Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр

Шэч хэмылъу, дэтхэнэ цIыхуми игъуэт зыужьыныгъэр, и дуней еплъыкIэр, Iуэху зехьэкIэр зыкъомкIэ елъытащ ар къызыхэкIа унагъуэм. Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм щыпсэу Къумахуэхэ Iэбубэчыррэ Куэзэрэ яухуа унагъуэр нэмысрэ хабзэрэ зэрылът, нэхъыжьым – пщIэ, нэхъыщIэм – гъуэгу щигъуэтт. ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэж-рэ яку дэлъу ягъасэрт абыхэм я бынихыр: щIалиплIымрэ хъыджэбзитIымрэ. Еджэныр Къумахуэхэ я унагъуэм щIыпIэ хэха щызыубыд, пщIэ щызиIэ Iуэхугъуэти, зэщхьэгъусэхэр щIэхъуэпсырт я къуэхэу Башир, Мухьэдин, МуIэед, Мурадин, япхъухэу Тосэрэ Анусэрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ, IэщIагъэ екIу ирагъэгъуэтыну.

1941 гъэм Хэку зауэшхуэр къэхъеящ. Фронтым япэу Iухьахэм ящыщащ Iэбубэчыр. Бийм иращIылIа зауэ гуащIэхэм псэемыблэжу хэтащ ар икIи абыхэм ящыщ зым хэкIуэдащ. А гуауэшхуэм нэгъуэщIи къыкIэлъыкIуащ. Зауэр зэриухрэ куэд дэмыкIауэ, Куэзэ и къуэхэм ящыщ МуIэед зэуэзэпсэу дунейм ехыжащ. Быныр и закъуэу къигъэтэджын, игъэсэн, иригъэджэн хуейуэ гъащIэм къалэн зыщищIа анэм дежкIэ ари удын хьэлъэт, арщхьэкIэ гуауэм зрыригъэщIыкIакъым Куэзэ. «Гугъэ здэщыIэм гъащIи щыIэщ», – жыхуиIэрати, фIым щыгугъыу, быным ятеубгъуауэ илъэсхэр ирихьэкIащ, зауэм щыдэкiым быныр егъэджэным теухуауэ Iэбубэчыр къыжриiа псалъэхэр гъэзэщiэным хущiэкъуу.

Унагъуэм я бын пажэ Башир (1923 – 2006) зауэм и пэ къихуэу къиухат Налшык дэт политпросветтехникумыр.  Хэку зауэшхуэм хэтащ ар, лiыгъэ зэрихьэу.   Зауэ нэужьым Башир къиухащ Краснодар дэт щIыналъэ парт школыр. КъыкIэлъыкIуэу и зэфIэкIым щыхигъэхъуащ КПСС-м и ЦК-м епхауэ лажьэу щыта Парт школ нэхъыщхьэм. Къэрал, парт IэнатIэхэм пэрытащ, журналистикэми жыджэру хэлэжьыхьащ, экономикэ унэтIыныгъэ зиIэ нэтынхэр телевиде-нэм щигъэхьэзыру. Абы и зэфIэкIхэм къыхуахьа лъагапIэхэм ящыщщ КъБКъУ-м и егъэджакIуэ нэхъыжьу щIидзэу экономикэмкIэ кафедрэм и унафэщI, университетым и учётно-экономикэ факультетым и декан къулыкъухэм зэрынэсыфар.  Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм зэрыпэрыта зэман кIыхьым къриубыдэу абы и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэу 150-м щIигъу, монографиехэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэр зэрырагъэджэн тхылъхэри хэту.  Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор япэу ди республикэм щыхъуа профессор цIэрыIуэ, Урысейм и естественнэ щIэныгъэхэмкIэ Академием, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, ЩIэныгъэхэмрэ гъуазджэхэмкIэ Петровскэ академием я академик, УФ-м, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Къумахуэ Башир Iэбубэчыр и къуэр.  

