Узыншагъэм теухуа хъыбархэрИужьрей илъэсхэм республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм зыужьыныгъэфIхэр щокIуэкI, медицинэм и унэтIыныгъэ куэдым зэфIэкI лъагэхэр къыщагъэлъагъуэ. Абы и щыхьэтщ «ФIагъым и пашэ-2026» урысейпсо зэпеуэм ди щIыналъэр къызэрыхэжаныкIар. Министерствэм медицинэ дэӏэпыкъуныгъэм и шынагъуэншагъэр егъэфӏэкӏуэнымкIэ, зэгъэзэхуауэ IэнатIэр зегъэкIуэным и мардэхэр пхыгъэкӏынымкIэ къигъэсэбэп Iуэху бгъэдыхьэкIэр къэралым щынэхъыфIхэм ящыщу къалъытащ икIи унэтIыныгъэ щхьэхуэм къыщыхагъэщащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. «ФIагъымкIэ унэтIакIуэ-пашэ» унэтIыныгъэм нэхъыфIу къыщалъытащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и Перинатальнэ центрым и дохутыр нэхъыщхьэм клинико-эксперт лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ Мамхэгъ Иннэ. Абы къызэригъэпэщащ унэтIакIуэхэм я еджапIэ, Урысейм и щIыналъэ I4-м щыщ IэщIагъэлI мин 16 иригъэджащ. Тыгъэхэр зыхуагъэфэщахэм иратыжащ УФ-м сатумрэ промышленностымкIэ и министр Алиханов Антонрэ ФIагъымкIэ урысей IэнатIэм и унафэщI Протасов Максимрэ. «Цӏыхур щыпсэу щӏыпӏэм емылъытауэ псоми зэхуэдэу фIагъ лъагэ зиIэ медицинэ дэӏэпыкъуныгъэр яӏэрыхьэу Iуэхур зэтеублэныр узыншагъэр хъумэнымкӏэ IэнатIэм и къалэн нэхъыщхьэу къонэж. Ар зыхуей хуэзэу гъэзэщIэным Iуэхугъуэ куэд къызэщIеубыдэ: сымаджэхэм зэреIэзэм и фIагъым хэгъэхъуэныр, абыхэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыныр, профилактикэм зегъэужьыныр, иджырей бжыгъэ технологиехэр къэгъэсэбэпыныр. «КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэ купщIафIэм папщIэ фIыщIэ яхузощI, адэкIи Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм яхуэщхьэпэн IуэхуфIхэмкIэ ехъулIэныгъэхэр яIэну сохъуэхъу», - щитхащ КъБР-м и Iэтащхьэм Максым щиIэ напэкIуэцIым. * * * Шэджэм районым узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм и зыужьыныгъэмкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ абы метр зэбгъузэнатIэу 1000-м щIигъу щIыналъэ зыубыд, иджырей мардэхэм хуэкIуэу къатитIу зэтет сабий поликлиникэ зэрыщаухуэр. А Iуэхур ягъэзащIэ «ГъащIэ кIыхь икIи жыджэр» лъэпкъ проектым хыхьэу. Мы зэманым сабий IуэхущIапIэр балигъхэм щеIэзэ поликлиникэм хэту мэлажьэ, щIыпIэкIэ къылъысри метр зэбгъузэнатIэу 270-рэщ. Ухуэныгъэхэр абы хуэдэ зыбжанэкIэ нэхъ ину щытынущ, сабий мин 20-м нэблагъэм щадэIэпыкъуфынущ. Поликлиникэм хэтынущ Сабийхэм я узыншагъэмкIэ центр, пIалъэ къыхамыгъэкIыу зыхуэныкъуэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ, медико-социальнэ дэIэпыкъуныгъэ щагъуэт, чэнджэщ-диагностикэ къудамэ, медицинэм и унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ IэщIагъэлIхэм я пэшхэр. Медицинэ IуэхущIапIэр иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщынущ, абы Iэмал къаритынущ фIагъ зиIэ дэIэпыкъуныгъэхэр сабийхэм ягъуэтынымкIэ. УхуакIуэхэм унэм и лъабжьэр ягъэтIылъащ. Лэжьыгъэр 2027 гъэм и кIэм яухыну я мурадщ. * * * Лышх узыфэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ диспансерыщIэм и ухуэныгъэр и кIэм ноблагъэ. Медицинэ IуэхущIапIэм хэтынущ хирургие, радиологие, поликлиникэ, сымаджэхэр япэу зрашалIэ, абыхэм щеIэзэ къудамэхэр. IуэхущIапIэр гъуэлъыпIэ 250-м нэблагъэкIэ къызэгъэпэщауэ щытынущ. Поликлиникэм махуэ лэжьэгъуэм къриубыдэу дэIэпыкъуныгъэ щагъуэтынущ цIыхуи 100-м. Хирургие къудамэм операцэхэр щрагъэкIуэкI пэшышхуэу 5-рэ нэхъ цIыкIуу 2-рэ хэтынущ. Диспансерыр иджырей мардэхэм тету яухуэ, ар сыт и лъэныкъуэкIи цIыхухэм я тыншыпIэм хуэщIауэ щытынущ. Абы папщIэ фIагъышхуэ зиIэ технологие Iэмэпсымэхэр къащэхуащ, абыхэм Iэмал къаритынущ нэхъапэкIэ республикэм и цIыхухэм щIыналъэм щамыгъуэта IэзэгъуэщIэхэр IэнатIэм къыщагъэсэбэпыну. Ухуэныгъэр ирагъэкIуэкI «ГъащIэ кIыхь икIи жыджэр» лъэпкъ проектым хэту. Лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэм къадэкIуэу сымаджэщ къалэ цIыкIум къегъэщIылIа гъуэгухэри зыхуей хуагъэзэж. Иджыпсту жыджэру зэгъэпэщыжыныгъэхэр щокIуэкI Малая уэрамым. Ар зыхуей хуагъэзэжмэ, медицинэ IуэхущIапIэхэм я бгъэдыхьэпIэхэр «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и машинэхэмкIи, сымаджэхэмкIи, абыхэм къакIэлъыкIуэхэмкIи нэхъ шынагъуэншэ хъунущ. Гъуэгур йокIуалIэ Медицинэ технологие лъагэхэмкIэ центрым, Сабий клиникэ центрым, Жьэн узыфэхэр, Лышх узыфэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ диспансерхэм. Гъуэгум телъ асфальтыр къагъэщIэрэщIэж, лъэс лъагъуэхэр, уэздыгъэхэр, машинэхр щагъэувыну щIыпIэхэр зыхуей хуагъазэ. IуэхущIапIэм къегъэщIылIа щIыналъэри зэIузэпэщ ящI, сымаджэхэм зыщагъэпсэхуну щIыпIэхэр къызэрагъэпэщ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




