Календарь событий

16 ноября 2026

Плъагъуркъэ си гур япэ дыдэу къызэрыгъэгъар?

ЦIыхум и гурыщIэр тхакIуэмрэ усакIуэмрэ хуэдэу дахэу къэзыIуэтэф щыIэу къыщIэкIынкъым. Гумрэ псэмрэ зыгъэгумэщIыр, гухэхъуэгъуэрэ псэхугъурэ къызыпкърыкI Iуэхухэр бзэ дахэкIэ, шэрыуэкIэ къагъэлъэгъуэф абыхэм. ГурыщIэ зэхуэмыдэхэр щIэщыгъуэу икIи гъэщIэгъуэну къыщигъэлъэгъуащ тхакIуэ Тхьэзэплъ и «Пшыналъэ цIыкIухэр» тхыгъэ Iэрамэм.

Лэжьыгъэ купщIафIэхэр

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Прохладнэ щIыналъэм и Ново-Вознесенск къутырым и псы къыщIэшыпIэмрэ псы къабзэ зэрыкIуэ и бжьамийхэмрэ къагъэщIэрэщIэж. Лэжьыгъэхэр 2027 гъэ пщIондэ екIуэкIынущ, щыжаIащ КъБР-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм. 

И усэхэм къоджэ, ягу къагъэкIыж

КъБР-м и Лъэпкъ Къэрал библиотекэм щагъэлъэпIащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, СССР-м, РСФСР-м я Къэрал, Ленин саугъэтхэм я лауреат, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Кулиев Къайсын къызэралъхурэ илъэси 109-рэ зэрырикъур. 
Библиотекэм щызэхуэсат литературэм и лэжьакIуэхэр, тхакIуэхэр, усакIуэхэр, лъэпкъым и творческэ интеллигенцэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, Къайсын и тхыгъэхэм дихьэххэр. 

Сабийм едгъэщIрэ, хьэмэ дэ хуэтщIрэ?

Бжьыхьэр уэшхрэ пщIащэ пылъэлъыжыгъуэ къудейкъым, атIэ сабийхэр я IэрыкIхэмкIэ щызэпеуэ пIалъэщ. 
Сабий гъэсапIэхэм я кIэлындорхэм къытохутэ шыкIуртIымхэм къыхащIыкIа цыжьбанэхэр, къудамэ цIыкIухэмкIэ яухуа унэхэр, тхьэмпэ зэмыфэгъухэмкIэ ягъэщIэрэщIа «лъапсэхэр». Уеплъыпэмэ, сыт гу зылъыптэр жыпIэмэ, а псори адэ-анэхэм я IэкIэ зэращIарщ. Сабийм и лэжьыгъэр пагэу утыку кърехьэ, уэ езым сыт пщIар жыпIэмэ, нэхъыбэм зэхэпхынур: «тхьэмпэ цIыкIухэр къэсщыпащ, мамэ псори зэтригъэпщIэжащ». ЖытIэнуращи, ахэр балигъхэм я зэпеуэ щыхъур нэхъыбэщ. 

Усыгъэрэ макъамэрэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ дэт унэм щекIуэкIащ усыгъэрэ макъамэрэ щызэхэухуэна литературэ пшыхь дахэ. Районым и библиотекэ системэм и унафэщI Мурат Иринэ къызэригъэпэща Iуэхум хэтащ библиотекэм и лэжьакIуэхэр, тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ, егъэджакIуэхэр, школакIуэхэр. 2026 гъэр Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу зэрагъэувам траухуащ литературэ фестивалыр. 

ЗэIузэпэщыныгъэ лэжьыгъэхэр

Бахъсэн районым и къуажэхэм цIыхухэр куэду щызэхуэс я щIыпIэхэр 2027 гъэм зэIузэпэщ ящIынущ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм. 
ЗэIузэпэщыныгъэ лэжьыгъэхэр здыщекIуэкIыну жылэхэм хиубыдэнущ Кременчуг-Константиновскэр, Къулъкъужын Ипщэр, Бахъсэненокыр. ПэхуэщIэхэр хуэгъэпсащ къуажэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, тыншыпIэхэр къахузэгъэпэщыным, гъащIэм жыджэру хэгъэтыным.

ЕтIанэгъэрей лэжьыгъэхэр

ПэхуэщIэхэр
     
«Унагъуэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Бахъсэн щIыналъэм и ПсыкIэху къуажэм и сабий садыр 2027 гъэм къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ. 
ПэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, абы и унащхьэр къагъэщIэрэщIэжынущ, бжэ-щхьэгъубжэхэр, инженер коммуникацэхэр яхъуэжынущ, унэ IуплъапIэм теплъэ дахэ иратынущ, пэшхэр, лъэгухэр къращIыкIынущ. Апхуэдэуи сабийхэм я зэчийм, хэлъэтым зезыгъэужь иджырей оборудованэхэр, унэлъащIэ щIагъэувэнущ. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 21-м къыдигъэкIа унафэ №181-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
№176-ПП
2026 гъэм       щэкIуэгъуэм и 9-м          Налшык къалэ
 
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

Щхьэж и газетыр – и унэм

Газетхэр кIуэдыжыр пэж? Ар щIэх къэмыхъуну Iуэхущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыхум дунейм щекIуэкIыр зригъэщIэныгу зыщIыр гупсэхугъуэ и гум зэрилъщ, дзыхь зыхуищI журналистым е къулыкъущIэм и Iуэху еплъыкIэм зэрыпэплъэрщ, ахэр псэлъэгъу хуэдэу и гъащIэм зэрыхэтырщ. 

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 16, блыщхьэ

Зэхудэчыхыныгъэм и дунейпсо махуэщ
Проект зыщIым и урысейпсо махуэщ

1921 гъэм Москва къыщызэIуахащ литературо-художественнэ институт нэхъыщхьэр.
1943 гъэм Яхэгуауэ Михаил Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.
1936 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Дыкъынэ Хьэсэнбий.
1943 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Щокъарэ Хьэсэнбий.

Гъунапкъэхэр егъэкIуэд

КъБКъУ-м МенеджментымкIэ, туризмэмрэ хьэщIагъэ индустриемкIэ и институтым (ИМТиИГ) и студентхэр, республикэм и къалэхэмрэ районхэмрэ щыщ нэхъ жыджэрхэр, лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм я лIыкIуэхэр хэтащ «Зэкъуэтыныгъэ» лъэпкъ щIалэгъуалэ лагерым.