Абы дегъэпIейтей

Адыгэбзэм ича лъэбакъуэщIэ

Тхыбзэм и къарур хэзыгъахъуэ интернетым дэмыгъуэгурыкIуэф бзэм и зэфIэкIыр кIэрыхуну къудейкъым, гупкIэм укъыпыхупэныр шынагъуэщ. Къэбэрдей-шэрджэсыбзэр а щытыкIэм къикIауэ пхужыIэнущ. 
 Нэхъ пасэу дытепсэлъыхьащ дэ дызэрыпсалъэ бзэ къудамэр Урысейм нэхъ зыщызыужьаи 10-м язу къызэралъытам. Иджы аргуэру зы хъыбарыфI къытIэрыхьащ. Адыгэ республикэм щызекIуэ тхыбзэ къудамэри «Яндекс-зэдзэкIакIуэ» платформэм кърагъэщтащ. Зыуэ щыт адыгэбзэм и къудамитIыр нэхъ быдэу зэрызэрыубыдынум нэмыщI, езы анэдэлъхубзэми IэмалыщIэхэр къыхузэIукIынущ. 

Си Хэкум сытоукIытыхь

«Экономист» цIэр зэрихьэу, США-м мэрем къэс журнал къыщыдокI, и теплъэкIэ газет жыпхъэм иту.  Абы и лъабжьэр I843 гъэм Инджылызым щигъэтIылъауэ щытащ Уилсон Джеймс  хьэрычэтыщIэм. 

«Сэшхуэр» адыгэбзэм къыхэкIащ

Кавказ Iэщэм теухуауэ ятха тхыгъэхэм уахэплъэмэ, псом япэ зэрищынум шэч хэлъкъым Аствацатурян Эммэ и «Кавказ лъэпкъхэм я Iэщэр» тхылъыр. ЩIэныгъэрылажьэ лъэрызехьэу щыта бзылъхугъэм ди лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэм теухуауэ кърихьэлIа тхыдэр апхуэдизкIэ абрагъуэщи, и кIэм дынэплъысауэ ноби тхужыIэнукъым. 

Сабийхэр зимычэзум щахъумэ

Тыркум интернетыр илъэс 15 иримыкъуа сабийхэм къыщагъэщхьэпэну хуиткъым. Унафэр къэралым и Хасэшхуэм къищтакIэщ. Интернет хэщIапIэхэм къалэн щащI ахэр зи ныбжь иримыкъуа сабийхэм къамыгъэсэбэпыфын хуэдэу, имыхьэфу ящIыну. КъинэмыщIауэ, интернет хэщIапIэ къэс «адэ-анэ кIэлъыплъыныгъэ» жыхуаIэ программэхэр трагъэувэн хуейщ. Сабийхэр щыджэгу платформэхэм къалэн щащIащ махуэ къэс ахэр къэзыгъэщхьэпэ цIыху 100000-р хэт хъунуми зрагъэщIэну. 

Сыт сабийхэр гущIэгъуншэ зыщIыр?

«Школхэм къыщыхъу мыхъумыщIагъэхэр хъыбарыщIэхэм къыщыгъэлъэгъуэныр хабзэншагъэу къэлъытэн» зыфIаща хабзэм и проект щагъэхьэзыр Къэрал Думэм. Иужьрей зэманым еджапIэхэм къиIукI хъыбар мыхъумыщIэхэрщ абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар.

Хэт зымыщIэр ныбжьыщIэхэр къызыщIэплъэрейуэ зэрыщытыр? Зэман дэкIмэ, бзаджафэ зуплъ сабийхэми ящхьэщыкI хабзэщ я псынщIагъэр. Ауэ псэун щIэзыдзагъащIэхэм гущIэгъуншагъэ щадэплъагъукIэ, «иджы щыIэхэр» нэгъуэщI зыгуэру пIэрэ жыуегъэIэ.

