Таурыхъым хуокIуэж

Абы дегъэпIейтей

ЩIыуэпсым зэраныгъэ къыхуэзыхь пкъыгъуэхэр гъэмэщIэным е  абыхэм я къыщIэгъэкIыныр зэпыгъэуным теухуауэ дуней псом щекIуэкI псалъэмакъхэр нэхъ кIащхъэ хъуркъым, нэхъ гъэщIэгъуэныжыращи, зы хэкIыпIэ пыухыкIам къыщызэтеувыIауэ тети зэкIэ къахэкIыркъым.

Къэрал 70-м нэблагъэм пластикым къыхэщIыкIа пакетхэр къыщыщIагъэкIыжыркъым. АтIэ сыт абы и пIэм къиувэну дызыпагъаплъэр?

- ТхылъымпIэм къыхэщIыкIахэрщщ, - жаIэнущ дэтхэнэ зыми, ар нэхъ къызэрезэгъым шэч лъэпкъ къытрамыхьэу. АрщхьэкIэ, иужьрей къэпщытэныгъэхэм кърикIуар нэгъуэщI Iуэху еплъыкIэщ.

Урысейм и щIыуэпс оператор (РЭО) IуэхущIапIэм хэIущIыIу зэрищIамкIэ, псом нэхърэ нэхъ къабзэу къалъытэу нобэм къэса тхылъымпIэ пакетхэр къыщыщIагъэкIкIэ пкъыгъуэ зэрану къыхэкIыр пластикым ейм нэхърэ процент 70-кIэ нэхъыбэщ, ар ауэ къэгъэнауэ, тхылъымпIэжьхэм псы ежэххэмрэ гуэлхэмрэ зэрауфIейр процент 50-кIэ нэхъыбэщ,  пластикым елъытауэ ахэр хуэдихкIэ зэрынэхъ хьэлъэри къэплъытэмэ, и къешэкIынри тыншкъым.

 «Экотехнологие» IуэхущIапIэм и щIэныгъэлIхэм зэрыжаIамкIэ, тхылъымпIэ хъуржынхэм я къыщIэгъэкIыным япэ къэс пхъэр хуэкIуэркъым. Абы папщIэ жыг лIэужьыгъуэ щхьэхуэхэр къэгъэкIын хуей хъунущ. КъищынэмыщIауэ, щIыуэпс къабзагъэм нобэ цIыхур къыхуезыджэхэм щIым нэса тхылъымпIэр зэман кIэщIым къриубыдэу, Iэужь Iеи имыIэу хэщыхьу зэрагугъэри тэмэмкъым. Нобэ псом нэхърэ нэхъ шынагъуэу къалъытэ микропластикэу ар мылъалъэ пэтми, пхъэнкIий идзыпIэм къыщыхута нэужь ари илъэс кудкIэ щIым хэлъщ зыри къыщымыщIу. Абы къыхэкIыу языныкъуэхэр къыщызэтеувыIащ цIыхуми псэущхьэхэми емыгуауэ, нартыхумрэ кIэртIофымрэ къыхах биопластикэм.

Абыхэми я шынагъуэншагъэм шэч къытрахьэ хъуащ Инджылызым и университетхэм ящыщ зым иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм я ужькIэ. КъызэрыщIэкIамкIэ, илъэсищ енкIэ щIым щIагъэлъа биопластикыр зэрыщытыпсу, уеблэмэ къэбгъэсэбэп хъун хуэдэу иджыри быдэу къыщIахыжащ. Апхуэдэу Iуэхур къыщыщIэкIым, абы трагъэкIуэдэну нартыхумрэ кIэртIофымрэ цIыхум ирагъэшхмэ нэхъыфIу къалъытэжащ. Iэмалу щыIэм зэхуеплъри, СССР-м къыщагъэсэбэпу щыта щэкI сумкIэхэми нэсыжат, ауэ абыхэми увыпIэ лъагэ  иратыжакъым.

Нэгу къыщIэгъэхьэжыгъуейкъым цIыху къэс къыздрахьэкIыу щыта чэсыргей, чэтэн сумкIэ цIыкIухэр. Ахэр дэтхэнэ зыми щэкI кIапэм къыхищIыкIыфырт, куэдрэ зекIуэрт, фIей хъуамэ, дакъикъэм яжьыщIыжырти зэфIэкIырт, зэкIуэцIылъу къыздепхьэкIынри тыншт. Апхуэдэт бжьэхуцым къыхэщIыкIа сеткэхэри. Иджы ахэри щытыкIэм  хуэмыкIуэж хъуащ - щэкIым хэт тхыпхъэхэр пластикэ сэхусэплъхэмкIэ хащIыхь, жьы хъууэ хыфIадзэжахэм етIуанэу уелэжьыж хъуркъым. Къапщтэмэ, Японием иджыпсту щIадзауэ къыщыщIагъэкI бдзэжьейм и кIапэлъапэхэм къыхэщIыкIа къэпхэр. Дуней псом тет щIэныгъэлIхэр илъэс куэд хъуауэ мыувыIэу зэлэжь а Iуэхум кIэи-пэи иIэ хуэдэкъым. Иужь дыдэу къыщызэтеувыIэжащ полиэтилен пакетхэм. Ахэр нэхъ Iувыху нэхъыфIу жаIэ, апхуэдэхэм етIуанэу уелэжьыжыныр зэрынэхъ тыншым фIэкIа хэмылъу. Абыхэм къыхащIыкIыж пхъэнкIийр зэрызэрахьэ пакетхэр, унагъуэм къыщагъэсэбэп хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр. Зэхалъхьэ бжыгъитIым я увыпIэр зэпхъуэжкIэ абы къыщIэкIым зэрызимыхъуэжым хуэдэ къабзэу, Iуэхур а къыщрагъэжьам къыщынэжащ. Пластикыр микропластикым намыгъэсу сыт хуэдизрэ а зым узэрелэжьыжыфынур?.. Гува-щIэхами, абыи зы гъунапкъэ иIэнущ. Абдежым микропластикым зыри елIэлIэж хуэдэкъым - тIум щыгъуэми пластикыр пластикыу къэнэжынущ. Ауэ щыхъукIэ, иджыщ дунейм къыщытрагъэхьэр илъэс 200-кIэ щIым щIэлъу жыхуаIэу щыта а пкъыгъуэ зэраным илъэс 500-кIи, I000-кIи кIуэдыпIэ зэримыIэр. Псом нэхърэ нэхъ узыгъэгузавэр а щIэныгъэлI дыдэхэм я Iуэху еплъыкIэхэм гупсысэм къигъэтIэсэгъуей купщIэншагъэ куэд къызэрыхэзэрыхьырщ. Псалъэм папщIэ, щIыуэпсымрэ ар зи псэупIэхэмрэ зэраныгъэу къахуихьыр сыткIэ еплъыт хъуну щэкIым пластик лэчкIэ зэрелэжь къудейм нэхърэ нэхъ хэмылъу сыткIи къабзэ япэрей сумкIэхэр зэбгъэтIылъэкIыжыныр?

Пластик пакетхэр 50-рэ бжьыщI хъунущ, жызыIэ щIэныгъэлIхэр-щэ? Сыт хуэдизри зехьи, ахэр къыщIэзыгъэкI, абы мылъкушхуэ къыхэзых IуэхущIапIэ инхэм я лэжьыгъэр къызэтеувыIэнукъым. Хьэпшыпыр къыщIэкIыху, абы нэхърэ нэхъ зэран щымыIэми, щэхуакIуи щыIэнущ. Уеблэмэ, а Iуэхум зыри иримыпIейтейуэ къыпщигъэхъунри хэлъщ, зыри къызэрымыкI кIэи зимыIэ апхуэдэ «къэхутэныгъэхэм».

ЛЪОСТЭН Музэ.

 

 

Поделиться: