Экспортный совет и инвест.декларация - изменения

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж НэгъуэщI къэралхэм сату ядэщIынымкIэ щыIэ советым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 11-м къыдигъэкIа Указ №165-УГ-мкIэ зэхашам, хэтхэмрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Инвестицэ декларацэр къэщтэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм гъатхэпэм и 31-м Iэ зыщIидза Указ №31-УГ-мрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж НэгъуэщI къэралхэм сату ядэщIынымкIэ щыIэ советым, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж НэгъуэщI къэралхэм сату ядэщIынымкIэ щыIэ советым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2018 гъэм щIышылэм и 25-м къыдигъэкIа Указ №7-УГ-мкIэ зэхашам, хэтхэм ятеухуа Положенэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж НэгъуэщI къэралхэм сату ядэщIынымкIэ щыIэ советым хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 11-м къыдигъэкIа Указ №165-УГ-мкIэ къищтам, хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн, мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

а) Советым хэгъэхьэн АфIэунэ А.А. - «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Хьэрычэт Iуэхухэр дэIыгъынымкIэ и центр» щIыналъэ фондым и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ);

б) Советым къыхэгъэкIыжын Жабеловэ А.Хь., Къуныжь М.А.

2. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Инвестицэ декларацэр къэщтэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм гъатхэпэм и 31-м Iэ зыщIидза Указ №31-УГ-м мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

а) 2-нэ пунктым хэт «Къуныжь М.А.» псалъэхэр «Говоров С.А.» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIын;

б) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Инвестицэ декларацэу а УказымкIэ къащтам:

1-нэ пунктым и япэ абзацым хэт «Урысей Федерацэм 2030 гъэ пщIондэ, апхуэдэу 2036 гъэм нэсыху Урысей Федерацэм зегъэужьынымкIэ унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм я IуэхукIэ» Урысей Федерацэм и Президентым 2020 гъэм бадзэуэгъуэм и 21-м къыдигъэкIа Указ №474-мкIэ» псалъэхэр «Урысей Федерацэм 2030 гъэ пщIондэ, апхуэдэу 2036 гъэм нэсыху Урысей Федерацэм зегъэужьынымкIэ унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм я IуэхукIэ» Урысей Федерацэм и Президентым 2024 гъэм накъыгъэм и 7-м къыдигъэкIа Указ №309-мкIэ» псалъэхэмкIэ;

2-нэ пунктым и «б» пункт къуэдзэм и япэ абзацым хэт «къэралым и гъэзэщIакIуэ органхэм» псалъэхэр «гъэзэщIакIуэ органхэм» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIын;

 3-нэ пунктым:

«а» пункт къуэдзэм хэт «70» бжыгъэхэр «60» бжыгъэхэмкIэ зэхъуэкIын;

«б» пункт къуэдзэм хэт «120-рэ» бжыгъэхэр «100» бжыгъэхэмкIэ зэхъуэкIын;

«в» пункт къуэдзэм хэт «52,9-рэ» бжыгъэхэр «94,9-рэ» бжыгъэхэмкIэ зэхъуэкIын;

«г» пункт къуэдзэм хэт «инфляцэм нэхърэ мынэхъ лъахъшэу» псалъэхэр хэгъэкIын;

5-нэ пунктым хэт «къэралым и гъэзэщIакIуэ органхэм» псалъэхэр «гъэзэщIакIуэ органхэм» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIын;

6-нэ пунктым и етхуанэ абзацым хэт «къэралым и гъэзэщIакIуэ органхэм» псалъэхэр «гъэзэщIакIуэ органхэм» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIын;

8-нэ пунктым:

етIуанэ абзацыр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу къэхьын:

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и валовэ щIыналъэ продуктыр 2025 гъэм сом мелард 392,6-рэ хъууэ къалъытащ, ипэ ита илъэсым проценти 106,3-кIэ хуэкIуэу»;

еханэ абзацым хэт «17,3-рэ» бжыгъэхэр «20,7-рэ» бжыгъэхэмкIэ зэхъуэкIын;

ебланэ абзацым хэт «процент 21,3-рэ икIи 2021 гъэм ирихьэлIэу метр зэбгъузэнатIэ мин 500,4-рэ хъуащ» псалъэхэр «процент 22,1-рэ икIи 2025 гъэм ирихьэлIэу метр зэбгъузэнатIэ мин 610,8-рэ хъуащ» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIын;

9-нэ пунктым и еплIанэ абзацыр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу къэхьын:

«Урысей Федерацэм и Правительствэм «Инфраструктурэм пыщIа проектхэр (Iуэхухэр) зэрагъэзэщIэну мылъкур зыхуаутIыпщынухэр къыхэхыным (арэзы техъуэным) икIи къэрал бюджетым къыхэкIыу Урысей Федерацэм хыхьэ щIыналъэхэм я бюджетхэм инфраструктурэм пыщIа проектхэр (Iуэхухэр) ирагъэзэщIэн папщIэ зэрыхуаутIыпщ хабзэр къэщтэным, апхуэдэу къыхаха (арэзы зытехъуа) инфраструктурэм пыщIа проектхэм (Iуэхухэм) зыхуэфащэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным, Урысей Федерацэм и Правительствэм ЩIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и Положенэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» 2021 гъэм бадзэуэгъуэм и 14-м къыдигъэкIа унафэ №II89-м ипкъ иткIэ къыхах (арэзы тохъуэ) инфраструктурэм пыщIа проектхэр (Iуэхухэр), иужькIэ ахэр ирагъэзэщIэн папщIэ къэрал бюджетым къыхэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым мылъкур къыхуаутIыпщ»;

11-нэ пунктым:

япэ абзацым хэт «Къэралым и гъэзэщIакIуэ органхэм» псалъэхэр «ГъэзэщIакIуэ органхэм» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIын;

«в», «ж» пункт къуэдзэхэм хэт «къэралым и гъэзэщIакIуэ органхэм» псалъэхэр «гъэзэщIакIуэ органхэм» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIын;

12-нэ пунктым хэт «къэралым и гъэзэщIакIуэ органхэм» псалъэхэр «гъэзэщIакIуэ органхэм» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIын;

17-нэ пунктым хэт «Къэралым и гъэзэщIакIуэ органхэм» псалъэхэр «ГъэзэщIакIуэ органхэм» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIын;

19-нэ пунктым:

етIуанэ абзацым хэт «къэралым и гъэзэщIакIуэ органхэм» псалъэхэр «гъэзэщIакIуэ органхэм» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIын;

ещанэ абзацым хэт «къэралым и гъэзэщIакIуэ органхэм» псалъэхэр «гъэзэщIакIуэ органхэм» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIын;

ебгъуанэ абзацым хэт «Москва Индустриальнэ банк» акционер зэгухьэныгъэм и Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэ управленэм и къудамэу Налшык къалэм щыIэм и щIыналъэ управленэм и операционнэ офисым и управляющэр» псалъэхэр «Промсвязьбанк» акционер зэгухьэныгъэм Ставрополь щиIэ къудамэм и «Къэбэрдей-Балъкъэр» офис щхьэхуэм и щIыналъэ унафэщI» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIын;

епщIанэ абзацым хэт «къэралым и гъэзэщIакIуэ органхэм» псалъэхэр «гъэзэщIакIуэ органхэм» псалъэхэмкIэ зэхъуэкIын;

3. Мы Указым къару егъуэт ар официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек

Налшык къалэ

2026 гъэм щэкIуэгъуэм и 12-м

№118-УГ

Поделиться: