Шууей гупышхуэ Бахъсэн щызэхуосШыкIэ гъуэгуанэ кIыхьхэр зэпычынымкIэ зэхьэзэхуэ махуищкIэ щекIуэкIащ Бахъсэн къалэм и «Джэдыкъуэ Плъыжь» шы-спорт комплексым. «Навеки с Россией» зыфIаща зэпеуэм хэтащ УФ-м и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ Абхъазымрэ я шууей куэд. Зэхьэзэхуэр траухуащ урыс пащтыхь Грозный Иванрэ Къэбэрдейм и пщы Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнейрэ (Марие) зэщхьэгъусэ зэрыхъурэ илъэс 465-рэ зэрырикъумрэ мы гъэм ягъэлъапIэ Урысейм и лъэпкъхэм я илъэсымрэ. Япэ махуэм гъуэгуанэ теуващ шууейуэ 176-рэ икIи апхуэдиз зэуэ зэи гъуэгуанэ зэдытехьатэкъыми, ар къэралым и рекорд хъуащ. ЕтIуанэ махуэм ахэр нэхъыбэж хъуащ икIи зэпеуэну утыку ихьащ шууейуэ 227-рэ. Ещанэ махуэм къызэдэжащ шууей 98-рэ. Псори зэхэплъхъэжмэ, 50I-рэ. УФ-м апхуэдиз шууей зы щIыпIэм зэуэ зэи щызэхуэсакъым япэм икIи щызэпеуакъым. Ди къэралым рекордхэмкIэ и тхылъми ар иратхащ. ШыгъажэмкIэ къэдгъэзэжмэ, ещанэ махуэм шууейхэм зэпачащ километр 40, 80, 100 зи кIыхьагъ гъуэгуанэхэр икIи зэхьэзэхуэхэм къарикIуар зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, километри 100-р псом япэ къикIуащ Тау Аскэр, «Каир» шым тесу. ЕтIуанэ увыпIэр Къалэ Мухьэмэд иубыдащ «Нагайнэ» шымкIэ. Ещанэр Махуэ Мухьэмэдщ, «Наоми Ездэч» шым тесу. Шууейхэр псори ди республикэм ейщ. Километр 80 зи кIыхьагъ гъуэгуанэр псом нэхърэ нэхъ псынщIэу зэпичащ Васильевэ Екатеринэ, «Мотивация Асти» шымкIэ (КъБР). Мыбдеж етIуанэ, ещанэ увыпIэхэр щаубыдащ Москва къалэм къикIа Пономаревэ Елизаветэрэ («Аванс») Ющенкэ Александррэ («Азаро»), ахэр зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу къэгъэлъэгъуауэ. Килограмм 95-м щIигъу зи хьэлъагъ шууейхэм я зэпеуэм мы гъуэгуанэр «Искра» шымкIэ псом япэу щызэпичащ Гугъуэт Казбек. Километр 40 зи кIыхьагъ гъуэгуанэр нэхъ псынщIэу къэжынымкIэ екIуэкIа щIыналъэ зэхьэзэхуэм щытекIуащ Къэнэмэт Аслъэнбэч, «Зомби» шымкIэ. «Спирит» шым тесу етIуанэ хъуащ Щхьэныкъуэ Ислъам. Ещанэу къэсар «Баркук» шырщ, КIэрэф Азрэт зытесарщ. Клуб зачетым хыхьэу а гъуэгуанэ дыдэм щызэпеуа шууейхэм я деж щытекIуащ Къуэдзокъуэ Беслъэн, «Данар» шым тесу. ЕтIуанэ хъуащ Мусинэ Доминикэ, «Дискавери» шымкIэ. Ещанэр Байбэч МуIэедщ. Абы къигъэжар «Хатана» шырщ. Килограмм 95-м щIигъу зи хьэлъагъ шууейхэм я зэпеуэм мы гъуэгуанэр псом япэ къикIуащ Жамбей Владимир, «Шабзэ» шым тесу, Къэнэмэт Уэлий «Фаворит» шымкIэ етIуанэ хъуащ. Балъкъыз Альберт «Къэралбий» шымкIэ ещанэщ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
27.11.2026 - 16:00 →
Спорт хъыбархэр
25.11.2026 - 16:00 →
ТIуми медаль къахь
23.11.2026 - 18:00 →
Балъкъэр бэнакIуэхэр ягъэлъапIэ
19.11.2026 - 14:49 →
Спорт хъыбархэр
15.11.2026 - 10:16 →
Бахъсэн къалэм и спорт утыкущIэхэр
| ||




