КъБР-м щыIэ УФСБ-м къетИ мурадыр къехъулIакъым Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм къызэпаудащ Налшык къалэ дэсым зэрихьэ хабзэншагъэр. Ар къэбгъэсэбэп мыхъужыну Iэщэм елэжьырти, бгъауэ хъун хуэдэу ищIырт, адэкIэ ищэжыну и мураду. Уголовнэ Iуэху къаIэтащ УФ-м и УК-м и 222-нэ статьям и 2-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм, 223-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэхэм япкъ иткIэ илэжьауэ. Хабзэм къызэригъэувымкIэ, апхуэдэ къуаншагъэ зылэжьар илъэси 8-м нэскIэ ягъэтIыс. Улахуэм щыщ къаIэщIихырт Апхуэдэуи коррупцэм пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу къызэпаудащ Урысей МВД-м и Лэскэн къудамэм и ГИБДД-м и унафэщIхэм я зым илэжь хабзэншагъэр. ЗэраубзыхуамкIэ, абы и нэIэм щIэт лэжьакIуэхэм яхуигъэувырт я лэжьапщIэм щыщ Iыхьэ къратыну, дисциплинэ жэуапым иришэлIэнкIэ саугъэт папщIэу хухах ахъшэр къаримытынкIэ игъэшынэурэ. Урысейм и Следственнэ Комитетым и Следственнэ управленэу КъБР-м щыIэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ УФ-м и УК-м и 286-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм и «е» пунктым къыщыхьа щIэпхъаджагъэм тету. Хабзэм къызэригъэувымкIэ, апхуэдэ зылэжьар илъэси 10-м нэскIэ ягъэтIыс.
Сом мелуани 5 хъу хэщIыныгъэ Хабзэхъумэхэм къызэпаудащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хьэрычэт IэнатIэр дэIыгъынымкIэ и центр» щIыналъэ фондым и лэжьакIуэм зэрихьэ хабзэншагъэр. Абы хьэгъэщагъэ зэрихьауэ шэч хуащI. ЦIыхухъум зэгурыIуэныгъэ нэпцIхэр ярищIылIащ егъэджэныгъэ программэхэмрэ семинархэмрэ къызэгъэпэщынымрэ егъэкIуэкIынымкIэ Iуэхутхьэбзэхэр зэфIэхыным пыщIа хуэдэу икIи сом мелуани 5 хъу хэщIыныгъэ кърикIуащ. Уголовнэ Iуэху къаIэтащ УФ-м и УК-м и 139-нэ статьям и 4-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ. Хабзэм къызэригъэувымкIэ, апхуэдэ щIэпхъаджагъэ зылэжьар илъэс 10-м нэскIэ ягъэтIыс.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
27.11.2026 - 16:15 →
Узыншагъэм теухуа хъыбархэр
| ||




