ЩIалэгъуэ

УнафэщIым куэдкIэ елъытащ

Бахъсэн районым хыхьэ Ислъэмей къуажэм илъэс 13 ипэкIэ сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэгъэзауэ амбулаторэщIэ къыщызэIуахауэ щытащ. Абы лъандэри IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр куэдкIэ нэхъ ефIэкIуащ, жылэдэсхэр абы щагъуэт дэIэпыкъуныгъэхэм арэзы къищIу апхуэдэщ.

 Амбулаторэм псори зэхэту  цIыху 68-рэ щолажьэ. Абы щыщу 18-р дохутырщ, абыхэм яхэтщ терапевт, хирург, стоматолог, онколог, педиатр, нэгъуэщI IэщIагъэлIхэри. Нэхъыщхьэращи, дэтхэнэми зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хищIыкIыу, цIыху гумащIэу, гуапэу щытхэщ.

Я Iуэхур дагъэпсынщIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэситIым щIигъуауэ дэIэпыкъуэгъу яхуохъу Херсон областым щыщу и нэIэ щIэт щIыналъэхэм узыншагъэр хъумэнымкIэ я IэнатIэхэм, ахэр зыхуэныкъуэ медицинэ IэщIагъэлI зэхуэмыдэхэр яхуигъакIуэурэ. Апхуэдэуи IуэхущIапIэхэр зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэр хуашэ: хущхъуэхэр, медицинэ хьэпшып зэхуэмыдэхэр, ерыскъыхэр, зэфэн псы.

Иджыблагъэ ДэIэпыкъуэгъу псынщIэмрэ къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэмкIэ медицинэ центрым щылажьэ анестезиолог-реаниматолог гуп Херсон областым кIуащ, щIыпIэм щыпсэухэм зыхуэныкъуэ дэIэпыкъуныгъэхэр хуащIэн папщIэ.

Дамир и хъуэпсапlэхэр

Шэджэм Етlуанэ къуажэм къыщалъхуа Джэдмышх Дамир пасэ дыдэу спортым дихьэхащ.  Сабий садым кlуэн щыщlидзам, бэнэкIэ хуитымкIэ спорт секцэм хыхьащ икIи Хъубий Анатолэ и гъэсакlуэу япэ лъэбакъуэхэр абы щичащ.

Сабийхэм я фIыгъэкIэ

Накъыгъэ мазэщ… Гъэ еджэгъуэр и кIэм ноблагъэ. Класс унафэщIу сызыхэт сабийхэм мы гъэм пэщIэдзэ еджапIэр къаух.   

Джэдмышх псыкъелъэхэр

Дэтхэнэ зы щIыналъэми иIэщ зэрыгушхуэ щIыпIэ дахэхэр. Абы и лъэныкъуэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр куэдым йофIэкI. Къэтщтэнщ республикэм и Дзэлыкъуэ районри, нэр зыхьэхуу, гур хэзыгъахъуэу сыт хуэдиз щIыпIэ телъыджэ иIэ абы. Языхэзми укъыщыхута нэужь, абы щыплъагъу дахагъэм псэр етхьэкъу. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, Шэнтхъурейр, Псынащхьиблыр, Тамбукъан гуэлыр, Джылы-Су аузыр, Джэдмышх псыкъелъэхэр. Ахэр щIыуэпсгъэдахэу, турист кIуапIэу зэрыщытыр хэткIи щэхукъым.

ГъащIэр фIыуэ елъагъу

Дунейм щикъухьа адыгэ лъэпкъым зыщыпсэу щIыпIэр егъэдахэ, гуапагъэм, хьэщIагъэм, лIыгъэм, пэжыгъэм я щапхъэ мэхъу. Адыгэ нэсым хэлъ хьэл-щэн нэхъыщхьэхэр и лъым хэту дунейм къытохьэ. КъыдэкIуэтеиху, ар хэплъагъуэ мэхъу и теплъэм, и зыIыгъыкIэм, и псэлъэкIэм. Гъэсэныгъэм и Iуэхур а лъым хэту къакIуэ щэным дэIэпыкъуэгъу хуэхъуу арагъэнущ.

И зэфIэкIыр инт

Нэгумэ Шорэ адыгэ лъэпкъым и тхыдэм щIыпIэшхуэ щеубыд. Абы пасэу къыгурыIуащ цIыхум и псэукIэм зихъуэжынымкIэ, къулейсызыгъэр гъэкIуэдынымкIэ, къэкIуэнум и махуэхэр нэху, хуит щIынымкIэ щIэныгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Ар псэемыблэжу хуэлэжьащ и лъэпкъым. И гъащIэр хуигъэпсащ мурад лъагэ ищIахэр гъэзэщIэным. Къэбэрдей-шэрджэсыбзэр джыным, абы и псалъэхэр зэхуэхьэсыным, псалъалъэ Iуэхум елэжьыным и лъэхъэнэщIэр епхащ Нэгумэ Шорэ. Мыхьэнэшхуэ ди зэманми зиIэ япэ адыгэ-урыс псалъалъэр абы 1830 гъэм зэхилъхьащ.

Сабиигъуэм ухашэж

ТхакIуэ Журт Биберд ящыщщ зи гуащIэм пщIэшхуэ хуэфащэ тхакIуэхэм. Абы и IэдакъэщIэкIхэм лъэпкъ литературэм увыпIэ щхьэхуэ щаубыд. I972 гъэм Журт Биберд и япэ рассказ тхылъыр – «Си унэцIэ дыдэр» зыфIищар – къыдэкIащ. А тхылъым ущIэджыкIа нэужь Биберд зыщымыгъуазэ Iуэху зэрытемыпсэлъыхьыр къыбгуроIуэ. ГъащIэм и пэжыр хыболъагъуэ абы и IэдакъэщIэкIхэм. Литературэм и жанр куэдым фIы дыдэу хэзэгъащ Журтыр. Удихьэхыу укъоджэ сабийхэм ятеухуауэ итхахэм. Абыхэм гъэсэныгъэ-ущииныгъэ лъабжьэ куу яIэщ. Апхуэдэ тхыгъэ зыбжанэ къыхэзгъэщыну сыхуейт.

Ар егъэджакIуэт икIи тхакIуэт

КІэрэф Мухьэмэд адыгэ литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа ди тхакIуэ нэхъ пажэхэм ящыщщ. Илъэс куэдкIэ хьэлэлу хуэлэжьащ ар къэзылъхуа лъэпкъым, жэуаплыныгъэ ин зыпылъ къулыкъу зыбжани игъэзащIэурэ къекIуэкIащ. Ауэ псэуху ІэщIыб имыщIу абы зэдихьащ лэжьыгъитI, я мыхьэнэрэ я лъагагъкIэ зэпэшачэрэ жыпIэну тIури щхьэпэу: ар егъэджакIуэт икIи тхакIуэт.

Къалэмыр жану зыхуигъэлэжьар

Къэрмокъуэ Мухьэмэд Мухьэжид и къуэр адыгэ литературэм ХХ лIэщIыгъуэм и хыщI гъэхэм къыхыхьащ.

Страницы

Подписка на RSS - ЩIалэгъуэ