КъэбэрдейхэрНэхъыбэм ядэркъым адыгэ лъэпкъыр къудамэ 12-у зэрагуэшыр. Сыту жыпIэмэ, зы жылэщ ди къежьапIэр. Ауэ, дыхуей-дыхуэмейми, зыдогуэш дызэрыпсалъэ бзэм тещIыхьауэ: бжьэдыгъу, шапсыгъ, беслъэней, къэбэрдей, н.къ. Уеблэмэ лъэпкъ къэс диIэжщ фащэ, макъамэ, шхыныгъуэ. Къохъу къуэкIыпIэ адыгэхэмрэ къухьэпIэмкIэ щыпсэухэмрэ зэгурымыIуэу, урысыбзэм щытехьэ, апхуэдизкIэ языныкъуэхэм къогугъуэкI адыгэбзэм и диалект зэмысари. ПцIыр сыткIэ щхьэпэ - тхэлъщ адыгэхэм зэныкъуэкъуныр, зэпеуэныр, зыр адрейм зэрефIэкIыр гъэлъэгъуэныр, абы иригушхуэныр. Ар нобэ къэдгупсыса щытыкIэкъым, игъащIэ лъандэрэ къыддекIуэкI хьэлщ. Зыщ адыгэр зэзыгъэуIур – я зэхуэдэ гуауэм. Дауи, а псоми къикIыркъым дызэхамэу. КъызгурымыIуащэр зыщ: щхьэ адрей лъэпкъхэм я нэ къыщIэуэрэ «къэбэрдей шы лъэпкъыр», «къэбэрдеибзэр», «къэбэрдей къафэр»? Сыт къэбэрдей фIэщыгъэм и лъабжьэм щIэлъыр, щхьэ ар апхуэдизу бэмпIэгъуэ ящыхъурэ къухьэпIэмкIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм?! Мыбдежым IуэрыIуатэмрэ хъыбарыжьхэмрэ я закъуэ мыхъуу, тхыдэри тегъэщIапIэ щIыпхъэу къызолъытэ. Нэхъыбэм къызэралъытэмкIэ, Къэбэрдейр зыухуа пщышхуэ Тамбий Къэбардэ жыхуаIэр адыгэ мифологием щыщ лIыхъужь мыхъумэ, тхыдэр зыкIи щыхьэт техъуэркъым. А пщым хузэхалъхьа хъыбар гъэщIэгъуэнхэм ящыщщ «КъэбэрдеицIэр дэнэ къыздикIар?» жыхуиIэри. Ахэр гъэщIэгъуэн зыщIыр Iуэхур къыщекIуэкI щIыпIэцIэхэмкIэ зэрыгъэнщIарщ. Апхуэдэ щIыпIэцIэхэмрэ урыс къэпщытакIуэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэм я фIыгъэкIэ щIэныгъэм и нэхур топсэ Тамбий Къэбардэ и цIэми. «Путеводитель и собеседник в путешествии по Кавказу» тхылъ цIэрыIуэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Владыкин М.Н. (1828-1887 гъ.гъ.) 1872 гъэм Къэбэрдейм щыIа нэужь итхыжащ: «Бахъсэныпсым дикIщ, ХьэтIохъущыкъуей жылэм дыдэкIри, Махуэгъэпс Iуащхьэм дыдэкIуеящ. Абы и щыгум мывэ куэд телът, ухуэныгъэ гуэрым къызэрыпкърыщэщар къапщIэу, - ар Тамбий Къэбардэ и кхъащхьэрат, къэбэрдейхэм я пщышхуэм». Хъыбарыжьхэм къазэрыхэщыжымкIэ, Къэбэрдейм ипщ Тамбий Къэбардэ лIакъуэлIэшт, ПцIэмэз (Новороссийск) къикIри, Лабэ IутIысхьат, ауэ, иужькIэ, ЛэхъранкIэ (Балъкъ и Iэхэлъахэм ит хъупIэ) къакIуэщ, Бахъсэныпсым къызэпрыкIри, нобэкIэ Дыгулыбгъуей къуажэу тцIыхум деж щепсыхри, и жылэм Тамбий къуажэцIэр зэрихьэу щетIысэхащ. Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, ар къыщыхъуар 1597 гъэращ. КъищынэмыщIауэ, Къэшэж ТIалиб итхыжа IуэрыIуатэми къыхощыж Тамбийр къызэрыкIуа гъуэгуанэр. Ауэ япэу къыщыувыIауэ жыхуиIэр Лафыщ хьэблэрщ (Куба къуажэ). КъызэрыщIэкIымкIэ, къэбэрдей хъыбарыжьхэмрэ тхыдэм и пэжыпIэмрэ зэтохуэ, цIыхухэм ягъэщIэращIэм, къагъэбатэурэ мифологие плъыфэ къыщIэувами. Лъэпкъым ихъумащ Къэбэрдейм и лъабжьэр зыгъэтIылъа пщышхуэм и хъыбарыр, щIэныгъэлIхэр абы щыхьэт техъуэжащ. Владыкиным етхыж Iэхэлъахэм и теплъэр икIи илъэси 150-м щIигъу дэкIыжами, ар дыдэрщ нобэ нэгум къыщIэувэр Махуэгъэпс укъыщеплъыхкIэ: «Iуащхьэм укъеплъыхмэ, пасэрей Къэбэрдеижьыр Iэгум илъу плъагъурт. Хыщхьэм хэIэтыкIа тIыгуу жыжьэу щытт псыхуабэ Iуащхьэхэр: Бещто, Мэшыкъуэ, нэгъуэщIхэри. ИжьырабгъумкIэ Шэджэмыкъуэр щылът, мыухыж мэз Iувыр и Iуфэм екIуэкIыу. Ар техьэжырт къэбэрдеипс цIыкIухэмрэ Тэрчрэ щежэх, щIэплъыпIэм хэшыпсыхьыж губгъуэшхуэхэм. Уардэу хэIэтыкIа Iуащхьэмахуэ зыщхьэщыт Бахъсэн къуэр сэмэгумкIэ пшэ фIыцIэу щыуфафэрт. Мыухыж мылылъэхэр къуэпс-къуэпсу къызыкъуэж Iуащхьэм и лъэныкъуитIымкIи мывэ блыныр укъуэдият, ипщэ щIэплъыпIэр зэхуищIу». Нобэ Махуэгъэпс и щыгу укъиувэмэ плъагъур урбанизацэм игъэбэта а теплъэгъуэрщ. Пасэрей алыджхэр (Страбон, Плиний) адыгэхэм къеджэу щытащ лъэпкъыцIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ: щынд, мэуэт, керкет, зыхьэ. Урыс тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, ахэр къызэрыдэджэр кIэсэгъут. А псалъэр мызэ-мытIэу къреIуэ I89I гъэм Лопатинскэм и «Сборник по описанию племен и местностей Кавказа» тхылъым. «Къэбэрдейхэр нэхъапэм Кавказым и ищхъэрэ-къухьэпIэ щIыналъэм щыпсэуащ, хы ФIыцIэ Iуфэм екIуэкIыу Iусу. Зэреджэр абыхэм кIэсэгъут. 13-14-нэ лIэщIыгъуэхэм абыхэм зы гуп къагуэкIри, къуэкIыпIэмкIэ Iэпхъуащ, Псыхуабэ, Балъкъ, Тэрч и Iэхэлъахэми зытраубгъуащ. Апхуэдэу, Тамбийр Псыжь и Iуфэм Iуту дэкIуеящ, абдеж щыпсэу щIыпIэхэм блэкIыурэ. А лъэхъэнэм (13 - 14-нэ лIэщIыгъуэхэм) абы Iусыр тэтэр-монголхэмрэ кипчакхэмрэт. КъуэкIыпIэмкIэ ежьа жылэхэм я пашэт Тамбий Къэбардэ жыхуаIэр», - етх щIэныгъэлIым. Нэгумэ Шорэ и къэпщытэныгъэхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, а лъэхъэнэм щыIа пщышхуэхэм я нэхъыщхьэжт Тамбийхэ. «Топографическое, статистическое, этнографическое и военное описание Кавказа» тхылъым Бларамберг Иоганн щетх Тамбийхэ нэхъ лIакъуэ цIэрыIуэ Къэбэрдеишхуэм зэрыщымыIар. Хъыбарыжьхэм къызэраIуэтэжымкIэ, къалмыкъ хъаным иубыдауэ щыта щIыпIэхэр зэрыщыту Къэбардэ и щхьэгъусэмкIэ кърихъуэжыну зэгурыIуат. Абы арэзы техъуащ Тамбийр, икIи бзылъхугъэр Iэрыхьа нэужь, хъаным и дзэр зэрыщыту зэщIикъуэри, Хъэзэр хым адрыщIкIэ Iэпхъуащ. Ауэ щыхъум Тамбийм и жылэр Бахъсэныпсым къикIри, нобэ Дыгулыбгъуей къуажэр здэщысым щепсыхащ. «Ауэрэ Балъкъ, Бахъсэн, Шэджэм псы Iуфэхэм IутIысхьащ кIэсэгъухэр. Ахэр щыпсэу лъахэм КъэбэрдейкIэ еджэ хъуащ, езыхэр къэбэрдейкIэ зэджэжурэ, кIэсэгъу лъэпкъыцIэри кIуэдыжащ», - етх Бларамберг. Мыбдеж IуэхугъуитI наIуэ къохъу: къэбэрдеицIэр къызэрыунэхуамрэ кIэсэгъуцIэр зэрыбзэхыжамрэ. КъыщыщIэддзам деж къэдгъэзэжащ… Пэжщ, адыгэ лъэпкъыр зыщ, мэуэт, щынд, кIэсэгъу, нэгъуэщI фIэщыгъэ зэрихьами. Ар адрей лъэпкъхэр къызэрыдэджэу щытаращ. Ноби дуней псор «черкескIэ» къыдэджэми, дэ адыгэущ зэрызытцIыхужыр. ИгъащIэми апхуэдэу щытагъэнущ. 1941 гъэм ЩоджэнцIыкIу Алий итха «Нарт эпосыр» мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ къыщIедзэ: «Нартхэр щыпсэуа лъэхъэнэм ахэр адыгэкIэ зэджэжу щытащ». Хэкум ис адыгэхэр щIыналъэ-щIыналъэу гуэшащи, дызыщыщ щIыпIэр къигъэлъагъуэу аращ лъэпкъыцIэ I2-ми, армыхъумэ нэгъуэщI щIыпIэ къикIауэ, хьэмэрэ нэгъуэщIылъ ящIэту аракъым. Фырэ Анфисэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
27.11.2026 - 16:15 →
Узыншагъэм теухуа хъыбархэр
| ||