Башир и къуэш нэхъыщIэ Мухьэдин (1928 – 2008) Кавказ бзэщIэныгъэм елэжьахэм я нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщщ. Курыт еджапIэ нэужьым ар щIэтIысхьащ Тбилиси дэт къэрал университетым кавказыбзэхэмкIэ и къудамэм. 1952 гъэм ар фIы дыдэу къиухри, СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием БзэщIэныгъэмкIэ и институтым и аспирант хъуащ. Еджэныр зэфIигъэкIа нэужь, а институт дыдэм кавказыбзэхэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэу ягъэуващ икIи адэкIэ Къумахуэм зэпича щIэныгъэ гъуэгуанэр зэрыщыту а институтым епхауэ екIуэкIащ. Абы япэщIыкIэ кандидат диссертацэр, иужькIэ доктор диссертацэр ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIащ.  Ар Урысейм Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ и академием, Куржым ЩIэныгъэхэмкIэ и академием, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием я действительнэ члент. Къумахуэ Мухьэдин и монографие зыбжанэ, статья куэд Швецием, Инджылызым, Германием щытрадзащ.  Филологие щIэныгъэм зегъэужьынымкIэ иIэ фIыщIэхэм папщIэ Къумахуэ Мухьэдин Iэбубэчыр и къуэм Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и щIыхь тхылъхэр къратащ, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIащащ.

Къызэралъхурэ мы махуэхэм илъэс 85-рэ ирикъу Къумахуэ Мурадин (1941 – 2014) зэш-щIэныгъэлIхэм я нэхъыщIэт. Совет, урысей еджагъэшхуэ, профессор, Урысейм Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ и академием щIыхь зиIэ и академик, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Рентген оптикэмкIэ институтым и генеральнэ директору, Физикэ оптикэмкIэ институтым и унафэщIу щыта Курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къэзыуха щIалэщIэр тегушхуэри Москва кIуащ, и щIэныгъэм хигъэхъуэну, икIи МКъУ-м ядернэ физикэмкIэ и факультетыр ехъулiэныгъэкiэ къиухащ. Иужькiэ МКъУ-м Ядернэ физикэмкIэ и институтым икIи илъэс 15-м щIигъукIэ абы егъэджакIуэу щыIащ. 1978 гъэм щIэныгъэлIыр ирагъэблэгъащ Курчатов Игорь и цIэр зезыхьэ, Атом энергиемкIэ институтым и лабораторэм и унафэщIу. А зэманыращ Мурадин дунейпсо цIэрыIуагъ къыхуэзыхьа, «Къумахуэм и эффект» цIэр щIэныгъэ дунейм щызыгъуэта абы и къэхутэныгъэ къызэрымыкIуэр наIуэ къыщыхъуар. Дуней псом абыхэм щыфIащащ «Къумахуэм и оптикэ», «Къумахуэм и линзэ» цIэхэр. 1991 гъэм Къумахуэ Мурадин и пашэу Рентгено-оптикэ системэхэм я институт къызэIуахащ. Абы къыдэкIуэу ар «Курчатовым и институт» Урысей щIэныгъэ центрым и лабораторэм и унафэщIт, апхуэдэу нэгъуэщI къэрал зыбжанэм я академиехэм, университетхэм щIыхь зиIэ я лэжьакIуэт. Къумахуэ Мухьэдин тIэунейрэ ягъэлъэгъуауэ щытащ Нобель и цIэр зезыхьэ дунейпсо саугъэтыр къратыну. Мурадин щIэныгъэ лэжьыгъэу 250-м щIигъу, монографиеу i0 къытрыригъэдзащ. И къэхутэныгъэ къызэрымыкIуэхэм къапэкIуа урысейпсо, дунейпсо патенту 95-рэ иIэт.   

 Лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIахэм, абы и лъагапIэхэм нэсыфа еджагъэшхуэхэм Къумахуэ зэшхэр.  Ди къэралри, республикэри, щалъхуа Лэскэн ЕтIуанэ къуажэри зэрыгушхуэщ  абыхэм я гъащIэ купщIафIэр. А нэхъыжьыфIхэм я щапхъэм тету, ахэр я гъуэгугъэлъагъуэу мэпсэу зы анэ къилъхуахэм къащIэхъуэ щIэблэр. Къумахуэ зэрыбыным я цIэхэр лъэпкъ тхыдэм къыхэнащ. Абыхэм а вагъуэм уафэ джабэм щидз нурыр зэрынэхум хуэдэу, зэрахьа лIыгъэри зэманым фагъуэ зэи дэхъунукъым.

ТАМБИЙ Линэ.

 

Поделиться:

Читать также: