ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым

Къэрэгъэш къуажэм фэеплъ пэкIу щекIуэкIащ Урысейм и ЛIыхъужь Тэмазэ Тимур теухуауэ. Ар къызэрагъэпэщащ «Союз ветеранов ГСВГ» МОО-м и щIыналъэ къудамэм, курыт еджапIэ №2-м, ЛIыхъужьым къыдеджахэм.

 Зэхыхьэм хэтащ щIыналъэм и унафэщIхэр, ГСВС-м и республикэ къудамэмрэ дзэ Iуэху хэхамрэ я ветеранхэр, къуажэдэс нэхъыжьхэр, Прохладнэ къалэм, Прохладнэ районым, Май къалэм я курыт еджапIэхэм я еджакIуэхэр, Тэмазэ Тимур и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, Къэрэгъэш къуажэм щыщ, гвардие десант-штурм дивизэм и капитан, Урысейм и ЛIыхъужь Тэмазэ Тимур Рязань и хьэуа-десант команднэ училищэ нэхъыщхьэр къиуха нэужь, ВДВ-м и Черниговскэ дивизэм и хьэуа-штурм гвардие 76-м къулыкъу щищIащ. Ар парашют-десант взводымрэ ротэмрэ я командиру, командирым и къуэдзэу щытащ. 2018 гъэм щыщIэдзауэ дзэ-десантхэр щагъэхьэзырым хэтащ. Сирием щекIуэкIа дзэ Iуэху хэхами къулыкъу щищIащ.

Я командирыр ягу къыщагъэкIыжкIэ, абы къулыкъу къыдэзыщIахэм жаIэ Тэмазэ Тимур жэуаплыныгъэ ин хэлъу, и унафэм щIэтхэм яхуэсакъыу зэрыщытар, дэтхэнэ зы зауэлIри зэрихъумэным елIалIэу.

2022 гъэм мазаем и 24-м щыщIэдзауэ Тэмазэ Тимур («Къэбэрдей» цIэ лейр зэрихьэу) жыджэру хэтащ дзэ Iуэху хэхам. Абы дэщIыгъуахэм зэрыжаIэмкIэ, Тимур гудзакъэ иIэу, и унафэщIым къыхуищI къалэн мытыншхэр щIыхьрэ пщIэрэ пылъу игъэзащIэу щытащ. 2022 гъэм бадзэуэгъуэм и I5-м Тимур ягъэувауэ щытащ гвардие десант-штурм дивизэм и «Шторм» отрядым и командиру. Укранинэм и националистхэм пэщIэту ирагъэкIуэкIа зэхэуэхэм абы и хьэл-щэнхэр – зэрыхахуэр, зэрыхуа щытыкIэ гугъум къикIыфын папщIэ асыхьэту унафэ зэрищIыфыр нэхъри къыщынэIуащ. Херсонскэ, Запорожскэ областхэм щекIуэкIа зэпэщIэтыныгъэхэм унэтIыныгъэ нэхъ шынагъуэхэм икIи гугъухэм абы зыкъыщигъэлъэгъуащ дзэ къудамэм и командир хъыжьэу, щIэныгъэ зиIэу. 2022 гъэм шыщхьэуIум и 29-м щыщIэдзауэ фокIадэм и I0 пщIондэ гвардием и капитан Тэмазэ Тимур и унафэм щIэт «Шторм» гупыр пэщIэтащ унэтIыныгъэ нэхъ шынагъуэхэм неонацистхэм щыдрагъэкIуэкIа зэхэуэхэм. Езым и щапхъэ къигъэлъагъуэурэ, унафэщIым и гупыр япэ иригъэуващ икIи бийм мызэ-мытIэу хэщIыныгъэ иратащ. 2022 гъэм фокIадэм и 11-м Костромкэ къуажэм штурм гупымрэ украинэм и неонацистхэмрэ хьэлъэу щызэпэщIэтащ. Абы Тимур уIэгъэ щыхъуами, фэбжь зыгъуэта офицерыр мафIэм къыхихыу я гупым деж и псэр нихьэсын хузэфIэкIащ. Ауэ, гупым аргуэру кърадза удынышхуэм и зэранкIэ Тэмазэм нэхъри уIэгъэ хьэлъэ къытехуэри, зыкъищIэжакъым.

Фэеплъ зэхыхьэр щрагъэжьащ Тэмазэ Тимур и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №2-м и пэшым. Армеец ныбжьыщIэхэм утыку кърахьащ ЛIыхъужьым къыхуагъэфэща къэрал дамыгъэхэр. Апхуэдэщ медаль бжыгъэншэхэр, ЛIыхъужьыгъэм и орденыр.

 ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ Прохладнэ районым и Iэтащхьэ Ломов Максим, «ВоенТекстильПром» ООО-м и унафэщIым социальнэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ Къарэ Хьэцацэ, Урысей ДОСААФ-м и щIыналъэ къудамэм и ветеранхэм я Советым и унафэщI МэцIыхъу Хъусен, ГСВС-м и ветеранхэм я щIыналъэ къудамэм и унафэщI Мэрзей Хьэдис, курыт еджапIэ №2-м и унафэщI Зэптий Татьянэ сымэ. Абыхэм жаIам нэхъыщхьэу къыхагъэщащ Тэмазэ Тимур хуэдэхэм дзэ Iуэху хэхам хыхьэу зэрахьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ щIэблэр щIэпIыкIыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.  Къызэхуэсахэр Тэмазэ Тимур зы дакъикъэкIэ хуэщыгъуащ.

 Зэхыхьэм щагъэлъэгъуащ украинэм и нацистхэм дзэ Iуэху хэхам хыхьэу къытраха Iэщэхэр. Ар къызэрагъэпэщащ «Боевое братство» урысейпсо зэгухьэныгъэм Прохладнэ къалэмрэ Прохладнэ щIыналъэмрэ щиIэ къудамэхэм. 

А махуэм екIуэкIащ Урысейм и ЛIыхъужь Тэмазэ Тимур и цIэкIэ къызэрагъэпэща спорт зэхьэзэхуэхэр. ЩIыхь тхылъхэмрэ ахъшэ саугъэтхэмрэ иратащ зэпеуэм щытекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ. Ахъшэ саугъэтхэр къыбгъэдэкIащ «ВоенТекстильПром» IуэхущIапIэмрэ Урысейм и ЛIыхъужьым къыдеджахэмрэ. ГСВГ-м и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм Тэмазэ Тимур и сурэт зытет щIыхь медалхэр тыгъэ хуищIащ ЛIыхъужьым и унагъуэм, Тимур къыдеджа Iэхъуэбэч А., курыт еджапIэ №2-м и унафэщI Зэптий Татьянэ. Къэрэгъэш къуажэ администрацэм и щIыхь тхылъыр иратащ фэеплъ зэхыхьэр къызэрагъэпэщынымрэ ирагъэкIуэкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуахэу Зэптий Татьянэ, ГСВГ-м и ветеранхэм Аруан щIыналъэм щиIэ къудамэм и унафэщI Гулэжын Беслъэн.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

 

Поделиться: