Езы Дыгъэр зыхуэгуапэ

Сабийм нэхърэ нэхъ дахэ, IэфI, щабэ хэт бгъуэтын? Мы дунейм ифIри, и Iейри иджыри зымыщIэ псэ къабзэ цIыкIур хэти хуогуапэ, хуогуфIэ, IэплIэ хуещI, зыхуеший. 
 И Iэпэ быртIым цIыкIухэр IэфIым хуешэ, IэфIыкIэр зыпищI щыIэкъым. Ар зэрылъэлъу щыдыхьэшхкIэ, щыгуфIэкIэ, ухуей-ухуэмейми, уэри уогушхуэ. Джэгуным дихьэха нанур «нэщыпхъуэкIэ» къотыгъэри, итIанэ уэри джэгуным гу хубощI. Ар уогъэгушхуэ, дыбохьей, уоубзэрабзэ, ищIэ псори пфIэтелъыджэщ. 
Сурэтым щыфлъагъу щIалэ цIыкIур си къуэшым и бынщ. Дыгъэ бзийхэр хуабэу зытепса, бзу цIыкIухэм я уэрэдым щIэжеикIа, дадэ и IэплIэм куэдрэ исыгъа, нанэ и шхыныгъуэкIэ ныбэ фэлъыркъэбыр из зыщIа, анэм и лъагъуныгъэкIэ гъэфIа, адэм и псалъэ гуапэ зэхэзыза, къуэш и гулъытэ хэмыкI, шыпхъу и дахагъэеджэ куэду зэхэзых Нурлан насыпыфIэ Алыхьым ищI. Мы нанур зэфэну псыр иджыкIэ къыщIэжыну аращи, узыншэ цIыкIуу, гурыхуэу къэхъуну сохъуахъуэ. 
 

МАХУЭЛI Беслъэн.
Поделиться: