|
|
ЩIалэгъуэ
28 сентября, 2026 - 13:04
Ди республикэм ис щIалэгъуалэм гулъытэ яIэщ. Я хъуэпсапIэхэр къайхъулIэн, я мурадхэм лъэIэсын папщIэ къэралыр зыхуекIуэ Iэмалхэр ди щIыналъэм гъэзэщIа щохъу. НыбжьыщIэхэр зыхэт Iуэхухэр иужьрей зэманым куэду долъагъу. Абы теухуауэ лэжьыгъэшхуэ щызэфIах ЩIалэгъуалэм я унэм. Илъэсищым щIигъуащ КъБР-м ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэр къызэрыунэхурэ, зи гугъу тщIы унэри абы ейщ. Концерт щагъэлъагъуэ пэшышхуэм цIыху щибгъум нэс щIохуэ. Мыбы пшыхь, лекцэ, гъэлъэгъуэныгъэ, нэгъуэщIхэри щокIуэкI, щIалэгъуалэм заужьынымкIэ къащхьэпэн защIэу.
22 сентября, 2026 - 13:00
Бахъсэн щIыналъэм щыщ, КъБКъУ-м и 4-нэ курсым щеджэ Нэхущ Арианэ къихьащ Урысейм и Правительствэм и стипендиер. Ар зыхуагъэфащэр щIэныгъэм, проект зэмылIэужьыгъуэхэм, жылагъуэ Iуэхухэм теухуауэ ехъулIэныгъэ зиIэрщ.
22 сентября, 2026 - 08:51
Хабзэ зэрыхъуауэ, Адыгэ Республикэм мы махуэхэм ныбжьыщIэхэм папщIэ къызэрагъэпэщ «Адыглэнд» лагерыр. Ар къызэрагъэпэщащ АР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэмрэ Адыгэ къэрал университетымрэ.
Лагерым мы гъэм къыщызэхуэсат Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым и Хьэбэз районым щыщ, класс нэхъыжьхэм щIэс ныбжьыщIэ 60-м щIигъу.
Адыгэбзэр фIыуэ зыщIэ, зыгъэлъапIэ школакIуэхэм Адыгэ къэрал университетым и «Горная легенда» егъэджэныгъэ щIыпIэм зыщагъэпсэхуащ, лъэпкъым бгъэдэлъ беягъым, хъугъуэфIыгъуэхэм теухуауэ ящIэм нэхъри хагъэхъуащ.
21 сентября, 2026 - 12:30
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым япэ дерсхэр щокIуэкI мы махуэхэм, студентхэр егъэджэныгъэм хагъэгъуазэ. Абыхэм фIэхъус псалъэ гуапэкIэ къапожьэ къудамэхэм я унафэщIхэр, егъэджакIуэхэр. Я IутIыжщ дыгъуасэ гузавэу экзаменхэр зыта абитуриентхэм, ахэр иджы КъБКъУ-м и студентщ. ЩIалэгъуалэм я дежкIэ ар лъэхъэнэфIщ, я гъэсакIуэхэр зрагъэцIыху, институтхэм я щхьэхуэныгъэр къащIэ, дерсхэм я зэхэлъыкIэмрэ студент гъащIэмрэ я купщIэм, илъэс зыбжанэкIэ зи гъусэну я курсэгъухэм нэIуасэ зыхуащI.
14 сентября, 2026 - 13:38
Дыщыпсэу ЩIы Хъурейуэ ди Дыгъэм и къэухьыр къэзылъэтыхьым зыгуэркIэ хуагъадэу, гъащIэ мащIэ гуэр здэщыIэнкIэ хъуну зыхуагъэфащэу хьэрш пхыдзам къыщахутэ уафэщIхэм астрофизикхэр зэреджэр «экзопланетэщ».