Узэгупсысын щыIэщ

«Еууей, сыту нэхъыщIэхэр къыттекIуа! – жиIэурэ, тхыгъэ гуэрым и лъабжьэм зыгуэр щытхьэусыхэрт зымахуэ. – Сыгуащэщ жыпIэуи ядэжыркъым иджырей нысэхэм, адыгэ пщIэ-нэмысыр кIуэдыжауэ жыпIэ хъунущ». 

УнапщIэ щхьэфIэчхэр

Тюмень къалэдэсхэм гъатхэпэм и 14-м зыкъаIэтри, я унафэщIхэм зэрахуэмыарэзыр къагъэнаIуэу, уэрамым къыдыхьахэщ. Щхьэусыгъуэр -коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэхэр егъэлеяуэ зэрыдрагъэуеярщ, къэувыIэнуи мурад зэрамыIэрщ. 
 «Зы пэш закъуэ фIэкIа мыхъу си фэтэрым щхьэкIэ, мазэ къэс сом мини 6-м щIигъу изот. Мыбдежым къекIуэлIахэри сэ схуэдэщ, апхуэдиз ахъшэ зыми итыфынукъым», - жеIэ къызэхуэса цIыхубзхэм я зым. - «Водоканал», «Суэнко», «Устэк» IуэхущIапIэхэр зыгъэлажьэхэм мелард бжыгъэкIэ ахъшэ къалэжь, армырми зи жыпыр «гъуанэ» пенсионерхэм я жыпхэм иIэбэурэ». 

НыбжьыщIэхэр нэхъ бзаджэ мэхъу

Пермь крайм къыщыхъуа гузэвэгъуэм зэрыкъэралу игъэгужьеящ. Добрянкэ щIыпIэм дэт школ №5-м щIэс, илъэс 17-м ит ныбжьыщIэр урысыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэм сэкIэ кIуэцIыуэри, цIыхубзыр сымаджэщым дунейм щехыжащ.

Багутэ Олеся илъэс 55-м итт. Иджы къызэрыщIэщымкIэ, щIалэр илъэс ипэкIэ къыхэнэжат, мыгъэрей къэпщытэныгъэр итыну хуит зэримыщIарщ егъэджакIуэр зэригъэкъуаншэр. ИщIэр ищIэжу, цIыхубзыр зэриукIам и щыхьэтщ абы чыцэм зыхигъапщкIуэу, егъэджакIуэр къэсыху зэрыпэплъар. ИужькIэ сабийхэм яхэкIиери, «дэтхэнэ зыми абы и махуэр къыфхуэзгъэкIуэнущ» яжриIащ.

Псыдзэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр

 Дагъыстэныр зыубыда псыдзэм хуэдэ республикэм 1882 гъэ лъандэрэ, языныкъуэхэм зэрыжаIэмкIэ - 1919 гъэ лъандэрэ щалъэгъуакъым. Унэ мини 2-м щIигъу псым щIигъэнащ, цIыхуи 6 хэкIуэдащ, цIыху мин 15,5-рэ нэгъуэщIыпIэ ягъэIэпхъуащ.  

ЗыгъэхъужыкIэ Iэмалхэм я нэхъ тыншыр

«Уз къызэуэлIам зигъэхъужын папщIэ, хущхъуэ куэд къигъэщхьэпэн хуей мэхъу ди лъэхъэнэм, - жеIэ муслъымэн щIэныгъэм зи цIэр фIыкIэ къыхэщ щихъышхуэхэм язщ Кипрым щыщ Iэл-Хьэкъкъаний Мухьэмэд Назим. - Фи фIэщ фIымыщ а хущхъуэхэмрэ операцэхэмрэ фIэкIа нэгъуэщI зыри сэбэп кыфхуэмыхъуу!

ЦIыхухэр псори зи IэмыщIэ илъ Алыхьышхуэм хуэжыIэщIэу щытамэ, я узыншагъэри къихъумэнут, узи къыбгъэдигъэхьэнутэкъым. КъеуэлIа узыр хущхъуэкIэ фIэкIа пхуэмыгъэхъужыну егупсысыху, цIыхум и бэлыхьыр щхьэщыкIынукъым.

Страницы

Подписка на RSS - Абы дегъэпIейтей