|
|
Календарь событий
20 ноября 2026
20 ноября, 2026 - 17:48
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и транспорт IэнатIэм и лэжьакIуэхэмрэ и ветеранхэмрэ!
20 ноября, 2026 - 16:46
Москва щагъэлъагъуэ «Урысейм и лъэпкъхэр. Адыгэхэр» выставкэр. Адыгэхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ теухуа гъэлъэгъуэныгъэр ягъэхьэзыращ Москва и Къэрал тхыдэ музеймрэ Адыгэ Республикэм и Лъэпкъ музеймрэ. Ар траухуащ Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым икIи ягъэзащIэ УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр, Адыгейм и сенаторхэр я дэIэпыкъуэгъуу.
20 ноября, 2026 - 15:55
ГеографиемкIэ XII дунейпсо диктантыр щэкIуэгъуэм и 22-м щатхынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым. А Iуэхугъуэм и жэрдэмщIакIуэщ Урысей географие зэгухьэныгъэм ди щIыналъэм щиIэ къудамэр. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым диктантыр щIыпIи 100-м щатхынущ, псори зэхэту цIыху мини 4-м нызэрыхьэс цIыху хэтынущ. Географие диктантыр щекIуэкIынущ КъБР-м и щIыналъэхэми къалэхэми. Диктантыр ятхынущ КъБКъУ-м географиемкIэ и къудамэм и егъэджакIуэхэм, щIэныгъэлIхэм, студентхэм, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм щылажьэ егъэджакIуэхэм.
20 ноября, 2026 - 14:55
ЩэкIуэгъуэм и 20, мэрем
Сабийм и дунейпсо махуэщ
Сабий дохутырым и дунейпсо махуэщ
1942 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Габуние Зинаидэ.
1946 гъэм къалъхуащ КъШР-м, АР-м щIыхь зиIэ я журналист, «Къэрэшей-Шэрджэс» КъТРК-м и адыгэ къудамэм и унафэщIу щыта ЩакIуэ Мусалий.
20 ноября, 2026 - 14:31
Дызэрыщыгъуазэщи, зэман жыжьэ дыдэхэм къыщожьэ псэущхьэхэм я гъащIэр цIыхухэм ди IэмыщIэ зэритлъхьэжрэ. Догупсыс мыпхуэдэу: зым и фэр зэрыдахэм, адрейм и лыр зэрыIэфIым, нэгъуэщIхэр дэркIэ шынагъуэу е зэран къытхуэхъуу къызэрытлъытэм къыхэтхыу, ящыщ дэтхэнэри дыукIынкIэ хуитыныгъэ диIэ хуэдэу.
20 ноября, 2026 - 14:30
Лъэпкъ литературэмрэ щэнхабзэмрэ езэш имыIэу хуэлэжьащ КIурашын БетIал. Абы и IэдакъэщIэкIхэр фIым ухуэзыущийщ, лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэр къэзыгъэлъагъуэщ икIи зыхъумэщ. ЖыпIэнурамэ, къызыхэкIа лъэпкъым псэ хьэлэлкIэ хуэлэжьа цIыхущ. Адыгэм и зэфIэкIыр лъагэу зэриIэтынум хущIэкъурт, езыр гушхуэрэ псэ къабзэрэ зиIэт. КIурашын БетIал зыдэлэжьахэм ящыщщ телевиденэм и режиссеру лэжьахэу Дэбагъуэ Раерэ Шэрджэс Мухьэмэдрэ. А лIы щыпкъэм теухуауэ абыхэм ягу къагъэкIыж.
20 ноября, 2026 - 14:26
Феодализмэм хабзэ хуэхъуа и зэныкъуэкъуныгъэхэр хыумыбжэмэ, мамлюк дзэзешэхэм фIэщхъуныгъэ яхэлъу Мысырым я лъэр щагъэбыдэрт. Ар къызыхэкIым и щхьэусыгъуэр мырат: ахэр Нил Iуфэ къэкIуатэкъым хамэщI къаубыдын мурадкIэ дзэ къашэу хьэмэ абы ис лъэпкъхэр Кавказ жыжьэм щыпсэу адыгэхэм я фейдэ папщIэ яхъунщIэну. Ахэр къэкIуатэкъым мыбы Камбиз зи пашэ къэжэр зэрыпхъуакIуэхэм, Македонский Александр зи Iэтащхьэ алыджхэм, Сэлим Шынагъуэр зи дзэзешэ тыркухэм хьэмэ Наполеон зи унафэщI франджыхэм ещхьу... Езыхэм я фIэфIыныгъэкIэ ахэр Мысырым къыщыхутакъым. Кавказым пызыщIэ псори абыхэм трахат.
20 ноября, 2026 - 14:13
«ГъащIэ кIыхь икIи купщIафIэ» лъэпкъ пэхуэщIэм пкъ иткIэ Бахъсэн районым и Къулъкъужын Ипщэм амбулаторэщIэ щаухуэ. НобэкIэ лэжьакIуэхэм унэ лъабжьэр яIэтауэ блынхэр дращIеиным иужь ихьэнущ.
Къуажэм сымаджэщыщIэ зэрыщыухуэн хуейрэ куэд щIат. Иджырейр щаухуар 1936 гъэрт, жьы хъуат икIи цIыхухэм абы щыхуащIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр иджырей мардэхэм къитIэсэжыртэкъым. А псом нэмыщI, иужьрей илъэс 50-м зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкIакъым сымаджэщым.
20 ноября, 2026 - 14:11
Урысей Федерацэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, къэралым и щIыналъэхэм псоми зэхэту дагъэ къызыщIаху мэкъумэш къэкIыгъэхэр зыхащIам и процент 93-м нэблагъэм ар щызэщIакъуэжащ нобэкIэ икIи тонн мелуан 35,4-рэ хъуащ.
ЗэкIэ къызэрабжамкIэ, хэхъуэ нэхъыбэ къэзытар сэхуранырщ – тонн мелуан 19-м щIигъу е процент 27,9-кIэ нэхъыбэ. Рапсу кърахьэлIэжащ тонн мелуани 6,8-рэ. Мыбдежым процент 17,3-кIэ хагъэхъуащ.
20 ноября, 2026 - 12:40
Зи щхьэ Iэзэу къэзыгъэпцIэжыфхэм я зэхьэзэхуэ ирагъэкIуэкIыу щытамэ, Локъан Данил зыри къыдигъэплъынтэкъым. Арат абы къыщыщIар щIыхуэфащэр. ИтIани, щхьэхуэу Алыхьым къигъэщIа Хъалид цIыкIу сыт и лажьэт, и адэшхуэм лейуэ зэрихьам и уасэр ипшыныжыну? Слъагъу зэрымыхъум хуэдэу, сигу щIэгъурт Сабринэ и дэлъхум. ЖызоIэри, къыщыщIар хуэфащэкIэ, хуэфащэт Данил, ауэ ар зи пащхьэм ис дэ гупым тхуэфащэтэкъым апхуэдэ IуэхукIэ зигу хэщIым дыщIэнэкIэнуи, анэмрэ сабиймрэ зэрымыгъуэтыжауэ зыдгъэпсэхунуи.
20 ноября, 2026 - 12:26
Шэуджэн Алан Сирием къиIэпхъукIыжа адыгэ щIалэщ, унагъуэ иIэщ, Налшык щопсэу. КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал аграрнэ университетым менеджментымкIэ и къудамэр къиухащ. И щIэныгъэм къыдэкIуэу IэщIагъи иIэщ цIыхухъум и щхьэц, жьакIэ-пащIэр зэкIуу зыщI лэжьакIуэщ. И щхьэгъусэ Даянэрэ езымрэ лъэпкъ макъамэхэр зэдагъэзащIэ «ШоКъу» дуэтыр къызэрагъэпэщауэ. Алан Хэкум, макъамэм, адыгэ дунейм теухуауэ и гупсысэхэр арэзы узыщIщ. ЩIалэм адэжь щIыналъэм къигъэзэжащ 2012 гъэм.
|