Хэкум и щыIэкIэ-псэукIэр зрагъэлъагъуДАХ-мрэ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министертвэмрэ я нэIэ щIэту, «Россотрудничество»-м хамэ къэралхэм щыщ адыгэу хэкум къригъэблэгъа гупышхуэм щIыпIэ телъыджэхэр къыщызэхакIухьащ, хэкурысхэм я щыIэкIэ-псэукIэр щызрагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ. Псом япэу удз гъэгъахэр тралъхьащ Налшык къалэ МафIэ мыужьыхымрэ Идар Темырыкъуэ ипхъу Гуащэнэ и фэеплъымрэ. ХьэщIэхэм ирагъэлъэгъуащ егъэджэныгъэ Iуэхур республикэм зэрыщызэтеухуам. Къалэн куэд щагъэзащIэ гимназиеу илъэситI ипэкIэ Налшык къыщызэIуахам курыт щIэныгъэ щрат еджапIэм нэмыщI, егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтри хэтщ. Абы и пэIущIэ пэшым цIыкIухэм я лъэгу щыщIагъэплъри, еджапIэ классхэр, шхапIэхэр, библиотекэр, гупжьей зэмылIэужьыгъуэхэр щрагъэкIуэкI пэшхэр ирагъэлъэгъуащ. КъБР-м лъэпкъыбзэхэм зегъэужьынымкIэ и лабораторэм и унафэщI Щоджэн Iэминатрэ «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель Табыщ Муратрэ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэм драгъэкIуэкI лэжьыгъэхэм къахутепсэлъыхьащ, егъэджакIуэхэм хуагъэзащ. ХьэщIэхэр щIэупщIащ хэкурыс щIалэгъуалэм адыгэбзэм хуаIэ щытыкIэм, къыдэкIуэтей щIэблэм анэдэлъхубзэр яIурылърэ-яIэщIэхурэ, нэгъуэщIхэми, езыхэри щыпсэу къэралхэм щыщыIэ щытыкIэхэмкIэ егъэджакIуэхэм ядэгуэшащ. Гупым зрагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитар-техническэ колледжыр. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, сыт щыгъуи хуэдэу, Iэтауэ щрагъэблэгъащ хамэ къэралхэм къикIа ди лъэпкъэгъухэр. Абыхэм къапежьащ ЩIалэгъуалэ политикэмрэ социальнэ IуэхухэмкIэ управленэм и унафэщI Къумыкъу Резуан. Адыгэ, балъкъэр, урыс фащэхэмкIэ зэщыхуэпыкIа щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ махъсымэбжьэр кърахьэжьащ, нэхъыжьхэр ерыскъы IэфIхэм хагъэIэбащ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIахэр зэрисым, университетми апхуэдэ куэд зэрыщеджэм и щыхьэту пэIущIэ пэшым щегъэувэкIат лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я шхыныгъуэхэмкIэ узэда Iэнэхэр. Ахэр къызэрагъэпэщат адыгэ, балъкъэр, урыс щэнхабзэ центрхэм. ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ Адыгэ щэнхабзэ центрым цIыхухъу, цIыхубз фащэхэмкIэ, адыгэхэм къагъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэмкIэ зы плIанэпэр иухуат. ХьэщIэхуэфIу зэрыщытыр нэрылъагъуу, лъэпкъ шхыныгъуэ IэфIхэр, пхъэщхьэмыщхьэр матэкIэ, IэфIыкIэр куэду къыпрахьэжьащ. Абдеж щызэхаша джэгум щIалэгъуалэм я лъэгу щыщIагъэплъащ тхьэмадэхэр, езыхэри яфIэфIу утыку къихьащ. Сирие Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Къат