIэлъыплъыжыну зэман дэнэт къыздрахынур? Арати, цIэ мыгъуэжьыр етауэ псори гугъу иригъэхьырт, гъэкIуэдыпIи ямыIэу.

Мыщэ хужьхэр гугъу езыгъэхьыр

США-м и Геологие IуэхущIапIэм и щIэныгъэлIхэм мазитI ипэ къахутат и пIэм имызагъэу, псэупIэщIэ лъыхъуэу къэзущыхь мыщэ. И кIэм-икIэжым мыщэр къэмыувыIэу махуи 9-кIэ псым есащ, зытеувэн щIымыл имыгъуэту. ЩIыуэпс насыпыншагъэм, псэущхьэхэр гугъу зэрыригъэхьым и зы щапхъэ къудейуэ аращ ар.

ТекIуэныгъэм и диктантым къэрал 50-м щIигъу хэтынущ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр. Хэку зауэшхуэм епха къэхъугъэхэр щIэрыщIэу къэзыIэтыж, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щекIуэкIа зауэхэмрэ зэхэуэхэмрэ зэрыхэгъэгъуу зэлъыщIызыгъэс, лIыхъужьхэмрэ ТекIуэныгъэм телэжьахэмрэ я цIэхэр утыкум къизыхьэ а гукъэкI дахэр хуэунэтIащ цIыхубэ тхыдэм теухуауэ щIалэгъуалэм ябгъэдэлъ щIэныгъэм хэгъэхъуэным, зи лъахэрэ зи лъэпкърэ фIыуэ зылъагъу щIэблэ къэгъэтэджыным.

МыкIуэдыжын фэеплъ

Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм цIыхубзхэм фронтым щызэрахьа хахуагъэр псалъэкIэ къыпхуэмыIуэтэным хуэдизщ. Абыхэм я фэм куэд дэхуащ, фIыщIэри щытхъури яхуэфащэрэ зыщыдгъэгъупщи мыхъуну.