Тхыдэ мыжыжьэм зэрыхэтлъагъукIыу, уахэ пхыдзам экзопланетэхэм къызэрыщалъэтыхьым астрономхэр япэу тепсэлъыхь щыхъуар 1992 гъэм иужькIэщ. Алъандэрэ а къэщIыгъэхэм гу щIылъамытам и зы щхьэусыгъуэу къэувыр зэкIэрэхъуэкI вагъуэхэм (дыгъэ жьэражьэм) къадз нурым ахэр фагъуэ зэрыщIэхъукIырт.
4 сентября, 2026 - 13:04
Физикэм «Теорие относительности» жыхуаIэ и унэтIыныгъэ гъуэзэджэр, зэрытщIэщи, къэзыгупсысар еджагъэшхуэ Эйнштейн Альбертщ. Аращ уахэм зыщызыгъэпщкIу къэщIыгъэ абрагъуэу «мащэ кIыфIкIэ» дызэджэхэм (черная дыра) япэ дыдэу ятетхыхьауэ щытар.
30 августа, 2026 - 07:01
Зым и дежкIи щэхукъым жэрдэмщIакIуэ щIалэгъуалэр къызэрыхыхьэм и фIыгъэкIэ иджырей къэрал управленэм жыджэру зэрызихъуэжыр. Абы и щапхъэу къэпхь хъунущ ПФР-мрэ ФСС-мрэ зэхагъэхьэжу, 2023 гъэм къызэрагъэпэща Урысейм и Социальнэ фондыр (СФР). Нобэ фондыр щIалэгъуалэм зэрадэлажьэмкIэ къэрал структурэхэм япэ итщ, абы къищынэмыщIауэ, IуэхущIапIэм езым и ЩIалэгъуалэ совет къыщызэрагъэпэщащ.
17 августа, 2026 - 11:04
ЩIэныгъэм и мыхьэнэр пасэу къызыгурыIуа цIыху акъылыфIэ, адыгэ узэщIакIуэ, тхыдэтх икIи тхакIуэ гъуэзэджэ Хъан-Джэрий япэ илъэсхэм дихьэхауэ нэхъ зэлэжьар и лъэпкъым и тхыдэрщ, IуэрыIуатэрщ, къыдалъхуахэр зыхэт лъыгъажэ гущIэгъуншэм къыхэшынырщ, кIыфIыгъэ хьэлъэр щхьэщыхынырщ, щIэныгъэм и мыхьэнэр къагурыгъэIуэнырщ.
ЗыгъэпIейтей, зэгупсыс, и гурылъ-гурыщIэхэр художественнэ псалъэкIи къиIуэтэну иужь йохьэ, адыгэ литературэм хэлъхьэныгъэфI хуэхъуа тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр и Iэдакъэ къыщIокI, абыхэм я нэхъыбэр езыр псэу щIыкIэ дунейм къытемыхьами.
17 августа, 2026 - 10:44
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щоджэ къэралым и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым къикIа щIалэгъуалэр. Васильченкэ Мирославэ Социально-гуманитар институтым и студентщ, ар ДНР-м щыщщ, ди университетым щекIуэкI гъащIэм жыджэру хэтщ.
Мирославэ и сабиигъуэр щыкIуар Донецк ЦIыхубэ Республикэм хыхьэ Снежное шахтёр къалэ цIыкIурщ. Абдеж къыщожьэ абы и унагъуэ дахэмрэ творчествэм, гуманитар щIэныгъэхэм хуиIэ лъагъуныгъэмрэ я хъыбарыр.
16 августа, 2026 - 11:03
Адыгэ унагъуэм щагъэса дэтхэнэми гъащlэм адэкlэ щигъэлъагъуэр, къылъыкъуэкlыр, lуэху зэрызэфlигъэкlыр, псэукlэу иlэр зэлъытар абы къыхалъхьа гъэсэныгъэрщ, къыбгъэдалъхьа щlэныгъэрщ, гупсысэкlэу иlэрщ. Гуапэ зэрыхъущи, ди мащlэкъым дахагъэ куэду зыдэтлъагъу пщащэхэр. Нобэкlэ псэлъэгъу схуэхъуа Аброкъуэ Дианэ хэлъ, бгъэдэлъ фlы псори и унагъуэм къыщежьащ.
Страницы
|