Хьишам къиухар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетырщ. Абы и фIыгъэкIэ, хэкум къэкIуэж лъагъуэм пасэу къытеувахэм ящыщщ, адыгэбзэри урысыбзэри зэхуэдэу егъэшэрыуэ. «Сэ 1985 гъэм ухуакIуэ IэщIагъэр сиIэу къэзухауэ щытащ мы еджапIэр. Си хэкум сызэрыщеджам мыхьэнэшхуэ щиIащ си гъащIэм. Си бзэр, си лъэпкъ хабзэхэр, си тхыдэр, сыкъызыхэкIар сщIэжу сыкъэпсэуащ, си щIэблэми ябгъэдэслъхьащ а хъугъуэфIыгъуэхэр. Мыбдеж адыгэ джэгукIэхэмкIэ сабийхэр щытоу, адыгэ ерыскъы IэфIхэр щашх, анэдэлъхубзэм щропсалъэ. Ахэр хъуэпсэгъуэщ, хъуэпсэгъуэшхуэщ. Дэри дыщыпсэу къэралхэм а лъапIэныгъэхэр щытхъумэну дыхэтщ, итIани и кIэм нэсу къыдэхъулIэркъым. Беягъри IэфIагъри здэщыIэр хэкужьырщ», – жеIэ Хьишам. А махуэм тхьэмадэхэм Лъэпкъ музейми зыщрагъэплъыхьащ, абы и тхьэмадэ Накуэ Феликс адыгэ Iэщэхэр зэрагъабзэ щIыкIэхэр яригъэлъэгъуащ, пщыхьэщхьэм ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей драмэ театрым спектакль щеплъащ. Программэ хэхам тету хэкум къэкIуауэ щыхьэщIэхэм етIуанэ махуэм ЩIалэгъуалэм я унэм щахуэзащ КъБР-м и Парламентым и вице-спикер Къардэн Мурат, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшрокъуэ Залым, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Гергоков Джамбулат сымэ. Абыхэм жаIащ МИД-м, «Россотрудничество»-м, ДАХ-м къызэрагъэпэща Iуэхум зылъ зыщIэт, щIыпIэ зэпэщхьэхуэхэм щыпсэу зэкъуэшхэр зэрызэхуишэжыр, я лэжьыгъэр дэкIынымкIэ гъуэгугъэлъагъуэ зэрыхъур, хэкужьым и бжэхэр сыт щыгъуи зэрахузэIухар, къэкIуэну, къэкIуэжыну хуейхэм Урысейр пэрыуэгъу зэрахуэмыхъур. «Черкесский Ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Жылэгъащтэ Хьэчим утыку кърихьащ «Яндекс. ЗэдзэкIакIуэ»-м адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ зэрыхагъэхьар. Абы сыт хуэдэ бзэкIи адыгэбзэр зэрыпхузэридзэкIым, ещхьыркъабзэу, нэгъуэщIыбзэхэр адыгэбзэ зэрыпхуищIым щигъэгъуэзащ къызэхуэсахэр Хьэчим. А махуэм Гуэл щхъуантIэхэм я дахагъри зрагъэлъэгъуащ ди лъэпкъэгъухэм, Аушыджэр дэт «Идарей» зыгъэпсэхупIэм щагъэхьэщIащ. Абдеж хьэщIэхэр къафэрэ уэрэдкIэ щрагъэблэгъэри, Аушыджэр адыгэ къуажэм и тхыдэм щыщагъэгъуэзащ, егъэджакIуэхэми еджакIуэхэми фIыщIэ ин хуащIащ ди лъэпкъэгъухэм. Шэрэдж районым и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Ефэнды Терезэ мыпхуэдэ Iуэхухэм хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ нэхъ гъунэгъу зэрызэхуищIыр, хамэ къэралхэм щикъухьа адыгэхэр адэжь щIыналъэмкIэ къызэригъэхъуапсэр жиIащ, икIи а къомыр къалъытэу ди къэрал унафэщIхэм кърахьэжьа мы проектым фIы куэд къыпэкIуэну зэрыщыгугъыр къыхигъэщащ. «Бахъсэн