Жылагъуэ

Румкъалэ и хъыбар

Нартсанэ (Кисловодск) километр 15 хуэдизкIэ пэжыжьэу, къухьэпIэмкIэ къыщытщ тхыдэжьым и фэеплъ, Рум Iуащхьэ жыхуаIэр. Япэ дищынщи, нэхъ пасэу абы зэреджэу щытар Румкъалэщ. 

Пщэдейрей гъащIэм сыткIэ дыхуэхьэзыр?!

Урысейм и лъэпкъхэм я бзэхэм я махуэм ирихьэлIэу тфIэигъуэщ анэдэлъхубзэр хъумэн щIыхуейм, абы и мыхьэнэм дытепсэлъыхьыну. ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием къызэритымкIэ, ди къэралым бзи 155-рэ щыгъэбелджылащ, диалектхэр ящIыгъуу абыхэм я бжыгъэр 277-м нос. Бзэм зэрызиужьым кIэлъыплъ зэпытщ ди щIэныгъэлIхэр. АтIэ нобэ адыгэбзэм и Iуэху зыIутымрэ ар къызэрыддэгъуэгурыкIуамрэ теухуауэ лэжьыгъэшхуэ иIэщ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БакIуу Хъанджэрий. Абы щыщ Iыхьэщ фызыщыдгъэгъуазэр.

Адэжь щIыналъэм и кIэдахъуэм

2026 гъэм фокIадэм и 8-м ди къэралым щыпсэухэм иджы япэу ягъэлъэпIэнущ Урысей Федерацэм и лъэпкъхэм я бзэхэм я махуэр. Апхуэдэ жэрдэмыр къыщыхалъхьат Урысейм и лъэпкъхэм я бзэхэмрэ урысыбзэмрэ защIэгъэкъуэнымкIэ къэрал къалэныр гъэзэщIэнымкIэ Советым 2025 гъэм мэкъуауэгъуэм и 5-м иригъэкIуэкIауэ щыта зэIущIэм.

ЛъагапIэ куэдым ухуэзышэ

Илъэс 60 ипэкIэ, 1966 гъэм фокIадэм и 8-м, Лъэпкъ зэкъуэтхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм и унафэкIэ ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтыным и дунейпсо махуэр ягъэувауэ щытащ. Абы щыгъуэ Тегеран къыщызэIуахауэ щытащ егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министрхэм я дунейпсо зэхуэсышхуэ. ЩIы хъурейм и къэрал куэдым я лIыкIуэхэр къызрихьэлIа а конференцым щытепсэлъыхьат цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным, къеджэкIэ, тхэкIэ, бжэкIэ ящIэу щIэблэр къэгъэтэджыным мыхьэнэшхуэ зэриIэм.

Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр

ЕтIуанэ дунейпсо зауэр щиуха махуэм ирихьэлIэу Налшык ­къалэм Печатым и унэм щы­тепсэлъыхьащ тхыдэ пэжыр ­хъумэным и мыхьэнэм. ЗэIущIэр зыхуагъэпсар милитарист Японием зэращытекIуарт. 

Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ

Гъэ еджэгъуэщIэм и пэ къихуэу хъыбар гуапэ къы­тIэ­рыхьащ. УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм, Кавказым и ТхакIуэхэм я клубым хэт, УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ №3-м и егъэ­джакIуэ Мэржэхъу ФатIимэ щытекIуащ «Сказитель Руси. Легенды и мифы России» зэпеуэм. Ар къызэригъэпэщащ УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм.

ЩыщIадзэжащ еджапIэ къагъэщIэрэщIэжахэм

Каменномост (Къармэхьэблэ) къуажэм дэт  курыт еджапIэ №2-р «ЩIалэгъуалэмрэ са­бий­хэмрэ» лъэпкъ проектым хэту зэрахьэри, фо­кIадэм и 1-м ирихьэлIэу и бжэхэр зэIуахыжащ. 

Мамырыгъэм и уасэр зыхрагъащIэ

Терроризмэм ебэнхэм я зэ­къуэ­тыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу, фокIадэм и 3-м, къэралым и щIы­пIэ псоми хуэдэу, Къэбэрдей-Балъ­къэрым щып­сэухэми ягу къа­гъэкIыж терактхэм хэкIуэдахэмрэ абы фэбжь хэзыхахэмрэ икIи а щIэпхъэджагъэм ебэныным и IуэхукIэ зэкъуоувэ. Абы ирихьэ­лIэу республикэм и къалэхэмрэ къуа­жэхэмрэ пэкIухэр, зэхы­хьэ­хэр, спорт зэхьэзэхуэхэр щекIуэ­кIащ, документальнэ фильмхэр ща­гъэлъэгъуащ. Налшык къалэм, Къэрал киноконцерт гъэ­лъэ­гъуапIэ Темыркъан Юрэ и цIэр зе­зыхьэм и утыкум, а махуэм пэкIу щекIуэкIащ. 

Адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр ягъэлъагъуэ

АДЫГЕЙ. Республикэм и Лъэпкъ музейм и лэжьакIуэхэм мы махуэхэм зыхуагъэхьэзыращ Ингуш Республикэм и Къэрал гъэлъэгъуапIэ галереем, Сунжэ къалэм дэтым,  къыщызэIуаха  «Черкешенка: гармония, изящество, стиль» проектыр. Абы утыку къыщрахьэнущ адыгэ бзылъхугъэхэм я дахагъэр къызытещ хьэпшыпхэр.    

Къалъхуам епцIыжахэр

Сабийр къэзылъхуа и адэ-анэм сыт и лъэныкъуэкIи епхащ ар балигъыпIэ иувэху. Языныкъуэ адэ-анэхэм тынш дыдэу быным и жагъуэ ящIыф, и гур ираудыф, йопцIыжыф, ди жагъуэ зэрыхъунщи. Сабийм иджыри дунейри гъащIэри ицIыхуркъым, ицIыхур къэзылъхуа, зыпI цIыхухэращи, ахэр яфIэдуней псощ. Мы тхыгъэр теухуащ зи дунейр къызытещэща сабийхэм я адэ-анэ цIэрыIуэхэм. 
 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