Iус зэхэлъым къыщIэупщIэм хохъуэ![]() Iэщым ирагъэшх Iус зэхэлъыр къыщIэзыгъэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым щылажьэ IуэхущIапIэхэр нобэкIэ 13 мэхъу. Ахэр псори хьэрычэт щIэн IэнатIэ мыинхэрэ уней IуэхущIапIэхэрэщ. Дызэрыт илъэсым и япэ мазитIым къриубыдэу абыхэм псоми зэхэту къыщIагъэкIащ Iусу тонн мин 17,8-рэ икIи ар хуэдэ 1,9-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм хуэзэу щыIа бжыгъэхэм нэхърэ. Iус зэхэлъыр ирагъэшх Iэщышхуэм, мэл-бжэным, джэдкъазым, бдзэжьейм, тхьэкIумэкIыхьым, нэгъуэщIхэми. Езыхэм зэрахуэ Iэщымрэ джэдкъазымрэ зрикъунум хуэдиз Iус ягъэхьэзырым и закъуэкъым а IуэхущIапIэхэм, ар иращэ а IэнатIэм хэт мэкъумэшыщIэхэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым имызакъуэу, къэралым и нэгъуэщI щIыналъэхэми щыщхэр къыщIоупщIэ абы икIи куэду ящэху, Iусым и зэхэлъыкIэм фIагъ лъагэ зэриIэр къалъытэу, къитащ иджыблагъэ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм.
Поделиться:
Читать также:
10.07.2026 - 15:07 →
Хьэрш хъыбархэр къезыхьэлIэ
09.07.2026 - 15:32 →
КIашэ Адэлджэрий и гъащIэмрэ гуащIэмрэ топсэлъыхь
05.07.2026 - 11:00 →
Лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ
05.07.2026 - 10:00 →
ЗэбгрыкIыжащ ящIэнур яубзыхуауэ
04.07.2026 - 13:00 →
ГуащIафIэщ Астемыр
| ||





