Календарь событий

27 ноября 2026

Узыншагъэм теухуа хъыбархэр

Иужьрей илъэсхэм республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм зыужьыныгъэфIхэр щокIуэкI, медицинэм и унэтIыныгъэ куэдым зэфIэкI лъагэхэр къыщагъэлъагъуэ. Абы и щыхьэтщ «ФIагъым и пашэ-2026» урысейпсо зэпеуэм ди щIыналъэр къызэрыхэжаныкIар.

Министерствэм медицинэ дэӏэпыкъуныгъэм и шынагъуэншагъэр егъэфӏэкӏуэнымкIэ, зэгъэзэхуауэ IэнатIэр зегъэкIуэным и мардэхэр пхыгъэкӏынымкIэ къигъэсэбэп Iуэху бгъэдыхьэкIэр къэралым щынэхъыфIхэм ящыщу къалъытащ икIи унэтIыныгъэ щхьэхуэм къыщыхагъэщащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам.

Спорт хъыбархэр

Спорт тхыдэм щыяпэу

ДзюдомкIэ спорт тхыдэм щыяпэу зи ныбжьыр илъэс 18 иримыкъуа спортсменхэм иджыблагъэ ирагъэкIуэкIащ «Гран-при»-м хыхьэ дунейпсо зэхьэзэхуэ. Ар щызэхашащ Узбекистаным и къалащхьэ Ташкент. Зэхьэзэхуэм кърихьэлIащ къэрал 19-м я бэнакIуэу 250-рэ, абыхэм ящыщу 30-р я хьэлъагъ елъытауэ дунейпсо рейтингым япэ увыпIипщIыр щызыIыгъхэм яхэту.

Си сабиигъуэр тетщ лъэрыжэм

ЦIыхум и псэм фIэфIыр пкърыту къогъуэгурыкIуэ. «Си гум илъым сылъэмыIэсыфами, зэи  тхэныр зэпызгъэуакъым», - жеIэ Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм къыщыхъуа Къумыкъу Лерэ. И ныбжьыр илъэс 12 - 13-м иту тхэным гу хуищIат ныбжьыщIэм. Арат ар тхакIуэ, усакIуэ Хьэх Сэфарбий къызэригъэпэща «Шыхулъагъуэ» зэгухьэныгъэм темызашэу къыщIекIуэлIар, тхэным, усэным и хабзэхэм зыщигъэгъуэзэным и нэ къыхуикIыу.

И пIэ икIа мащэ кIыфI

Астрономхэм, илъэситхум нэблагъэкIэ ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъахэм къарикIуэу, вагъуэ зэрыбын абрагъуэхэм (галактикэхэм) ящыщ зым и кум хуэзэрэ зыщызымыгъэхъейуэ алъандэрэ ита мащэ кIыфIыр зэрыщыщIэпхъуам гу лъатащ.

МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ!

«Адыгэ псалъэм» илъэс куэд хъуауэ къыпыщIа и ныбжьэгъуфIхэм ящыщщ Пщыбий СулътIан. Ар ди газетым къытехуэхэм къеджэм, ахэр къызэрыщыхъуам теухуауэ къыдэпсалъэм и закъуэкъым, атIэ, езыри анэдэлъхубзэм хуэшэрыуэщи, и тхыгъэ купщIафIэхэр щIэх-щIэхыурэ къытыдодзэ. Ар зыгъэпIейтейхэм, зыщыгуфIыкIхэм ятеухуауэ газетеджэхэм я пащхьэ зэрихьэ и тхыгъэхэр куэдым гунэс ящохъу.

Зауэм и нэщIэбжьэр зыгъэва нэхъыжьыфIым и къалэмыпэм къыщIэкIащ мы усэри.

МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ!

ЩремыIэ зауэ,

Дэ абы дыхуейкъым!

ЩIэ зимыIэ

Дахагърэ хьэлэмэтагъ гуэррэ зыхэмылъ бзэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Щхьэж бгъэдэлъ щхьэхуэныгъэхэмкIэ дунейм и зэхэлъыкIэр гъэщIэгъуэну, зыми хуэмыдэу къеIуатэ.

Хэкум и щыIэкIэ-псэукIэр зрагъэлъагъу

ДАХ-мрэ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министертвэмрэ я нэIэ щIэту, «Россотрудничество»-м хамэ къэралхэм щыщ адыгэу хэкум къригъэблэгъа гупышхуэм щIыпIэ телъыджэхэр къыщызэхакIухьащ, хэкурысхэм я щыIэкIэ-псэукIэр щызрагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ.

Адыгэ дэшхуейхэм я щIэин

Куэдым ящIэу къыщIэкIынкъым адыгэхэм я дэшхуейр илъэсищэм щIигъу ипэкIэ цIэ хэха иIэу - «Circassian Walnut» («Шэрджэс дэшхуэ») - дунейпсо сатум зэрыщызекIуар. Мыр къэгупсыса хъыбаркъым, атIэ щыхьэт зиIэ Iуэхугъуэщ. Ар къыхощ пхъэ лъапIэхэр зэрагъэхьэзырым, зэрызэрахьэм, зэращэм теухуауэ Америкэм XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм къыщыдагъэкIа лэжьыгъэхэм. Къэбгъэлъагъуэмэ, цIэрыIуэ хъуа IуэхущIапIэ куэдым иджыри къыздэсым адыгэ дэм и цIэр къыхагъэщ.

«Путин Владимир и гъусэу дыхоплъэж илъэсым кърикIуахэм»

2026 гъэм дыгъэгъазэм и 10-м сыхьэти 10-м щIидзэнущ «Путин Владимир и гъусэу дыхоплъэж илъэсым кърикIуахэм» нэтыным.
Къэралым и УнафэщIым эфир занщIэкIэ къагъэлъагъуэу зэхилъхьэжынущ иух илъэсым кърикIуахэр икIи журналистхэмрэ ди къэралым и цIыхухэмрэ я упщIэхэм жэуапхэр яритынущ.

КъБР-м ветеринариемкIэ и управленэм и хъыбарегъащIэ

«Къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ щIыпIэ самоуправленэхэмрэ я лэжьыгъэр хэIущIыIуу щытын» УФ-м и къэрал унафэм ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм Ветеринар IуэхухэмкIэ и управленэм цIыхубэр щыгъуазэ ещI социальнэ зэпыщIапIэхэм напэкIуэцI зэрыщаIэм.

ДяпэкIэ ветеринархэм я хъыбархэр «Вконтакте», «Одноклассники», «МАХ» социальнэ зэпыщIапIэхэм къыщывгъуэтынущ.

КъулыкъущIапIэм и официальнэ напэкIуэцIхэм сурэтхэр, видео гъэщIэгъуэнхэр, управленэм нэхъ щIэщыгъуэу къыщыхъухэр къралъхьэ.

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 27, мэрем

♦Урысей Федерацэм и тенджыз Iуфэ лъэсырыкIуэдзэм и махуэщ

♦1946 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Хьэжы Анатолэ.

♦1951 гъэм къалъхуащ КъБР-м  егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дадэ Суфэдин.

♦1957 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ фондым и унафэщI ЩоджэнцIыкIу Леонид.