Лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ2026 гъэм зэрыщIидзэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэращIылIащ социальнэ зэгурыIуэныгъэу 669-рэ, а Iуэхугъуэхэм хухахащ сом мелуан 90,6-рэ. Зэ тыгъуэу ят ахъшэр сом мин 22-м къыщыщIэдзауэ мин 350-м нызэрохьэс икIи абы и куэдагъыр зэлъытар ар къызэрагъэсэбэпыну щIыкIэу къагъэлъэгъуамрэ лъэIуар зыхуэныкъуэмрэщ.
Къыхэдгъэщынщи, социальнэ зэгурыIуэныгъэр зращIылIэ хабзэр цIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуеину республикэм щагъэувам нэс къэзымыхь унагъуэхэмрэ цIыху щхьэзакъуэхэмрэщ. А лэжьыгъэр ирагъэкIуэкI «Унагъуэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи зыхуэгъэпсар хуэмыщIахэм я бжыгъэр гъэмэщIэнымрэ цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнымрэщ.
ЩIэупщIэ нэхъыбэ зиIэ унэтIыныгъэхэм хохьэ IэнатIэ къэгъуэтынымрэ уней IуэхущIапIэхэр къызэгъэпэщынымрэ. Псалъэм къыдэкIуэу, къапщытэж пIалъэм къриубыдэу унагъуэ 278-м къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр ирагъэгъуэтащ икIи абы и фIыгъэкIэ уней IуэхущIапIэхэр, хэхъуэ къэзыт IэнатIэхэр къызэрагъэпэщащ.
Унагъуэшхуэхэм яхуэгъэпсауэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым и унагъуэшхуэхэм ящыщу сабий етхуанэр е къыкIэлъыкIуэр къызыхэхъуэхэм щIыналъэм и анэ капиталыр е я псэупIэхэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ зэ тыгъуэу ят ахъшэр къыIахыну Iэмал абыхэм яIэщ.
Ахъшэм и куэдагъыр зэлъытар сабийр къыщалъхуа махуэмрэ илъэсымрэщ. Псалъэм папщIэ, 2024 гъэм щIышылэм и 1-м къыщыщIэдзауэ дунейм къытехьа цIыкIухэм щхьэкIэ сом мин 500, 2008 - 2023 гъэм къалъхуахэм – сом мин 250-рэ ират.
Дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ а къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр иратащ унагъуэшхуэу 199-м, абыхэм ящыщу 115-м зэ тыгъуэу ят ахъшэу псори зэхэту сом мелуан 51,7-рэ хуаутIыпщащ. АбыкIэ абыхэм псэупIэ къащэху, е щыIэр ирагъэфIакIуэ, е псэупIэ кредитымрэ ипотекэмрэ пагъакIуэ хъунущ.
Унагъуэхэр нэхъыбэщ
Кавказ.РФ-м Iуэхугъуэ щхьэпэ «Iуащхьэмахуэ» курортым щригъэкIуэкIащ иджыблагъэ, «Зыгъэпсэхугъуэ зэманыр – къуршым» фIэщыгъэр зэрихьэу. Абы и фIыгъэкIэ, бжьыхьэ школ зыгъэпсэхугъуэ зэманым къриубыдэу бгым щыIащ еджакIуэу 3200-м щIигъу.
Статистикэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, апхуэдэ махуэхэм деж Iуащхьэмахуэ лъапэ нэхъыбэу къакIуэр унагъуэхэрщ. Мы гъэм бжьыхьэ зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэм абы щыIащ сабийуэ 2600-рэ, я адэ-анэхэр я гъусэу. Абыхэм нэмыщI, Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIащ еджакIуэ цIыкIуу 612-рэ, гуп-гуп зэрыгъэхъуауэ, я егъэджакIуэхэр ящIыгъуу.
Кавказ.РФ-м къызэригъэпэща Iуэхугъуэ щхьэпэр щэкIуэгъуэм и 4 пщIондэ екIуэкIащ.
«ЩэкIуэгъуэм и 4-р къэралым и махуэшхуэщ – ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэщ, зыгъэпсэхугъуэщ. Дунейм и щытыкIэми унагъуэхэм Iэмал къаритащ экологие лъагъуэхэм ирикIуэну», - жиIащ Кавказ.РФ-м и унафэщIым и къуэдзэ Тапаев Рустам.
ЗэIущIэм къыщыхагъэщ
КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, «Дунейпсо кооперацэмрэ экспортымрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр, УФ-м и Президентым къащищIа къалэнхэр Кавказ Ищхъэрэмрэ Урысей Ипщэмрэ зэрыщагъэзащIэм теухуауэ щIыналъэхэм я зэIущIэ Минводы къалэм щекIуэкIащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэм я пашэу щытащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Говоров Сергей. Абы щIыгъуащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис, КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и дэIэпыкъуэгъу Емкъуж Залымхъан, КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и департаментым и унафэщI Богацкая Севиль, КъБР-м «Си хьэрычэт IэнатIэ» центрым и тхьэмадэ АфIэунэ Ахьмэд сымэ, хьэрычэтыщIэхэр, нэгъуэщIхэри.
«Урысей экспорт центр» АО-м и вице-президент Молодцов Александр зэIущIэм щищIа докладым къыщыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым экспортымкIэ хэхъуэфIхэр зэриIар (процент 31-рэ) икIи Кавказ Ищхъэрэм щынэхъыфIиплIым зэрахыхьэр, Шэшэн республикэм (проценти 171-рэ), Ингушым (процент 43-рэ), Дагъыстэным (проценти 5) ящIыгъуу.
Мэкъумэш классхэр
Бахъсэн районым хыхьэ Псыхъурей къуажэм и курыт еджапIэм иджыблагъэ къыщызэIуахащ инженер унэтIыныгъэм хуэгъэпса мэкъумэш-технологие классыщIэ. А Iуэхугъуэр ягъэзэщIащ «ЕрыскъыпхъэмкIэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным хуэгъэпса технологиехэр» лъэпкъ проектым хыхьэ «АПК-м IэщIагъэлIхэр хуэгъэхьэзырын» щIыналъэ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.
ШколакIуэ цIыкIухэм я егъэджэныгъэ программэр нэхъыбэу зытегъэщIауэ щытынур физикэмрэ математикэмкIэ дерсхэр нэхъ куууэ джынымрэ бжыгъэ лъабжьэ зиIэ иджырей мэкъумэш-технологием и щэхухэм ахэр щыгъэгъуэзэнымрэщ. Абы щхьэкIэ а Iуэхугъуэхэм хуэщIа унэлъащIэ щхьэхуэхэр, лабораторэ оборудованэхэр, къызэрапщ-къызэрабж Iэмэпсымэ зэхуэмыдэхэр, техникэхэр, интерактивнэ доскахэр къащэхуащ.
ЕджакIуэхэм Iэмал яIэщ мэкъумэш техникэм и лэжьэкIэр, губгъуэхэм я щытыкIэмрэ гъавэр зыхуэдэмрэ квадрокоптерхэмкIэ къызэрахутэр зрагъэщIэну, къэпщытэныгъэ-къэхутэныгъэ практикэ лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIыну, нэгъуэщIхэри.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, мэкъумэш-технологие классхэм я къалэн нэхъыщхьэр щIэблэр мэкъумэш IэщIагъэхэм дегъэхьэхынырщ, школым къыщыщIадзэу нэхъри хагъэгъуазэурэ мэкъумэш IэнатIэм IэщIагъэлIхэр университетхэм щыхуагъэхьэзырынщ, а лэжьыгъэм хэтхэм я пщIэр къэIэтыжынырщ икIи шэч хэлъкъым апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм фIы куэд къуажэхэм къазэрыхуихьынум.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




