Календарь событий

18 ноября 2026

ЩхьэкIуэ

ГъащIэм къыщыхъуа Iуэхугъуэхэр лъабжьэ зыхуищIа тхыгъэхэр и мащIэкъым тхакIуэ ХьэIупщы МуIэед. Пэжыр жыпIэмэ, апхуэдэ тхыгъэхэр гум нэхъ дыхьэу, гъащIэм нэхъ куууэ ухагъаплъэу щытщ. ХьэIупщым и «ЩхьэкIуэ» новеллэри абыхэм ящыщ зыщ.

Iэбу и куэщIым башыр илъу тутей жыгыжьым и лъабжьэм щIэст, щхьэкIуэ къэзыкIухь шур щыдыхьам. И ныбжьым хуумыгъэфэщэну, ар псынщIэу къызэфIэуващ, шу мыцIыхум щтэIэщтаблэу еплъу. ЛIыжьым и гур жат сымаджэщым хьэлъэу щIэлъ ипхъу закъуэм деж.

Экспортный совет и инвест.декларация - изменения

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж НэгъуэщI къэралхэм сату ядэщIынымкIэ щыIэ советым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 11-м къыдигъэкIа Указ №165-УГ-мкIэ зэхашам, хэтхэмрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Инвестицэ декларацэр къэщтэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм гъатхэпэм и 31-м Iэ зыщIидза Указ №31-УГ-мрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Хъыбархэр

Лэжьыгъэхэм пащэ

«ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Дзэлыкъуэкъуажэм и курыт еджапIэ №2-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж. Дзэлыкъуэ щIыналъэм и школхэм ар я нэхъ ин дыдэщ, ухуэныгъищу гуэшауэ къуажэм и щIыпIэхэм щхьэхуэ-щхьэхуэу дэтщ, псори зэхэту сабий 1200-м щIигъу щоджэ.

Къафэ лIэужьыгъуэхэр

Лъэпкъ къафэхэр, зэдэжэныр, шыгъажэр, Iэпщэрыбанэр, мывэ е гъущI зэдэдзыныр, шыгъэуджыр, зэбэныныр, хьэлъэ къэIэтыныр къыдогъуэгурыкIуэ адыгэм. А псоми я фIыгъэкIэ ди адэжьхэм я ныбэр къежьауэ плъагъунутэкъым, псори къудант, щхьэпэлъагэт, Iэпкълъэпкъ быдэт. Абыхэм я щIэинрэ щэнхабзэм и унэтIыныгъэ гъэфIауэ къытхуэнар къафэрщ.

Адыгагъэ, цӀыхугъэ, хабзэ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм къызэщIиубыдэ хэгъэгу хасэхэр Урысейм адыгэ зэрыс и щIыналъэ псоми щолажьэ. Абыхэм ящыщщ Ставрополь къалэм щызэхэт «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрыр. Ар къызэрызэIуахрэ Ставропольем Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгэ Республикэм щыщу Ставрополь щеджэу, щылажьэу дэсыр, щыпсэухэр къокIуалIэ. 2011 гъэ лъандэрэ, цетрым и тхьэмадэщ Шыбзыхъуэ Юрэ, 2018 гъэм щегъэжьауэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм хэтщ. КъищынэмыщIауэ, Ставрополь крайм и губернаторым и нэIэм щIэту къалэ администрацэм щылажьэ Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ советми хагъэхьащ «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрыр.

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 18, бэрэжьей

♦1917 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, политик цIэрыIуэ, 1956 - 1985 гъэхэм КъБР-м и УнафэщIу щыта Мэлбахъуэ Тимборэ.

♦1928 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тыгъуэн Рашад.

♦1937 гъэм къалъхуащ журналист, тхакIуэ, АР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Багъ Нурбий.

УмыкIуэмэ, къэкIуэжынукъым

Гущэхэпхэ бэракъыр къызэрысхуагъэбыбым къигъэкъуэлъа си лъыр зэрагъэупщIыIуамкIэ гъунэгъухэм сахуэарэзыуэ, шэджагъуэ нэужьым Гришэ сыпежьащ. Я деж сыщIыхьэну сфIэемыкIут, сэлам зэтх щхьэкIэ, дызэкIэлъыкIуэртэкъым. Фызыжьым и закъуэт ди деж къакIуэр, ари сэ сыщыщIэмысхэм деж.

- НакIуэ, зыгуэр дедзэкъэнщ, - жиIащ езы щIалэм, сызэрыпэплъэр къыгурыIуэри. Бдзэжьей гуэри иIыгъщ, схуигъэжьэн тIэу еплъынукъым.

- СыноупщI хъуну, Расул? – къыщIедзэ, шэнтым сетIысэха къудейуэ. - Дауэ фи цIыхубзхэр зэрызэвгъэдаIуэр? Сыт яжефIэр, апхуэдэу пщIэ къыфхуащIын папщIэ?