Календарь событий

28 ноября 2026

ДыщэидэмкIэ дерсхэр

«Нур-ет» щэнхабзэ центрыр (Аруан щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и къудамэ) 1971 гъэм ЩэнхабзэмкIэ унэу яухуащ. Абы тIысыпIэ 270-рэ зиIэ и пэшым дыщэидэмкIэ дерсхэр щат.

Шууей гупышхуэ Бахъсэн щызэхуос

ШыкIэ гъуэгуанэ кIыхьхэр зэпычынымкIэ зэхьэзэхуэ махуищкIэ щекIуэкIащ Бахъсэн къалэм и «Джэдыкъуэ Плъыжь» шы-спорт комплексым. «Навеки с Россией» зыфIаща зэпеуэм хэтащ УФ-м и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ Абхъазымрэ я шууей куэд. Зэхьэзэхуэр траухуащ урыс пащтыхь Грозный Иванрэ Къэбэрдейм и пщы Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнейрэ (Марие) зэщхьэгъусэ зэрыхъурэ илъэс 465-рэ зэрырикъумрэ мы гъэм ягъэлъапIэ Урысейм и лъэпкъхэм я илъэсымрэ. 

ГукъэкIыжхэр

Театр дунейр гъэщIэгъуэнщ. Актёрхэр пьесэхэм зэрыщыджэгум щIэщыгъуэу узэреплъым нэмыщI, езы театрым къыщыхъу Iуэхугъуэхэр, абы щылажьэхэм я зэхэтыкIэм, я гукъэкIыжхэм теухуа хъыбархэри дахэщ. Абы и зы щыхьэтщ Мысостышхуэ Пщызэбий и тхыгъэхэри, гукъэкIыжхэри, гушыIэхэри, и цIыхугъэхэм къыхужаIахэри щызэхуэхьэсауэ итхауэ щыта «Дунейр чэзущ» тхылъыр. МЫСОСТЫШХУЭ Пщызэбий и гукъэкIыжхэм ящыщ зыбжанэ щапхъэу къыдохь, абы къитхыжауэ.

ГЪУЭТ Синэ.

Балетыр зэрывгъэувар адыгэбзэкIэ?

ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым

Къэрэгъэш къуажэм фэеплъ пэкIу щекIуэкIащ Урысейм и ЛIыхъужь Тэмазэ Тимур теухуауэ. Ар къызэрагъэпэщащ «Союз ветеранов ГСВГ» МОО-м и щIыналъэ къудамэм, курыт еджапIэ №2-м, ЛIыхъужьым къыдеджахэм.

 Зэхыхьэм хэтащ щIыналъэм и унафэщIхэр, ГСВС-м и республикэ къудамэмрэ дзэ Iуэху хэхамрэ я ветеранхэр, къуажэдэс нэхъыжьхэр, Прохладнэ къалэм, Прохладнэ районым, Май къалэм я курыт еджапIэхэм я еджакIуэхэр, Тэмазэ Тимур и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ.

Къэбэрдейхэр

Нэхъыбэм ядэркъым адыгэ лъэпкъыр къудамэ 12-у зэрагуэшыр. Сыту жыпIэмэ, зы жылэщ ди къежьапIэр.

КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет

И мурадыр къехъулIакъым

 Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм, ­КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм   къызэпаудащ Налшык къалэ  дэсым   зэрихьэ хабзэншагъэр. Ар  къэбгъэсэбэп мыхъужыну Iэщэм елэжьырти, бгъауэ хъун хуэдэу ищIырт,   адэкIэ ищэжыну и мураду.     

Уголовнэ Iуэху къаIэтащ    УФ-м и УК-м и  222-нэ статьям и 2-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм, 223-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм  къыщыхьа щIэпхъаджагъэхэм япкъ иткIэ илэжьауэ.  Хабзэм къызэригъэувымкIэ, апхуэдэ  къуаншагъэ зылэжьар     илъэси  8-м нэскIэ ягъэтIыс.          

Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр

Шэч хэмылъу, дэтхэнэ цIыхуми игъуэт зыужьыныгъэр, и дуней еплъыкIэр, Iуэху зехьэкIэр зыкъомкIэ елъытащ ар къызыхэкIа унагъуэм. Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм щыпсэу Къумахуэхэ Iэбубэчыррэ Куэзэрэ яухуа унагъуэр нэмысрэ хабзэрэ зэрылът, нэхъыжьым – пщIэ, нэхъыщIэм – гъуэгу щигъуэтт. ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэж-рэ яку дэлъу ягъасэрт абыхэм я бынихыр: щIалиплIымрэ хъыджэбзитIымрэ.

Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?

Мазэр уахэм илъэс мелардкIэрэ ди планетэм къыщыдэщIыгъу-къыщыдекIуэкI къэщIыгъэ абрагъуэщ. Ауэ иужьрей лъэхъэнэм щIэныгъэлI гуэрхэм шэч къытрахьэ хъуащ а щытыкIэр сытым дежи зэрыщымыIэнум теухуауэ.

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 28,

щэбэт

ГущIэгъу зэхуэщIыным и дунейпсо махуэщ

1926 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министру, республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и секретару щыта Уэрсей Фаинэ.

1939 гъэм къалъхуащ хормейстер, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Бицу Юрэ.