жыг хадэхэр» ООО-р нобэ IуэхущIапIэ нэхъ лъэрызехьэхэм ящыщщ. Абыхэм я мыIэрысэхэми хэплъэну Iэмал яIащ республикэм щыхьэщIэхэм. Гектар 530-м къыщыкI жыгхэм мыIэрысэ лIэужьыгъуэ нэхъ цIэрыIуэхэр къыпачыж. Ахэр щахъумэ щIыIалъэхэр ирагъэлъэгъуащ еблэгъахэм. ЩIыIалъэ 96-м мыIэрысэ тонн мин 25-рэ зэуэ щIохуэ. АдэкIэ программэм тету, ди хэкуэгъухэр мы махуэхэм щохьэщIэ Къэрэшей-Шэрджэсым. Япэ махуэм и пщэдджыжьым Черкесск къалэм дэт Кавказ Ищхъэрэ къэрал академием щекIуэкIащ «Къэрэшей-Шэрджэсым ис лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэр зэрахъумэ Iэмалхэр» стIол хъурейр. Абы доклад нэхъыщхьэ щызыщIа, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ тепсэлъыхьащ бзэр хъума хъунымкIэ икъукIэ сэбэп газет, журнал, тхылъ къыдэгъэкIыным и Iуэхур республикэм зэрыщыщытым. «Къэрэшей-Шэрджэс Республикэр лъэпкъ куэд щыпсэу хэгъэгущ. Мыбы илъэсищэ бжыгъэ хъуауэ зэгурыIуэу, мамырыгъэ яку дэлъу къыщызэдогъуэгурыкIуэ лъэпкъитху — адыгэхэр, абазэхэр, къэрэшейхэр, нэгъуейхэр, урысхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми я бзэр къэралыбзэщ. Къэралым и нэIэ щIэту республикэм и егъэджэныгъэ IуэхущIапIэу хъуам лъэпкъыбзэхэр щадж. Лъэпкъыу хъуам я бзэхэмкIэ радиомрэ телевиденэмрэ лъэпкъ редакцэхэр щолажьэ, къыщыдокI къэрал газетитху: «Абазашта», «День Республики», «Къарачай», «Ногай давысы», «Черкес хэку». А псори зи нэIэ щIэтыр Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Правительствэмрэ Парламентымрэщ», – жиIащ Люсанэ. Абы къыхигъэщащ КъШР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмрэ печатымкIэ и министерствэм и къалэн нэхъыщхьэр цIыхубэ хъыбарегъащIэ Iэмалхэм, тхылъ къыдэгъэкIынымкIэ лэжьыгъэм зегъэужьыныр, лъэпкъхэр зэрырагъаджэ тхылъхэр дунейм къытегъэхьэныр зэрыарар. ХьэщIэхэми бысымхэми къыхагъэщащ анэдэлъхубзэр щIэблэм зэращымыгъупщэн сыт хуэдэ Iэмалри къэгъэсэбэпын зэрыхуейр, бзэр кIуэдыжмэ, лъэпкъри зэрыщымыIэжынур. КъШР-м еблэгъахэр «Хьэбэз гипс» IуэхущIапIэм хьэрычэтыщIэхэм щахуэзащ, «Биберд» лъэпкъ комплексым абы и тхьэмадэ, политик, хьэрычэтыщIэ цIэрыIуэ Дер Вячеслав къащыIущIащ, Архъыз зыщагъэпсэхуащ. Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ мы зэхыхьэхэр зыхуэгъэпсар иджырей Урысейм исхэм я псэукIэр гъэлъэгъуэным и закъуэкъым, атIэ хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ нэхъри зэпыщIэнырщ, проектыщIэхэм лъабжьэ яхуэхъун гупсысэхэр къэгъэщIынырщ, щIалэгъуалэр адэжь хэкум къыдегъэхьэхыжынырщ, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр мамырыгъэмрэ зэIузэпэщыгъэмрэ я джэлэс щIынырщ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




