|
|
Календарь событий
17 ноября 2026
17 ноября, 2026 - 15:54
«Вкусы России» зэхыхьэшхуэм ди республикэр цIэрыIуэ щызыщIа къуажэдэс бзылъхугъэхэм я зэфIэкIыр куэдым ягъэщIэгъуащ. Тэрч щIыналъэм хыхьэ Хьэмидей жылэм щагъэлъэпIащ а шхыныгъуэ гурыхьыр зыгъэхьэзыра бзылъхугъэхэр.
17 ноября, 2026 - 15:53
Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Щхьэлыкъуэ къуажэм и «Щэрдан» ансамблыр (художественнэ унафэщIыр Гугъуэтыж Аскэрщ) ящыщщ республикэм зэфIэкI зиIэ и къэфакIуэ гупхэм.
17 ноября, 2026 - 14:27
Фи пащхьэ идолъхьэ тхакIуэ, журналист Къаныкъуэ Анфисэ и Iэдакъэ къыщIэкIа «МелыIычхэмрэ бзаджэнаджэхэмрэ» романым щыщ пычыгъуэ.
17 ноября, 2026 - 13:24
Бгыщхьэ щIыпIэм щыпсэуныр тыншу къэзымылъытэр цIыхухэм я закъуэкъым, апхуэдэр зи хэщIапIэ псэущхьэхэми къахокI а Iуэхум тIасхъэ ирихъухэр.
Къэдгъэлъагъуэмэ, къуршылъэхэм къыщызэщIэтаджэ мэл щIэжьейхэм, нэгъуэщIу жытIэмэ щынэхэм, мымащIэу яхэтщ жьэн уз зэфыкIхэр. АтIэми, зэрытщIэщи, цIыхухэми псэущхьэхэми я Iэпкълъэпкъыр тIэкIу-тIэкIуурэ йосэж бгыщхьэхэм щытепщэ дуней щытыкIэм. Аращ, тафэтесхэм етлъытмэ, къущхьэдэсхэм я лъым лъышэ (кислород) нэхъыбэ щIызэщIишэр, я лъынтхуэхэр нэхъ пIащэ щIэхъур, я бгъэхэмрэ ягухэмрэ щIэнэхъиныр.
17 ноября, 2026 - 12:26
ЩэкIуэгъуэм и 17, гъубж
Студентхэм я дунейпсо махуэщ
Сабий мылъхуэсхэм я дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ уполномоченнэ участковэхэм я махуэр
1920 гъэм Бгырыс АССР-р къызэрагъэпэщащ.
1970 гъэм «Луна-17» автоматическэ станцым Мазэм тригъэуващ езыр-езыру зекIуэ «Луноход-1» аппаратыр.
Дунейм и щытыкIэнур
17 ноября, 2026 - 12:26
Адыгэ сабий литературэр зэфIэувэнымкIэ мыхьэнэшхуэ яIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и художественнэ тхыгъэхэм. Ахэращ блэкIа лIэщIыгъуэм и 20 - 30 гъэхэм лъэпкъ сабий литературэр зэрыкIуэну гъуэгур бгъуфIэ зыщIар. А жанрым тхакIуэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къыщыгъэлъэгъуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ХьэкIуащэ Мадинэрэ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Абазэ Албэчрэ я лэжьыгъэм - «ПсыжапIэр бгъуфIэ зыщIа тхакIуэр» я тхыгъэм.
17 ноября, 2026 - 10:01
«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал проектым ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм и инженер коммуникацэр къэгъэщIэрэщIэжыным ехьэлIауэ лэжьыгъэшхуэ Налшык щызэхаублащ.
Мы гъэм ахэр щрагъэкIуэкIынущ Чернышевскэм и цIэр зезыхьэ уэрамым: Байсултановым и цIэр зезыхьэм деж къыщыщIэдзауэ Ахъуэхъум и цIэр зезыхьэм деж нэсыху я зэхуэку дэлъ Iыхьэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ. Лэжьыгъэхэм хыхьэу а щIыпIэм щызэрахъуэкIынущ псы къабзэ зэрыкIуэ, къагъэсэбэпар зэрыIуаш бжьамийхэр.
17 ноября, 2026 - 09:58
2026 гъэм зэрыщIидзэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэращIылIащ социальнэ зэгурыIуэныгъэу 669-рэ, а Iуэхугъуэхэм хухахащ сом мелуан 90,6-рэ. Зэ тыгъуэу ят ахъшэр сом мин 22-м къыщыщIэдзауэ мин 350-м нызэрохьэс икIи абы и куэдагъыр зэлъытар ар къызэрагъэсэбэпыну щIыкIэу къагъэлъэгъуамрэ лъэIуар зыхуэныкъуэмрэщ.
17 ноября, 2026 - 09:00
Сингапур къэралыр куэдым щапхъэу къахь, и экономикэми, и щIыуэпсми, езы къэралыгъуэм гъэщIэгъуэну зэрызиужьами гу лъыдагъэтэн папщIэ. Ауэ сыт нэхъри нэхъ гъэщIэгъуэнщ абы Iулъхьэ щыземыкIуэж хуэдэу зэрыжаIэр. Пэжу пIэрэ?
1950 гъэхэм Сингапурым Iулъхьэр хуиту, ямыбзыщIу щыIахыу щытащ, уеблэмэ ар мы щIыпIэм щыпсэухэм пхагъэкIа хабзэу къекIуэкIырт.
Къэралым зихъуэжын щыщIидзар 1959 гъэм илъэс 36-м ит Куан Ю Ли премьер-министр хъуа нэужьщ. ЩIалэр и IэщIагъэкIэ Лондон щеджа уэчылт.
|